Ефэнды Джылахъстэн и «Браво, Кабардинка!» тхылъым ит гукъэкIыжхэм щыщ Iыхьэ зэддзэкIащи, ди гуапэу фи пащхьэ идохьэ.
… Джербэ хытIыгур - туристхэм фIыуэ ялъагъу щIы кIапэщ. Мыбы мэжджыт куэд дэтщ, хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмри щымащIэкъым. А псом къадэкIуэу, абы IэпщIэлъапщIагъэм фIыуэ зыщиужьащ: алэрыбгъухэр щащI, дыщэми ятIагъуэми хьэпшып зэхуэмыдэхэр къыщыхащIыкI. ДэркIэ хытIыгур телъыджэт. Абыи концерт гукъинэж щигъэлъэгъуащ «Кабардинка» ансамблым. Псори зэхэту Тунис Республикэм тхьэмахуэкIэ щыIащ ансамблыр, Габес, Сфакс, Сусс, нэгъуэщI къалэхэми концерт щитащ. «Рус!», «Совьет!», «Кавказ!», «Кабардино-Балкария!» жаIэу, дэнэкIи дыщаIэтырт, ди пшыхьхэм цIыхухэр пэплъэрт, газетхэм тхыгъэшхуэхэр «Кабардинка»-м траухуэрт. ДыщэкI ФатIимэ, Уэрэзей Лидэ, Ашуров Подацур, Къуэдз Михаил, Сэхъу Борис, Новиков Геннадий сымэ я макъамэм игъэдымырт концерт пэшхэм къекIуалIэхэр, апхуэдиз Iэзагъ ябгъэдэлът къэфакIуэхэми. ... Ансамблыр щыхьэщIащ Сусс къалэм и губернатор Шешиа Аморэ и деж. Ар хьэлэмэту къытхутепсэлъыхьащ езым и лъахэм, апхуэдэ дыдэуи фIэгъэщIэгъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэм щIэупщIащ, ди щэнхабзэ, экономикэ Iуэхухэр зыхуэдэр зригъэщIащ...
Ливием и къалащхьэм щэкIуэгъуэм и 30-м дынэсащ. Триполи и кинотеатр нэхъыфI дыдэ «Ваддане»-м ансамблым концерт щитащ дыгъэгъазэм и 1-м. ЦIыху 500-м я Iэгуауэмрэ щытхъумрэ къалъысащ къэфакIуэхэм а пщыхьэщхьэм. Къыхэзгъэщынщи, гъуазджэм дихьэхыу ди пшыхьым къекIуэлIам я нэхъыбэр американхэмрэ европейхэмрэт. «Кабардинка»-м зыкъыщигъэлъэгъуащ Триполи километр 60-кIэ пэжыжьэу, губгъуэ нэщI хуабэвэхым къалэ щызыухуэ болгархэмрэ хьэрыпхэмрэ папщIэ. «Кабардинка»-м и иужьрей концертыр Триполи щигъэлъэгъуэжащ.
ЛъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, гупым къикIуа гъуэгуанэм иджыри зэ къытригъэзэжыфыну къыпщыхъурт, къэфакIуэхэри музыкантхэри жанти. ИтIанэми, махуэ 55-кIэ къалэ 29-м концерт 52-рэ щыптыныр лэжьыгъэшхуэтэкъэ?!
1968 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м «Кабардинка»-м и къэфакIуэхэр Шереметьевэ-2 аэропортым телъэтыкIри, мазитIкIэ Африкэ Ищхъэрэм зыкъыщигъэлъэгъуащ. ИлъэсиплI дэкIри, а махуэ дыдэм техуэу, артистхэр Австралием лъэтащ.
1972 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м япэ лъэбакъуэхэр Австралием щытчащ. И япэ концертыр «Кабардинка»-м щитынур къалэ нэхъ инхэм щыщ Тасманиерт (Лончестон). Уафэгум уиту укъыщеплъыхкIэ, а хытIыгур псысэм ещхьу дахащэщ: щхъуантIагъэр куэду, псыежэххэр, бгыхэр, мэзхэр. А псор зэгъусэжу - жэнэтщ. ЦIыху дызыIущIахэри зэпIэзэрыт защIэу, гудзакъэ яIэу къыщIэкIащ, гъуазджэми къызэрымыкIуэу хащIыкIырт. Ар ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэт. Лончестоныр Австралием фIыуэ зызыужьа и къалэхэм ящыщщ, псом хуэмыдэу хьэрычэт Iуэхумрэ сатумкIэ.
