Къэбэрдейм щыщ шууей

Гуля ищIэрт зыхэхуа гупыр адрейхэм зэре­мыщхьыр. Мыбы хэтт я лэжьыгъэфIымкIэ къэрал псом къыщацIыхуа пионер куэд.
- Уэ сыткIэ уцIэрыIуэ? - еупщIащ ар адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэ къамылыфэ цIыкIум.
- Шы согъэхъу, - гуфIэжу жиIащ абы, и дзэ хужьхэр къыIуигъэпсу. - Зым и цIэр Костикщ, адрейхэм - Къазбич, Заурбэч…
- Хэт зыхуэбгъэхъур? - щIэупщIащ цIыкIухэм ящыщ зы.
- Хэт зыхуэбгъашхэр жыпIа? Ди Шуудзэ Плъы­жьым. Сэри аращ: сышууейщ.
- Сыщымыуэмэ, уэ у-Ба­рэсбийщ? - къэгуфIащ ­Гуля, «Пионерская правда» газетым тету зэджауэ щыта тхыгъэр игу къигъэкIыжурэ. - Хьэмгъуокъу Барэсбийщ…
… Хьэмгъуокъум и гъащIэм теухуауэ «Къэбэрдейм щыщ шууей» художественнэ фильмыр трахат.
1936 гъэм и гъэмахуэм «Артек» лагерым Барэсбий къыщицIыхуащ Королёвэ Гуля. Хъыджэбз цIыкIу ­хахуэм абы шы тесыкIэ иригъэщIащ, адыгэ къа­фэ­хэм, адыгэ хъыба­рыжьхэм щыгъуазэ ищIащ.
«Артек» лагерым щыIэ псоми Гуля яригъэцIыхуащ Барэсбий. ЯжриIащ илъэс ныкъуэ ипэкIэ Калинин Михаил Кэнжэ щыщ ныбжьыщIэр Кремлым ишэу и бгъэм «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр къызэры­хилъ­хьар. Абы щыгъуэ Хьэмгъуокъум зэригъэцIы­хуащ Будённый Семён.
- Сэ шыхэр фIы дыдэу ­солъагъу, - жриIэрт Барэсбий Совет Союзым и Маршалым. - ФIыуэ солъагъу Дзэ Плъыжьыр. Ин сы­хъу­мэ, сэри абы сыхыхьэнущ…
Хэку зауэшхуэм Хьэм­гъуокъум лIыгъэ щигъэ­лъэгъуащ, дамыгъэ лъапIэхэри къыщратащ.
Барэсбий ВЛКСМ-м и Къэбэрдей обкомым и секретару, «Хэку» хасэм и унафIэщIу, мамырыгъэр хъумэнымкIэ Совет Комитетым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и тхьэмадэу лэжьащ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: