Мы тхыгъэм щызэхуэтхьэсащ зи псэм и къабзагъым елIалIэхэм папщIэ чэнджэщхэр.
Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и деж цIыху гуэр къэкIуащ, и гъусэу Iэпхъуэу, Алыхьталэм папщIэ гугъу зригъэхьын мурад иIэу.
- Уи адэр е уи анэр псэу? – къеупщIащ абы ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар.
- ТIури псэущ.
- Алыхьым и деж псапэ къыщыпхьыну ухуейуэ ара?
- Арат.
- НтIэ, уи адэ-анэм я деж гъэзэжи, абыхэм фIыуэ яхущыт, - жриIащ щIалэм Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам.
* * *
Йеменым щыщ щIалэ гуэрым и анэр и щIыбыкум ису Мэккэ нэс ихьат. Чабэм деж абы Алыхьыр арэзы зыхуэхъун хъалиф Умар къыщыхуэзащ.
- Си анэм и щIыхуэр иджы стекIыжа? – еупщIащ хъалифым щIалэр.
- ПтекIыжакъым.
- Дауэ? Си щIыбыкум ису къэсхьащ, сыхуэпщылIащ, схуэпащ, андез щищтэм сыдэIэпыкъуащ, зезгъэгъэкъэбзащ…
- А псори уэ дунейм укъыщытехьэм уи анэм къыжьэдэкIа зы щэIу закъуэм пэкIуэркъым.
* * *
«Сэ абы нэхърэ сынэхъыфIщ» гупсысэр кIуэдыжыпIэ зыхуэхъуа шейтIаным и ныпым щIэт хуэдэщ шыIэныгъэм и бий иджырей лъэхъэнэр. Ауэ щыхъукIэ, ди япэ ита ди лъэпкъэгъухэр зылъэгъуахэм къыхагъэщырт абыхэм нэм зыкъыфIагъэнэн хьэл далъагъуу зэрыщымытар. ЗыгъэпIииным цIыхум и фIэщхъуныгъэр зэрыримыгъэфIакIуэм теухуащ шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор и хъутIбэри.
«Аллахьу Тэхьалам къытхуищIахэм, фIыгъуэуи къыдбгъэдилъхьахэм дегупсысыжмэ, Абы фIыщIэ хуэдмыщIынкIэ, щытхъуи къыхуэдмыхьынкIэ Iэмал иIэкъым. ФIыгъуэхэр Iэджэуи зэхедзыж, ауэ абыхэм нэхъ ин дыдэу яхэтыр мы дин дахэм уи гур къыхузэIуихынырщ, абы иужькIэ а диным ухуэпэжу мы дунейм утригъэтынырщ. ГъащIэм зыгуэр щхьэкIэ уи щхьэр щыпIэт, зыгуэркIэ зыбгъэщIагъуэ щыхъуххэнумэ, ар фIэщхъуныгъэ дахэ зэрыпхэлъырщ. Ауэ апхуэдэ насып зритам зэи зигъэщIэгъуэнукъыми, зыхэIэтыкIыныр цIыху мыгъэсахэм я хьэлу къонэж.
Мылъку зиIэм мылъкуншэр ауан ищIыныр, къулыкъу зыбгъэдэлъым цIыху къызэрыгуэкIыр зримыпэсыныр къызыхэкIыр цIыхум и акъылыр зэрыкIэщIырщ, жыжьи зэрымыгупсысэрщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мылъкури къулыкъури чэзущ икIи къакIуэ-кIуэжщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жэнэт Iыхьлы хъунухэм ятеухуауэ жиIэгъащ: «Ар тегушхуэгъуафIэ ящI, япэ къэс къарууншэрщ, Алыхьталэм лъэIукIэ зыхуигъазэмэ, къыхуимыщIэнкIэ Iэмал имыIэу». Жэхьэнмэ Iыхьлыхэм ятеухуауи мыр жиIащ: «Ар дэтхэнэрей цIыху пхъашэжьрэ нэпсеижьу пагэныгъэ зыхэлъырщ!»