... Жэпуэгъуэм и 26-м сыхьэт 20-м: Лончестон и «Принцесс» театрым цIыхур щIэзу къекIуэлIащ. Концертым щIидзэн ипэ, утыкум къихьащ къалэм и Iэтащхьэр, Австралием и премьер-министру щыта Гортон Джон, нэгъуэщIхэри. Иужьрейр кIыхьу къэпсэлъащ пшыхьым къекIуэлIахэм артист телъыджэхэр зэралъагъунур къыхигъэщу, къэфакIуэхэми ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуу. «Фэ нобэ флъагъунущ къафэ куэд, дахагъэм и щапхъэу. Сэ си дежкIэ пщIэшхуэщ Австралием къытхуеблэгъа «Кабардинка» ансамбль цIэрыIуэм и пшыхьыр къызэIусхыну», - жиIащ абы...
ЦIыхухэр щымщ. Ансамблым и оркестрым макъамэр ирешажьэ. Фащэ гъэщIэгъуэнхэр зыщыгъ хъыджэбзхэр, псым есу фIэкIа умыщIэну, утыкум къихьащ. КъыкъуэкIащ щIалэ къуданхэри. Теплъэгъуэм пэшым щIэсхэр зэщIиIэтащ, Iэгуауэшхуэхэр артистхэм хуаIэту. «Ислъэмейр», «Iэхъуэ къафэ», «Гандаган», «ЛIыжьхэр», «Кабардинка» къафэхэр цIыхухэм ягу зэрыдыхьар нэрылъагъут, дэтхэнэми тхуэрытхуэ къытрырагъэгъэзэжырт. Концерт нэужьым, къалэ музейм и лэжьакIуэхэм «Lion» клубым драгъэблэгъащ. Артистхэр ешами, бысымхэр ягъэщIэхъуакъым. Абдеж къыщытIущIэжащ Австралием и экс-премьер Гортони. Абы жиIат Совет Союзыр зригъэлъагъуныр зэрихъуэпсапIэр...
Лончестон концерти 10 ансамблым щигъэлъэгъуэнут, абыхэм я билетхэр куэд щIауэ зэбграхат. КъыкIэлъыкIуэу къытпэплъэрт Хобарт, иужькIэ Сингапур, Филиппинхэр. Гъатхэми ди гукъыдэжыр нэхъри къиIэтырт... Гукъинэ тщыхъуахэм ящыщщ «Пщы Соломон и бгъуэнщIагъым» дызэрыщыIар. Езы щIыуэпсым и «музейр» «уардэунэ» зэмыщхьурэ зыбжанэ мэхъу. БгъуэнщIагъ кIуэцIым и щхьэм зыщIагъэкъуауэ щытщ тхыпхъэ хьэлэмэтхэр къызыхэIущIыкIа колоннэхэр (языхэзым и ныбжьыр илъэс мин 42-м хуагъэкIуащ щIэныгъэлIхэм). Ди гъуэгугъэлъагъуэм къыджиIэж хъыбархэм дедаIуэу, набдзэгубдзаплъэу зыщытплъыхьу куэдрэ дыщIэтащ щIы щIагъым...
... Концерт нэужьым, Тасманием ГъуазджэхэмкIэ и цIыхубэ зэгухьэныгъэм зэхуэс хьэлэмэт тхузэхишащ. IуэхущIапIэм и секретарь Керслейк Мойджер гуапэу къытIущIащ. «Кабардинка»-м и Iэзагъыр хуэмыухыу тепсэлъыхьырт ар. ЦIыхушхуэ куэдым (30 - 40 хъун зы гупыфIым) даIуигъэщIащ абы а пщыхьэщхьэм. Яхэтт абыхэм драмэмрэ балетымкIэ артистхэри, гъуазджэм и лэжьакIуэ нэгъуэщIхэри. АрщхьэкIэ, бзэхэр фIыуэ зэрыдмыщIэм лъэпощхьэпо мымащIэ дыIуигъэуащ. Бзаджагъэм хуекIуат хьэмэ нэгъуэщIт, зыгуэр къызэупщIащ: «Сыт инджылызыбзэ щIумыщIэр?», - жиIэри. Сэри зызгъэмахэнт: «Уэ щхьэ умыщIэрэ урысыбзэр?» - стыжащ жэуапу. Си псэлъэгъур къикIуэтыну цIыхутэкъым. «Ар пэжщ, - жиIащ абы. - Ауэ инджылызыбзэр - ар Шекспир и бзэщ!». Уэ упагэмэ, сэ сыерыщкъэ, жыхуиIэращи, си псалъэм пызощэ: «Шекспир и IэдакъэщIэкIхэр уахътыншэщ. АрщхьэкIэ урысыбзэри къулейсызкъым. Ар Пушкин, Толстой сымэ я бзэщ!». Ауэрэ зызоплъыхьри, Аронов Евгений нэмыцэбзэ зыщIэ къилъыхъуэу къысIэщIолъагъуэ. Хамэ къэрал хъыджэбз гупым къаухъуреихьа Соттаев Къанщауэрэ КIэш Федяри зэдзэкIакIуэхэм дакъикъэ къэс зыхуагъэзэн хуей мэхъу. Зыми и дэIэпыкъуэгъу мылъыхъуэу, Шэбэзджэрий Рае, Токъу Тося, Жабоевэ Ленэ сымэ IэкIуэлъакIуэу бысымхэм епсэлъылIащ. Зэхуэс хьэлэмэт хъуат...
