КъБР-м щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм щIалэгъуалэр лIыхъужьхэм я лIыгъэм, хэкупсэу къэхъуным щыщIапIыкI. IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ илъэсипщI зэрырикъур ягъэлъэпIащ иджыблагъэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и Ветеранхэм я советым и унафэщI, полковник Думай Борис и жэрдэмкIэ музейр къызэIуахауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу. Музейм щахъумэ къэралым къикIуа гъуэгуанэм и напэкIуэцIхэм щыщ, мыхьэнэ зиIэ къэхъугъэ инхэм ятеухуахэр, республикэр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэм, лIыхъужьхэм я фэеплъхэр. ПщIэрэ щIыхьрэ зиIа ветеранхэм я гъащIэр щапхъэщ щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъунымкIэ, гъэсэныгъэ дахэ абыхэм етынымкIэ. Абы и фондым хэлъ хьэпшыпхэм махуэ къэс къыхагъахъуэ.
IуэхущIапIэр зэрылажьэ илъэсипщIым къриубыдэу абы зыщаплъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу, Кавказ Ищхъэрэм и хьэщIэ цIыху мин бжыгъэхэм. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу музейм къыщызэрагъэпэщащ зэхыхьэ пщIы бжыгъэхэр. ДяпэкIи къапэщылъщ зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, къэхутэныгъэхэр, зыплъыхьакIуэхэр, музейм зегъэужьынымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэри къызэщIиубыдэу.
«Урысей МВД-м и ветеран» журналым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым иджыблагъэ къытехуащ Налшык къалэм и ОВД-м и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, милицэм и полковник КIэрэф Борис и «Незабытые имена» тхыгъэр. Ар теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрым и милицэм и лэжьакIуэ пажэхэмрэ Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ ягу къыщагъэкIыжа зэхыхьэр зэрекIуэкIам. Абы ирагъэблэгъащ Хэкум и хъумакIуэхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я щIэблэр. Абыхэм музейм тыгъэ хуащIащ я нэхъыжьыфIхэм къащIэна хьэпшып лъапIэхэр, сурэтхэр, дэфтэрхэр.