Къэбэрдейхэмрэ къалмыкъхэмрэ1644 гъэм и щIышылэм хуахь япэ къалмыкъ-къэбэрдей зауэзэрылIыр. Тхыдэджхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, ар нобэхэми нэгъэсауэ ямыджа блэкIам и напэкIуэцIщ. Нобэрей цIыхухэр нэхъ мамырщIэкъуу дыщыт пэтми, лъэпкъитIым я зэпыщIэныгъэхэр къызэрежьам уриплъэжынкIэ мы зауэ цIыкIум хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ехъумэ. Пэжыр зы жьэкIэ къэIуэта зэрымыхъум къыхэкIыу, хъыбарыр езы къалмыкъхэм зэрыжаIэжымкIэ къыщIэддзэнщ. А Iэмалыр къыдет «Калмыкия-онлайн» интернет хэщIапIэм ит Михалинов Эрдни и тхыгъэм: «Сыт щыгъуи сакъ, бийм я къару псори зэпимылъытауэ зы лъэбакъуэ зыч зи мыхабзэ къалмыкъыпщ (езыхэм я бзэмкIэ - «тайшэ» - Ч. М.) Хо-Урлюк зауэлI мини 10 зыхэт дзэм и пашэу Кавказым зэрымыщIэкIэ къыщыхутащ. ЩIышылэм и 4-м къалмыкъыдзэр Индыл зэпрыкIри, ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ежьащ. Зи щIалэгъуэ Даян-Эрки зи пашэ дзэм и зы Iыхьэм Тэрч быдапIэмкIэ иунэтIащ, къару нэхъыщхьэхэр Тэрчыпсым зэпрыкIри, Къэбэрдейм ихьащ. Ауэ къэбэрдейхэмрэ нэгъуейхэмрэ я къарухэр зэрагъэуIущ, зауэлI мин 37-рэ хъу дзэ зэрагъэпэщри, къалмыкъыдзэ бэлэрыгъар къуэм дагъэхьащ. Арати, зауэлI мини 10 зи ужьым ит езым и къуэ Лэусэнрэ Даян-Эркирэ къэсыным пэмыплъэу, Хо-Урлюк зэуэну мурад ещI. Лъыгъажэ гуащIэм иужькIэ бгы зэхуакум къыдэкIыжыфар къалмыкъ мини 2 хуэдизщ. А зауэзэрылIым езы Хо-Урлюкрэ и къуитIымрэ – Гирейсанрэ Елденрэ -хэкIуэдащ. Я щхьэр абдежым щагъэтIылъащ Хо-Урлюк и къуэрылъхухэми: Гирейсан и къуэхэу Калту, Чокту, Архули сымэ, Дайчин и къуэ Сэрэмбай, Елден и къуэ Серенрэ Тугулрэ. Къэбэрдейхэмрэ нэгъуейхэмрэ щытыкIэ гугъум къезыгъэлар а лъэхъэнэм Терки къалэм и тету щыта Черкасский Муцалщ. «Къэбэрдейр курыт лIэщIыгъуэхэм» тхылъым мы Iуэхугъуэм нэхъ гурыIуэгъуэу щытопсэлъыхь ар зи IэдакъэщIэкI адыгэ тхыдэджхэу Мэлбахъуэ Борисрэ Елмэс Iэулдинрэ: «1644 гъэм и пэм хъанышхуэ Хо-Урлюк зи пашэ, зауэлI 11500-рэ зыхэт къалмыкъыдзэр Къэбэрдеишхуэм теуащ. Терки къалэм къулыкъу щызыхь Черкасский Муцал и щыкъу щIалэ Щоджэнокъуэ Алыджыкъуэ деж лIыкIуэ иIуэхуащ къалмыкъыдзэр ятеуэну зэрыкIуэр жриIэну. Алыджыкъуэ и дамэгъухэр зэхуишэсыну хунэсащ. Къэбэрдейхэр, нэгъуейхэр, беслъэнейхэр, нэгъуэщI бгырыс лъэпкъхэр зыхэт дзэшхуэу Щоджэнокъуэр зи пашэр къалмыкъыдзэм пежьащ. Къалмыкъхэр зэтраукIа нэужь, цIыху 11500-м щыщу къелар 1500-рэ е 2000 хуэдизщ. Хо-Урлюки абы и къуищри зауэм хэкIуэдащ. Къалмыкъ миным щIигъу гъэру яубыдащ адыгэхэм, абыхэм тепщэгъуэр къызылъыс пщыуэ тIу яхэтт. Черкасский Муцал щIэпхъуэжахэм якIэлъиутIыпщахэм къаубыда гъэрхэр къаумысати, къэбэрдейхэмрэ нэгъуейхэмрэ зэтраукIа нэужь, Терки къалэм теуэну мурад зэраIари къыщIэщащ». «Къэбэрдеипщхэр зэкъуэту бийм зэрыпэщIэуваращ текIуэныгъэр къахуэзыхьар, - етх ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа къалмыкъ къэхутакIуэ Михалиновым. – Черкасский Муцал зэрихьа лIыгъэр Мэзкуу дэс тепщэгъуэм хигъэкIуэдакъым. Ар иджыри 1636 гъэм ягъэувауэ щытащ «Терки къалэм мыурысу дэс лъэпкъхэм я тепщэу», ауэ ар зэрыт дэфтэрыр къыщратыжар мы зи гугъу тщIы зауэзэрылIым и ужькIэщ, 1645 гъэм». Абы лъандэрэ илъэс 380-рэ дэкIащ. Дауи, къалмыкъхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхущытыкIэм зихъуэжурэщ тхыдэр къызэрекIуэкIар. Муцал ипхъу Iэбухъан Хо-Урлюк и къуэрылъхум и къуэм щхьэгъусэ зэрыхуэхъуари лъэпкъитIым мамыр хэкIыпIэ къызэрагъуэтам и щыхьэтщ. «А зэманым Аюкэ и япэ щхьэгъуситIыр дунейм ехыжакIэт, къэбэрдеипхъу Iэбухъан ещанэ щхьэгъусэ хуэхъуа нэужь, ар Iэщтырхъан иригъашэри, цIыхубзыр дунейм ехыжыху абы щыпсэуащ, зыхэпсэукIыну мылъкур Аюкэ Iэригъэхьэу», - дыкъыщоджэ Черкасскэхэ я лъэпкъ тхыдэм. Къалмыкъхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я зэпыщIэныгъэм нэхъри зиубгъуауэ щытащ хъан Дондук-Омбэ и зэманым. Абы теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн «Фэеплъхэм къаIуэтэж» и тхылъым щыжеIэж Ехъутэныдж Хьэсэн. «Дондук Омбэ дунейм ехыжа нэужь, хъаныгъуэр абы и къуэ Дондук Тайшэ Iэрыхьауэ щытащ. Пасэрей урыс тхыгъэхэм ущрохьэлIэ щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым гу зылъамыта Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн. Зи гугъу тщIыр къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэтрэ Дондук Тайшэ къалмыкъ хъанымрэ хьэпшып гуэр зэпаубыдауэ зэрыщытам тепсэлъыхь тхыгъэхэрщ. А тIур щIызэдауэр зы джатэ закъуэщ. Дондук Тайшэ хъаныр урыс тетым губжьауэ хуотхьэусыхэ Къэбэрдейм къэна и мылъкум щыщу афэ джаниплI, фочитI, зы джатэ кърамытыжу. Ар къыщыхъуар 1743 гъэрщ, илъэс 20-кIэ къалмыкъ хъаным и щхьэгъусэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Жан и дыщым къэкIуэжу зы илъэс дэкIа нэужь. 1744 гъэм урыс къулыкъущIэ Спицын Никитэ Дондук Тайшэ деж щыIэу щыхьэт тохъуэ абы афэ джанэхэмрэ фочитIрэ зэрыратыжам, ауэ, гъэщIэгъуэнкъэ, джатэр иратыжауэ жиIэркъым. Дондук Тайшэми урысхэр хегъэзыхь, Индыл хъанхэм я пашэу щыта и адэшхуэм урысхэм я щIыхуэ зэрытелъыр къыдригъэжеижурэ. Ауэ сыт хуэдиз сабэ дримыпхъейми, хъаным зыхуейр Iэрыхьэркъым. 1744 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м хъаным деж Iуэхур зэхагъэкIыну урыс тепщэгъуэм къыбгъэдэкIыу Кольцов бригадирымрэ зи гугъу тщIа полковник Спицын Никитэрэ макIуэ, Къэбэрдейм къыбгъэдэкIыу - ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт. Хъаным аргуэру ткIийуэ къапеубыд 1742 гъэм и хэкум ираха джатэр къратыжыну. Хъанхэм я бзаджагъэм щыгъуазэ ХьэтIохъущокъуэм иджы ибзыщIыркъым джатэр Къэбэрдейм зэрыщыIэр, ауэ ар зыIыгъри здэщыIэ щIыпIэри и жэуапым къыхимыгъахуэу, къаугъэи къимыIэту хъаным и гугъэр джатэм хрегъэхыж. Дондук Тайшэри сыт имыщIэми зыхуейр зэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, мэбэяуж. Сыт иджы а джатэм лъэпкъитIым зэпаубыдын хуэдизу хэлъар? XVIII лIэщIыгъуэм фочхэр куэдкIэ нэхъ лъапIэт джатэм нэхърэ. Сыт икIи хъаным афэ джанэхэмрэ фочхэмрэ иратыжу джатэр къыщIагъэнар? Андемыркъан и джатэр армырауэ пIэрэ зи гугъу ящIыр? ХьэтIохъущокъуэ Жан Къэбэрдейм щыкIуэжым игу къэмыкIауэ пIэрэ и хэкум апхуэдизу фIыуэ щалъагъу лIыхъужьым и фэеплъыр здихьыжыну?» ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
12.01.2026 - 17:25 →
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу
03.01.2026 - 15:52 →
Илъэс минхэм я кIыхьагъкIэ
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
25.12.2025 - 10:08 →
Пащтыхь цIэрыIуэхэр
24.12.2025 - 16:31 →
ЖиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэу
| ||