Ахърэтым ипэ къихуэуи, дунеягъэкIи зыщIыпIэ нэхъ нэсыр зызыгъэпIийхэракъым, атIэ зи щхьэ ехьэхауэ, Iуэху дахэ зыщIэу мы дунейм тетхэращ. Езыхэр дымылъэгъуами, я хъыбар куэдрэ зэхэтхыу, я цIэр куэдрэ жытIэу, я тхылъхэми деджэу. Езыхэр нобэ мыпсэужми, псэум хуэдэу къытхэту, сыту пIэрэт абыхэм я Iуэхум щэхуу хэлъыр, жытIэу, дызэупщIыжу. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъа куэдым я цIэр тхыдэм хэгъуэщэжащ, я тхылъхэри щIым щIэкIуэдэжащ, ауэ абыхэм я щIэныгъэр мыкIуэдыжу цIыхум къахуэнащ, я цIэри ящымыгъупщэжу я жьэм къыжьэдэнащ. Абы зы щэху гуэр хэлъщ.
Ибн Iэл-Мубарэк жеIэ: «Малик хуэдэу зи пщIэр лъагэ хъуа цIыху слъэгъуакъым сэ. Къапщтэмэ, и псапэ нэмэзкIи и псапэ нэщIкIи адрейхэм къахэщыртэкъым ар. Зы щэху гуэр и Iуэхум хэмылъамэ, сщIэркъым зыхуэсхьынур».
Сыт-тIэ а щэхум къикIыр? Алыхьым нэхъ ещIэри, щэхуу апхуэдэ цIыхухэм ябгъэдэлъар: Езы Алыхьым фIэкIа къадимыщIэу, я гур къабзэу IуэхуфIхэр зэралэжьарщ, Абы къаритыжыну псапэм фIэкIа щымыгугъыу Iуэхум зэрыбгъэдыхьахэрщ. Пэжращи, цIыхум и гум и къабзагъым куэд иIыгъщ. ЦIыхур Алыхьым дежкIэ лъапIэ щызыщIри Абы и пащхьэм щызыгъэпудри и гум илъырщ. ЦIыхухэр уэ къэбгъэлъагъуэм теухуауэ къыбдекIуэкIмэ, Алыхьыр къызэрыбдекIуэкIыр цIыхум ямылъагъуу уи гумкIэ бгъэв гупсысэхэрщ. НеткIэ дызэджэри аращ. Абы и мыхьэнэр икъукIэ зэрыиным къыхэкIкIэ, щIэныгъэлI куэдым я тхылъым пэублэу хуащIар Нетым ехьэлIауэ къэкIуа хьэдисырщ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дэр щхьэкIэ нэхъыбэ дыдэу щIэгузэвар фэрыщIагъым и Iуэхурт, «ширк цIыкIу» зыфIащари арат: «ЦIыхухэм ялэжьам пэкIуэр ягъуэтыжа нэужь, Алыхь Лъэщу Лъагэм фэрыщIагъ зыхэлъахэм захуигъэзэнурэ жиIэнущ: «ДунеягъэкIэ зызыхуэвгъэфэрыщIахэм я деж фыкIуи, зыгуэр къыватыжыфмэ, феплъ!»
Дэтхэнэ зыри дызэупщIыжын хуейщ мыпхуэдэу: уа мы злэжьым зыгуэр къикIыу пIэрэ? Уа мы си лэжьыгъэм фэрыщIагъ гуэр хэмылъу пIэрэ? Уа мыр къабылу сIахыну пIэрэ хьэмэрэ си нэгум кърадзэжыну пIэрэ? Абы нэхърэ нэхъ насыпыншагъэ щыIэ: цIыхум нэмэзкIи, нэщIкIи, сэдэкъэкIи гугъу зригъэхьауэ, и гъащIэ псоми «муслъымэнышхуэу дунейм тетащ» зыхужаIэхэм хуэдэу псэуауэ, ауэ и лэжьыгъэр псори фэрыщIагъыу зэхэлъу, цIыхум я фIыщIэ къилъыхъуэуи дунейм тетауэ къыщIидзыжыну.
ЦIыхур и акъылкIэ е и щIэныгъэкIэ зэрытхьэмыщкIэращ ар къызыхэкIыр. Армырамэ, абы ищIэу хъуар Алыхьым и цIэкIэ гу къабзэу щищIэм деж, щытхъури фIыщIэри цIыхухэм я жьэм Алыхьым къыжьэделъхьэ. Алыхьым хуэгъэзаращ къэнэжынур, адрейхэр псори е кIуэдыжынущ е цIыхум и щхьэ къихуэжынущ. Алыхьым нэхъыфIкIэ дыщывгъэгугъ дэтхэнэ зыри! Ди гур Алыхьым тхуиугъэкъабзэ, дифI зыхэлъми ди гупсысэр хуиушэ, дунеягъэкIи АхърэткIи фIыгъуэр къыдбгъэдилъхьэ!»