Къызыхуебджэр хьэлу зыхэплъхьэфмэИслъам диным и тхыдэм къыхэлыдыкI цIыху цIэрыIуэхэм ящыщщ Алыхьыр арэзы зыхуэхъун хъалиф Iэбу Бэкр ипхъу Асмэ и пхъурылъху, и адэмкIэ Iимам Хъусен и къуэпсым екIуэлIэж Щадикъ Джэхьфэр. Уи нобэм щумылъагъу цIыху щыпкъэр нэхъ IупщIу нэгум къыщIэзыгъэхьэр абы къыжьэдэкIа псалъэхэмрэ къызэринэкIа IуэхущIафэхэмрэщ. Ахэр зэрызэтехуэр абы и гум илъ Iиманым и кууагъым и щыхьэту къоув. «Псапэр псапэ хъун папщIэ, Iуэхугъуищ дыщIыгъупхъэщ, - жиIэрт Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Джэхьфэр. – Ар, япэрауэ, уэ езым мыхьэнэшхуэ зимыIэ гуэру къыпщыхъун хуейщ. ЕтIуанэрауэ, Iуэхур убзыщIыпхъэщ. Ещанэрауэ, ар зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу зэрызэфIэбгъэкIынум и ужь ит».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




