Псори зэхуэзыгъадэ

 Шэрджэс мамлюкхэм къахэкIауэ япэ сулътIан хъуар Бэркъукъу Анчокъущ. Ар зэрыадыгэм щыхьэт тохъуэ Италием щыщ дипломат Бертрандо де Мижнанелли (а тIур зыбжанэрэ зэрихьэлIауэ, зэнэIуасэу щытащ). Бэркъукъу Шэрджэсым зэрыщыщым щыгъуазэщ хьэрып тхыдэтх Тагрий БирдийкIэ зэджэри. Абы зэри­т­хым­кIэ, Бэр­къукъу Анчокъу кашак адыгэщ, - итхыжащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Бэркъукъу Анчокъу Мысырым къыщыщыхутар 1363 гъэрщ. ИлъэсиплI дэкIри, абы и IэмыщIэ шуудзэ къралъхьащ. Шэрджэсым цIыху иришурэ, Бэркъукъум и шуудзэр игъэбэ­гъуащ. Абы къару къритри, дзэпщ хъуащ, нэхъ иужьы­Iуэ­кIэ, I382 гъэм, унафэр яфIиубыдащ.

 Бэркъукъу пащтыхь хъуа нэужь, итхыгъащ­ хьэрып щIэныгъэлI Ибн Хъалдун, “къэралым хабзэ щыуващ, цIыхухэр щыгуфIыкIырт къэрал унафэр захуагъэм тету зезыхьэф сулътIан Iущыр тепщэ зэрахуэхъуам”.

 Тырку дзэпщхэм ягу техуакъым къэрал унафэр шэрджэс мамлюкым зэрыIэрыхьар, лъа­къуэ­пэщIэдз къыхуащI зэпытащ, ауэ абы щхьэкIэ шынакъым Бэркъукъу: и жагъуэгъухэр лъэны­къуэ иригъэзри, унафэр и IэмыщIэ ириубыдащ. Ар дэнэ къэна, езыр зэса бгырыс хабзэхэр игъэу­ващ, цIыхум щхьэхуитыныгъэ яритащ, адыгэ­ шу­ры­лъэсыр яхипщащ - тырку дзэпщхэм абыкIэ захригъэщIыкIащ я тетыгъуэм кIэ зэрыритар.

 Тагрий Бирдий етх Бэркъукъу Анчокъу “мэлыхъуэкъуэкIэ” къеджэу щытауэ: пащтыхь хъуами, Бэркъукъум цIыхум захиIэтыкIыр­тэкъым, унафэщI ткIий щхьэкIэ залымтэкъым, псори зэхуигъадэрт. Шэрджэс сулътIаным тырку­ дзэпщхэр хуэм-хуэмурэ лъэныкъуэ иригъэзыпащ, абыхэм я къулыкъухэр яритащ езым и лъэп­къэгъухэм - адыгэхэм. Дзэпщ къулыкъухэм я закъуэкъым шэрджэс мамлюкхэм яIэрыхьар, къэрал унафэхэри къанэ щымыIэу зэрахьэ хъуащ.­ Абы щыщIэдзауэ Мысырым Бэркъукъу Анчокъу и пащтыхьыгъуэм шэрджэс къэралкIэ еджэ хъуащ. Тагрий Бирдий итхыгъащ: “Бэркъукъумрэ абы и лIэужьхэмрэ къэрал хабзэр зэра­хъуэкIащ, къулыкъухэр езыхэм ящыщхэм фIэкI ирамытыж хъуащ, щIым и фIыпIэр я IэмыщIэ ираубыдащ”. НэгъуэщI зы тхыдэтхи, ал-Калкашанди, щыхьэт тохъуэ: “Дзэм хэт дзэпщхэмрэ шухэмрэ я нэхъыбапIэр шэрджэсщ, Мысырым тырку къинамэ, закъуэтIакъуэщ, а закъуэтIакъуэри я унэ итIысхьэжауэ Iуэхуншэщ”.

 Бэркъукъу Анчокъу и зэманым шэрджэс мамлюкхэм я IэмыщIэ къихуащ Бейбэрсрэ Къэлэунрэ зэрагъэпэщауэ щыта къэрал абрагъуэр. Илъэси 135-кIэ илъащ абыхэм я IэмыщIэ Мысырри, Сириери, Суданри, Хъиджазри (Мэчэри Мадинэри къыхиубыдэу), Ливиери, Ливанри, Палестинэри, Анадолэм и ипщэ-къуэкIыпIэ щIыналъэри, Месопотамием щыщ Iыхьи. Зи цIэ къитIуа къэралхэмрэ хэкухэмрэ абы щыгъуэ цIыху мелуанитху хуэдиз исащ, ахэр псори адыгэ мамлюкхэм я унафэм щIэтащ. Езы шэрджэсхэр (Каир дэсхэр) мин 50 - 100 хуэдизт зэрыхъур, абыхэм щыхуейм деж шу мини 10 - 12 ягъэшэсыфырт, Iэщэ шынагъуэкIэ зэщIэузэдауэ.

Адыгэ мамлюкхэм, къэралым тепщэ зэрыщыхъурэ илъэсипщI дэкIа нэужь, шынагъуэ къа­щIэзэрыхьащ: Сирием и гъунапкъэм къекIуэлIащ Тамерлан и дзэр, Щамрэ Хьэлэбрэ къебгъэры­кIуащ, ауэ адыгэ дзэпщхэм зэхакъутащ зауэлI залымым къиутIыпща япэ дзэ пакIэр.

 Мамлюкхэм ядилъэгъуа лIыгъэмрэ зэуэкIэмрэ къигъэдзыхэри, Тамерлан Бэркъукъум деж лIыкIуэ игъэкIуащ. Тамерлан и лIыкIуэр Бэркъукъум иригъэукIащ, и дзэр зэщIиIэтэри бийм пежьащ, Хьэлэб нэсри, зауэм зыхуигъэхьэзыращ. Зи сэшхуэхэр дыгъэм пэлыд дзэр щилъагъум, Тамерлан зауэм хыхьакъым, икIуэтыжри ИндиемкIэ иунэтIащ, ар нэхъ къэзэугъуафIэ зэрыхъунум шэч къытрихьэртэкъыми...

 Бургундием щыщ Бертрандон де ла Броквиер итхыгъащ: “Бэркъукъу егъэлеяуэ цIыху ха­хуэт, абы и пщIэр ноби щылъагэщ а хэкум. Къэралыр абы и IэмыщIэ илъыху, персхэми тэтэрхэми яхуэубыдакъым Сирием и зы щIы кIапэ. Абыхэм я дзэр къежьауэ щызэхиха сыхьэтым Бэркъукъу­ япэ ищырти, бийм пежьэрт, Хьэлэб и ищхъэрэкIэ ежэх псым и Iуфэм зыщигъэбыдэрти, зауэм зыхуищIырт. Щам дэсхэм шэч къытрахьэркъым: ар псэужатэмэ, Тамерлан и дзэм игъащIэкIэ къаунэтIынутэкъым а лъэны­къуэм­кIэ. Езы Тамерлани пщIэ къытенакъым: Щам иубыда нэужь, - Бэркъукъу псэужтэ­къым­ абы щыгъуэ - къалэм мафIэ щIидзэри, псэууэ зы унэ фIэкI къыдина­къым - Бэркъукъум и унэр; ар дэнэ къэна, хъумакIуэ къри­гъэу­вэкIри, унэр иригъэкъута­къым, аращ ар ди зэманым къыщIэсар”. Тамерлан и зекIуэхэм я тхыдэр зытхыжа Тильман Нагель щыхьэт мэхъу: “Бэркъукъу зэрылIар щызэхихым, Тимур апхуэдизкIэ гуфIати, а хъыбарыр къыхуэзыхьам динар мин пщыкIутху иритауэ щытащ”.

