ГуащэхэрНэхъ пасэрей дыдэ гуащэхэр Египетым щащIауэ щытащ илъэс миниплI хуэдиз япэкIэ. Япэрей гуащэхэр тотем хуэдэу дин хуэIухуэщIэхэм къыщагъэсэбэпу щытащ. Ахэр къыхэщIыкIат хьэуазэм, пхъэм, мамонтым и къупщхьэм. Ди эрэм ипэкIэ IV-V лIэщIыгъуэхэм гуащэ къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ щхьэхуэу щыщытащ Пасэрей Алыджым. Алыдж гуащэхэм я нэхъыбэр терракотэм къыхэщIыкIат. Я Iэхэмрэ я лъакъуэхэмрэ кIапсэкIэ прагъэубыдэрт. Сордис къалэм гуащэхэр куэду къыщыщIагъэкIырт. Пасэрей Урымым и сату Iуэхум нэхъ щIэупщIэ зиIэ дыдэхэм ящыщт гуащэхэр. Марие пащтыхь гуащэм (пащтыхь Гонориус и щхьэгъусэм) и саркофагым къыщагъуэтыжауэ щытащ пыл къупщхьэм къыхэщIыкIа гуащэ гъэщIэрэщIа. XV-XVI лIэщIыгъуэхэм ирихьэлIэу гуащэхэр яхуапэу къаублащ. Гуащэ куэд къыщагъуэтыжауэ щытащ пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ. Античнэ лъэхъэнэм хъыджэбзхэм я гуащэхэр дэкIуэн хъуху яхъумэрти, унагъуэ щихьэнум ирихьэлIэу ахэр тхьэпэлъытэу яIэхэм хуахьырт. Урысейм гуащэхэр къыщыунэхуащ IX лIэщIыгъуэм, абыхэм щхьэкIэ «зэрызытрагъэу» жаIэрт. Ахэр къалъытэрт сабий къалъхуагъащIэхэм я нэтемыгъахуэу икIи сабий гъуэлъыпIэм ирагъэлът. Ику ит лIэщIыгъуэхэм Европэм къыщыунэхуащ чыристан гуащэ гъэлъэгъуэныгъэхэр. XVII лIэщIыгъуэм Франджым щащI хъуащ шэхум къыхэщIыкIа гуащэ цIыкIухэр. Абыхэм бзылъхугъэ балигъым и теплъэ яIэт. Гуащэхэм гъусэ хуащIырт модэм нэхъ щыцIэрыIуэ фэилъхьэгъуэхэм тращIыкIа щыгъынхэр. А илъэсхэм тохуэ фарфор гуащэхэм я зэманри. Шэхум къыхэщIыкIа гуащэхэри, къупщхьэм къыхэщIыкIахэри зезыхьэр бзылъхугъэ балигъхэрт. XIX лIэщIыгъуэм Европэм къыщызэIуахащ зэрыджэгу хьэпшыпхэр, нэхъыбэу гуащэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэ. Абы щыгъуэ гуащэхэр зэрыджэгу хьэпшып къудейтэкъым, куэдым я дежкIэ ар сабиигъуэр ягу къэзыгъэкIыж хьэпшып лъапIэт. ЩыIэт гуащэхэр зэхуэзыхьэсыну зыфIэфI бзылъхугъэхэр. XIX лIэщIыгъуэм щыгъуи гуащэхэр егъэлеяуэ лъапIэт, ар зыIэрызыгъэхьэфыр нэхъ къулейхэрт. Гуащэ щIыным къыщыбгъэсэбэп хъу папье-маше Iэмалыр къэунэхуа нэужь, гуащэхэм я уасэр ехуэхащ. Къэунэухащ гуащэ зекIуэхэр, гъыхэр. 188 гъэм Мезель Йохан япэу къыдигъэкIащ псэлъэф гуащэхэр. XIX лIэщIыгъуэм гуащэхэр къыщIагъэкI хъуащ промышленнэ IэмалкIэ. XX лIэщIыгъуэм гуащэхэр пластикым къыхащIыкIырт. Иджырей гуащэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Ахэр ящIыф псалъэуи, уэрэд жаIэуи, къафэуи, гъыуи, гуфIэуи. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 12:12 →
Щэнхабзэ зэщIэхъееныгъэм я гъуазэт
14.08.2026 - 15:44 →
Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр
14.08.2026 - 13:43 →
Ар цIыху телъыджэт
13.08.2026 - 14:53 →
Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ
11.08.2026 - 14:34 →
«Кинор си лъагъуныгъэщ»
| ||