Хобарт и «Сити Холл»-м зыкъыщыщыдгъэлъэгъуар концерт программэхэм ятещIыхьауэ ямыухуами (утыкур цIыкIут, зыщыбгъэхьэзырын иIэтэкъым), ди артистхэм яхузэфIэкI къагъэнакъым. Концертым и япэ Iыхьэр иухауэ, штатым и губернатор Бастиан Эрик зыкъысхуигъэзащ. «Фи фIэщ фщIы, сэ мащIэкъым мы гъащIэм гъэщIэгъуэну щыслъэгъуар, ауэ а псоми йофIэкI нобэ «Кабардинка»-м дигъэлъэгъуа гъуазджэр», - жиIащ. «Iэхъуэ къафэр» плIэ, «Къафэр» тхуэ щрагъэгъэзэщIэжащ а пшыхьым ди артистхэм. Iэгуауэм лъэгуауэри дыщIыгъужу хобартдэсхэм егъэлеяуэ пщIэшхуэ ансамблым къыхуащIащ. Гулъытэншэ дищIакъым щIыпIэм къыщыдэкI «Меркурий» газетми. Абы тхыгъэ кIэщIхэри ансамблым и артистхэм я сурэтхэри щIэх-щIэхыурэ къытридзащ.
... Сингапурым щыIэ ди посольствэм и лIыкIуэ Безрукавников Борис зытегузэвыхьыр а къэралым «Кабардинка»-м и концертхэр зэрыщитыну щIыкIэм и закъуэтэкъым, атIэ артистхэм зэрызагъэпсэхунми гулъытэшхуэ къыхуищIырт. Сингапурым и журналистхэм я лъэIукIэ япэ махуэм пресс-конференцышхуэ зэхэтащ. Газетхэмрэ телевиденэмрэ я лэжьакIуэхэр зыщIэупщIэхэм хуэфэщэн жэуап ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ иратыфынтэкъэ!
Езы Сингапурым хуэдэу, и Лъэпкъ театрри зыми ещхьтэкъым. ЦIыху мини 3-м ятещIыхьа пэшым и ныкъуэм нэст щхьэ зытелъыр, адрейр уафэгум уиплъэу зэIухат. Концертым щIидзэным иджыри сыхьэт ныкъуэ иIэжу цIыхур уэру къекIуалIэу хуежьащ, щIэх дыдэуи театрым щIэз хъуащ. Пшыхьым къеблэгъат Безрукавниковыр, хьэрычэтыщIэ Мандыркин Ю.Г., Сингапурым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Сви Го Кенг, коммуникацэмрэ связымкIэ министр Лин Ёнг Ньюк, щэнхабзэмкIэ министерствэм и парламент секретарь Таддин Шарафудин бин, нэгъуэщIхэри. «Телъыджэщ!», - жаIэрт абыхэм. Плъыфэбэу зэщIэлыдэ Сингапур къалэри и IэзагъэкIэ къыдихьэхат «Кабардинка»-м.
1972 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м дынэсащ Филиппинхэм я къалэ нэхъыщхьэ дыдэ Манилэ. Сыт щыгъуи дахэу «Кабардинка»-м абы концертищ щитащ. Сыт хуэдиз къару халъхьат Филиппин Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и центрым артистхэм зыкъыщыщагъэлъэгъуа пщыхьэщхьищым. ИтIани ахэр жыджэрт, жант, нэжэгужэт...