Май районым хыхьэ Александровскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм 1960 гъэ лъандэрэ щолажьэ музей. Илъэси 187-рэ ипэкIэ яухуа станицэм щыпсэухэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэр, лъапIэныгъэхэр щызэхуэхьэсыжа IуэхущIапIэм щIэблэр щэнхабзэм, хэкупсэу къэхъуным щыщIапIыкI. Абы и унафэщIыр Горбулинская Кулистанэщ.
Музейм и пэшхэм ящыщ зым щIэлъщ тхыдэ къэхъугъэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэж хьэпшыпхэмрэ сурэтхэмрэ. Ахэр зэхуахьэсащ станицэм дэс бзылъхугъэхэм я жэрдэмкIэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а Iуэхум и ужь ихьауэ щытащ Саламатовэ Надеждэрэ Гагорулькэ Мариерэ. Дунейм ехыжа а цIыхубзхэм я фэеплъыр станицэдэсхэм яхъумэ, ирагъэжьа Iуэху дахэм нобэр къыздэсым пащэу. ЦIыхухэм я пкIэунэхэмрэ щIыунэхэмрэ къыщагъуэтыж пасэрей хьэпшып лъапIэхэр иджыри музейм тыгъэ хуащI. Апхуэдэу щIыналъэм и тхыдэр хъумэным, щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуащI.
Тхыдэм уриплъэжмэ, Александровскэ станицэм и партым и 22-нэ съездым и цIэр зезыхьэ совхозыр щызэхэтам, музейр абы и IэмыщIэ илъу щытащ. Абы и унафэщIу щытар Вербовская Галинэщ. Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, музейм и лэжьыгъэр зэман кIыхькIэ къызэпыуда хъуащ. Илъэс 22-кIэ узэIэбэкIыжмэ, ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм ар къагъэщIэрэщIэжащ.
Музейр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхащ: Хэку зауэшхуэм, станицэмрэ абы щыпсэухэмрэ я тхыдэр, крахмал заводым теухуа плIанэпэр, сурэтхэр щIыгъужу. IуэхущIапIэм хьэпшып минитIым щIигъу щахъумэ. Псом хуэмыдэу лъапIэщ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм къыхуагъэфэща орденхэмрэ медалхэмрэ.
Станицэм щыпсэу Быковэ Екатеринэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я цIэ-унэцIэхэр зытет IэлъэщI 30 хидыкIри, 1990 гъэм музейм тыгъэ хуищIащ, зы IэлъэщIым лIыхъужь зытIущым я цIэ къыщыхьауэ.
Илъэс 200 ипэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэхэм ятеухуа, зэманым фагъуэ ищIа дэфтэрхэр абы щахъумэ. Музейм щагъэуващ XX лIэщIыгъуэм щыIа совет фэтэрхэм я теплъэр. Абы щIэтщ гъущI хъар натIэ зиIэ, щхьэнтэ гъэбырыба зыбжанэ зэрылъ гъуэлъыпIэ. Абы пэгъунэгъуу блыным фIэлъщ щыхьым и сурэт зытет алэрыбгъур, а зэманым пэш блыныр зыгъэхуабэу щытауэ къалъытэр. КъинэмыщIауэ, пэшым патефонрэ фэилъхьэгъуэхэр зыдэлъ сындыкурэ щIэтщ.
Станицэм щыпсэу нэхъыжьи, нэхъыщIи, щIыпIэм и хьэщIэхэри музейм щIэх-щIэхыурэ макIуэ. Александровскэ станицэм щыпсэуауэ Iэпхъуахэм абы къыщалъыхъуэж я нэхъыжьхэм ятеухуа дэфтэрхэр, хъыбархэр, сурэтхэр.
Музейр хьэпшып хъумапIэ къудей мыхъуу, щIэблэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ щрат IуэхущIапIэщ. Абы щекIуэкI зэхыхьэ щхьэпэхэм, лъахэхутэ сыхьэтхэм, фэеплъ махуэхэм, пшыхьхэм еджакIуэхэр ирагъэблагъэ. Пасэрей хьэкъущыкъухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ныбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящохъу, блэкIам, тхыдэм, щэнхабзэ щIэинхэм зыщыщагъэгъуазэкIэ.
IуэхущIапIэм щолажьэ «Си станицэ» лъахэхутэ клубыр. Музейм екIуалIэхэм гъэщIэгъуэн ящохъу абы и лэжьыгъэхэри. ХьэщIэхэм ящыщ куэд а клубым хыхьащ. Абы и фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэм я щIыналъэм и тхыдэр зрагъащIэ. Абы къаIуэтэж хъыбархэр Интернет напэкIуэцIхэм щызэхуахьэс.