Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхущытыкIэм ехьэлIа хабзэхэр жыжьэ къыщожьэ. Зэманым елъытауэ абыхэми зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтурэ къогъуэгурыкIуэ.
Псалъэм папщIэ, гъэщIэгъуэнщ ижь-ижьыжкIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа хабзэу нарт хъыбархэм къахэщыжыр. А хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ, жьы, лъэрымыхь хъуахэр тажьджэм ирагъэтIысхьэурэ бгым щагъэжу щытащ.
А хабзэр нартхэм хезыгъэнар Бэдынокъуэщ. Бэдынокъуэ и адэр жьы дыдэ щыхъум, адрейхэми хуэдэу, хабзэм къызэригъэувым тету, тажьджэм иригъэтIысхьэри, бгым иригъэжэхащ. АрщхьэкIэ тажьджэр жыг лъэдакъэ гуэрым фIэнэри, къызэтеувыIащ. Апхуэдэу щыхъум, и ажал къэсакъым, къэмысауэ бгым щыздзынкъым, жери Бэдынокъуэ и адэр бгым къыдихыжащ. БгъуэнщIагъыжь гуэрым щигъэпщкIури, нартхэм ямыщIэу гъуэмылэ хуихьу-рэ щиIыгъащ. Нартхэр гузэвэгъуэ щихуам деж, адэм кърит чэнджэщхэмкIэ Бэдынокъуэ ахэр къригъэлырт. Сытми, Iуэхум и пэжыпIэр къащIа нэужь, нартхэм жьы хъуар бгым щыдзын хабзэр зыханащ икIи нэхъыжьхэр я чэнджэщэгъурэ абыхэм я жыIэм едаIуэу псэун щIадзащ.
Нэхъыжьым пщIэрэ нэмысрэ хуэщIын хабзэр адыгэм иджыри зэрехьэ, ауэ уигу къемыуэу хъуркъым ар куэдкIэ къызэрытIэсхъар, зымыгъэзащIэхэр зэрыщыIэр. Абы и щапхъэу къэтщтэнщ тутынафэныр. Адыгэм тутыныр зэрицIыхурэ куэд щIакъым. Къыздрахари урысым я дежщ. Тутыныр къащыхыхьагъащIэм, цIыхухэр есатэкъыми, зыгуэрым тутын щIигъэнамэ, зэрыхьэблэу къащIихьэрт. Адыгэ щIэныгъэлI Нэгумэ Шорэ итхыжауэ щытащ къэбэрдейхэр тутын ефэну, ар ягъэкIыну зэрыхуимытым теухуа хабзэ 1807 гъэм зэрагъэувыгъар.
Зэман дэкIыу тутыным зиубгъуа нэужьи щIалэхэр нэхъыжьым ялъагъуу тутын ефэртэкъым, ар нэмысыншагъэу къалъытэрти. АтIэ иджы ныбжьыщIэ дапщэ щыIэ нэхъыжь дэнэ къэна, и адэ, и шынэхъыжь бгъэдэту тутыныр зыIуригъэсу. Ар езы щIалэхэм я щхьэм пщIэ зэрыхуамыщIыжым и щыхьэтщ.
«Нэмыс здэщымыIэм насыпи щыIэкъым», - жиIащ псалъэжьым. А нэмысым и къежьапIэ, лъабжьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ яку дэлъ хабзэр. Ар дгъэкIуэд, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.