ЛъабжьэРеспубликэм и щэнхабзэ гъащIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, абы и зыужьыныгъэм и зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа Вэрокъуэ Владимир гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ. Абы теухуауэ езым итхыжауэ щыта и гукъыкIыжхэм щыщ теплъэгъуэхэм фыщыдогъэгъуазэ. «Гамзатов Расул жиIауэ щытащ: «Бгым дэтхэнэ уэрэдри къызэрыщыщIадзэр макъамэщ». Сэри си хъыбарыр си сабиигъуэмкIэ къезгъэжьэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди сабиигъуэрщ ди гъащIэм и макъамэ нэхъ дахэ дыдэр. Сэ 1936 гъэм щIышылэм и 2-м Налшык къалэ сыкъыщалъхуащ. Псей гъэщIэрэщIахэр Iуахыжатэкъым си адэ Хъалид и унэм сыкъыщахьыжам. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ наркомхэм ящыщ зыуэ щыта, иужькIэ министру, республикэм и цIыхубэ хозяйствэм и унафэщIу лэжьа си адэм ищIэжырт зэгуэрым дунейм плъыжьрэ хужьу зэрызигуэшар. - А къуажэри, цIыхухэри, щIыри щыIэт, - жиIэжырт абы. – Ауэ иджы щыIэжтэкъым уафэ къащхъуэр, щIылъэ щхъуантIар, дыгъэ дыщафэр. Хьэуэ, ахэри кIуэдатэкъым, ауэ цIыхухэм гу лъамытэжу арат. КъуэгъэнапIэхэм фоч уэ макъхэр къыщыIурт, цIыхубзхэр гъырт, молэхэм хьэдэхэр щIалъхьэрт… Хъалид ЛУГ-мрэ рабфакымрэ къиухыу лэжьэн щIидза нэужь, хузэфIэкI ищIащ цIыхухэм уафэ къащхъуэми, удз щхъуантIэми, дыгъэ дыщафэми гу лъатэу я псэукIэр зэтеублэжынымкIэ. ХузэфIэкIауэ пIэрэт абы ар? Си гугъэмкIэ, хузэфIэкIащ. Абы балъкъэр къуажэхэм радиор нишэсащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ симфоние оркестр къыщызэригъэпэщащ, Налшык япэ телефон станцхэр щигъэуващ. Абырэ и ныбжьэгъухэмрэ къэралым куэд дыдэ хуащIащ. Сэ фIыуэ сощIэж ахэр - абы и ныбжьэгъухэр. Си сабиигъуэм абыхэм ящыщ куэдым я куэщIым сисащ. ИужькIэ, корреспонденту сылажьэкIэрэ, абыхэм я IуэхущIафэхэр зыхуэдэр слъэгъуащ. Сэ Налшык сыкъыщалъхуащ. Ауэ: «Дэнэ узыщыщыр?» - жаIэу къыщызэупщIэкIэ, сэ жэуапу изот: «Шэджэм сыщыщщ». Си анэшхуэ Бабыхурэ си адэшхуэ ПIатIрэ Шэджэм фIыуэ къыщалъагъурт, езыхэри цIыхухэм гуапэу яхущытыжт. Илъэс куэд дэкIащ абы лъандэрэ, ауэ сэ а къуажэм сыкIуэжамэ, ди гъунэгъухэр си цIэмкIэ къызэджэркъым, атIэ ПIатI и къуэрылъхур жаIэ. Си анэшхуэр нэхъапэ дунейм ехыжащ, си адэшхуэр абы иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ псэужащ. Дунейм щехыжым абы и бынхэм къажриIащ: «Сытым дежи цIыхуу фыщыт!». Ар абы и уэсятт. ЦIыхухэм сабиигъуэм къыхах анэм и гущэкъу уэрэдыр, я жьэгум къыдих мэ IэфIыр, фIыуэ ялъагъу таурыхъыр. Сэри ахэр псори нобэ си гъусэщ. ЦIыху Iущ гуэрым жиIэгъащ: «Зи жьэгумрэ ГъащIэ зи цIэ гъуэгуанэ кIыхьым зэрытехьэну шыр къызытриша уэрамымрэ фIыуэ зымылъэгъуам Хэкум и мыхьэнэр зэи къыгурыIуэнукъым». Сэ сощIэж си сабиигъуэм и уэрамыр. Шэч хэмылъу, дэтхэнэми иIэщ апхуэдэ уэрам. Сэ Налшык къыщызухащ курыт еджапIэр, университетыр, абы лэжьэн щыщIэздзащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, телевиденэ гъащIэр абы щезгъэжьащ. Нобэр къыздэсми а гъащIэм сыкъыхэнащ. Си къалэм и щхьэгъубжэхэр Кавказ бгыхэм яхуоплъэ. Абы куэд къалэн къыпщещI. Ар щыплъагъукIэ нэхъ лъагэ, нэхъ дахэ, нэхъ къарууфIэ узэрыхъуным ухущIокъу. АтIэ ар Iей? Пшэ гуэрэнхэр бгыщхьэхэм щос. Лъахъшэ защIри, зэми бгыхэм я плIэм щабэу къытогъуалъхьэ, зэми и лъабжьэм нэсу я «IэлъощIышхуэр» кърауфэбгъуэх. Апхуэдэу макIуэ илъэсхэр, гъэхэр, лIэщIыгъуэхэр… Я гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэдагуэшу, я щIакхъуэри я уэрэдри зыуэ мыбдежым щопсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ. Сэ фIыуэ солъагъу си лъэпкъыр. Зэхэгъэж умыщIу цIыхур фIыуэ плъагъун зэрыхуейм сыхуаущиящ си адэшхуэмрэ си адэмрэ. Абы папщIэ сэ куэдрэ абыхэм фIыщIэ яхузощI. Си адэ Хъалидрэ си анэ Мариерэ я унагъуэм сэ сабий етIуанэу сыкъихъуащ. Бын пажэр фIы дыдэу слъагъу си шыпхъу Галящ. Си къуэш нэхъыщIэ Валерэ (кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэ Чкалов Валерий и цIэр фIащат) и ныбжьыр илъэситху хъууэ машинэм иукIащ. Нэхъапэм сэ куэд дыдэ седжэу щытащ: Лермонтов, Байрон, Толстой, Пушкин, Дюма… Балигъ сыхъури фIыуэ слъэгъуащ Гамзатовыр, Кулиевыр, нэхъ иужьыIуэкIэ усакIуэшхуэ КIыщокъуэм и творчествэм сыдихьэхащ. Дапщэщ сэ тхэн щыщIэздзар? Си гугъэмкIэ, сэ сытым дежи сытхэу щытащ. Ауэ япэ дыдэу си усэ къыщытрадзар студент илъэсхэрщ, ар си шыпхъу Галя хузэхэслъхьат. Телевидением сыкIуа иужь, усэ тхыным сыхунэсыжакъым. Стхыр репортажхэрт, очеркхэрт, фильмхэрт. ИужькIэ илъэс зыкъом дэкIауэ эссехэр щызэхуэхьэса, «Обыкновенное человеческое мужество» си япэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар теухуат сэ сызыхуэза, си гъащIэ псокIэ фIыуэ слъэгъуа цIыхухэм – шыхъуэхэм, мэлыхъуэхэм, альпинистхэм, дохутырхэм, шэч хэмылъуи, усакIуэхэм. УсакIуэхэр сэ сытым щыгъуи зыпэсщI щыIэкъым. ИужькIэ си тхылъ куэд дунейм къытехьэнущ. Ауэ ар си япэ тхылът, абы къыхэкIыуи псом нэхърэ нэхъыщхьэт. Ди республикэми, Урысейми, СССР-ми, хамэ къэрал куэдми сэ илъэс зыбжанэ хъуауэ сыкъызэрацIыхур кинорежиссерущ. Сэри зыкъызэрыслъытэжыр апхуэдэущ. «Амыщ къуажэ» романыр дунейм къытехьэщ, ар щIаджыкIри тхакIуэу си гугъу ящIын щIадзащ. Романыр Кавказ зауэм теухуащ. Сэ сызэреплъымкIэ, абы пэжыр къыщыгъэлъэгъуащ. ЩIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ислъхьа тхылъыр мы псалъэхэмкIэ соух: «Мыбы щыстха псори къэхъуащ. Псори. Хэбдзыну зы псалъэ хэмыту. Иужьрей дыдэ фоч уэгъуэм нэсыхукIэ». Мы тхылъым итхэм сыт уи фIэщ пщIын е сытым шэч къытепхьэн? Сэ псори къызэрекIуэкIам хуэдэу стхащ. Сыхуейт сэ пэжым. Сыту жыпIэмэ, пэжыр ФIэщхъуныгъэмрэ ГугъапIэмрэ я къежьапIэщ. Ар сыт щыгъуи икъукIэ псынщIэщ, сыт хуэдизу хьэлъэу щытми. Зэрызгъэзэхуэн щыгъын хужь къэбэрдейхэм я закъуэ зэрыщыстIэгъэным сыщIэкъуакъым. Фащэ хужьыр псоми зэдайщ. * * * Си фильмхэмрэ си тхылъхэмрэ щIыхь тхылъ, дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Я творческэ лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэр къафIэмыIуэхуу щыжаIэкIэ, ар пэжкъым. Пэжыр Iуэху гуэр щытщIэкIэ абы къыпэкIуэнум дызэремыгупсысырщ. Си дежкIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр сымаджэщым сызыщрихьэлIа лIыжьым къызжиIа псалъэхэрщ. КъыкIэлъыкIуэ зи чэзу фильмыр хьэзыр сщIыри, телевиденэм и канал нэхъыщхьэм щыпхыгъэкIыным икъукIэ гугъу сыдехьауэ сымаджэщым сыщIэхуащ. Махуэ гуэрым сымаджэщым и пщIантIэм хуэмурэ къыщыскIухьу сыдэту, абы щIэлъ зы лIыжь къызбгъэдыхьащ. - Си щIалэ, - жиIащ абы, - Тхьэшхуэм солъэIу уэ уи узыфэр пщхьэщихыу си деж къигъэкIуэну. Сэ жьы сыхъуащ икIи зыри къысхуеижкъым. Уэ уи лъэпкъым иджыри куэд хуэпщIэфынущ. Ар жиIэри, хуэмурэ IукIыжащ. А псалъэхэм апхуэдизкIэ сызыщIагъэгупсысыжати, лIыжьым и цIэми сыщIэупщIэнуи сыхунэсакъым. Си пIэм сижыхьауэ куэдрэ сыщытащ, уэшх ткIуэпсхэм я гъусэу си напэм нэпсхэр къызэрытелъэдами гу лъызмытэу. Лъэпкъ щэнхабзэм и лъабжьэр гъэтIылъыным зы чырбыш хэслъхьэфамэ, абы нэхъ дамыгъэ лъапIэ сэ сыхуейкъым».
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