 СулътIан Бэркъукъу ал-Шэркаси (Бэркъукъу Анчокъу) щылIар 1399 гъэрщ.

Пащтыхь хъыжьэ

 1501 гъэм сулътIан хъуащ Биберд и къуэ Къанщауэ Гъур. СулътIан щыхъуам щыгъуэ Къанщауэ илъэс хыщI и ныбжьт. ЩIалэ цIыкIу ныбжьым итт ар сулътIан Къейт-бей Шэрджэсым щришам. Илъэс плIыщI ирикъури, Къанщауэ Хьэлэбым (Сирием ит къалэшхуэхэм ящыщ зыщ) и тет, нэхъ иужьыIуэкIэ уэзир (министр) нэхъыщхьэ хъуащ.

СулътIан къулыкъур IэщIэлъыху, Къанщауэ Гъур гъэр мин пщыкIущ къищэхуащ, нэхъыбэр къыщищэхуар езым и хэкурщ - Шэрджэсырщ. Мамлюк пащтыхьыр куэдрэ еныкъуэ­къуащ Тыркуми, Иранми, Португалием къикIа жорзехьэхэми, хьэрып къэралхэр абыхэм зэращихъумэным щIэзэуащ. Хьэрыпхэм къатезэрыгуэпар европей жорзехьэхэрт, ахэр щIэкъурт я лъэр хы Плъыжьым зэрынахусыным. Адыгэ шухэм фIэкI, жорзехьэхэм япэувыфын дзэ хьэрыпхэм яIа­къым а зэманым.

 Европей жорзехьэхэм щIэх­-щIэхыурэ къагъэ­пIей­тейми, мамлюкхэм я бий шы­нагъуэр уэсмэнхэрат. Ахэр хъийм щикIыпар Селим ЕзанэкIэ зэджэр пащтыхь хъуа нэужьщ. Адыгэ мамлюкхэм бий бза­джэ къахуэхъуа а пащтыхьым, и адэм фIэнэжри, Тэман теса натхъуэ­джыпщ Темрыкъуэ (и анэ дэлъхум) деж зыщигъэпщ­кIуа­уэ щытащ.

 ЕтIуанэ уэсмэн-мамлюк зауэм щхьэ­­усыгъуэ хуэ­хъуам теухуауэ ака­демик Бартольд етх: “Мысырым и жьауэм щIэт Дулгадир хэкур уэсмэнхэм зэраубыдар ягу техуакъым мамлюк дзэпщхэм, уэсмэнхэри иризэгуэпырт Персиер Мысырым зэрыдэ­щIым”. Мысырым къыщебгъэрыкIуэм, тырку пащтыхьым мыр игъэIуащ: “Сэ зауэ зэсщIылIар мамлюк Iиманы­­н­­шэ­хэращ”. А псалъэм хьэрып куэд еувэлIэну хьэзырт, мамлюкхэм я IэмыщIэ къи­кIын папщIэ.

 Тыркухэм я дзэ фIыцIэмрэ шэрджэс шухэмрэ Мардж-Дабикъ губгъуэм (Хьэлэб къалэм пэмыжыжьэу) 1516 гъэм гъэмахуэкIэ мазэм и 24-м щызэувэлIащ, зэи къэмыхъуа зауэ гуащIэр щаублащ абдежым. Адыгэ мамлюкхэм я тхыдэр зытха Ибн Ийас (ари шэрджэсщ) и тхы­лъым зэритымкIэ, тырку­дзэм япэ ебгъэрыкIуар дзэпщышхуэ Судун ал-Аджемийрэ Щам щыщ ал-Умар Сибайрэщ. Адыгэ шу хъыжьэхэр бийм хэлъадэри, цIыху минипщI зэтраупщIэ­­тащ. Тыркудзэм заублэрэ­кIы­ным нэсауэ, хьэгъапхъэ гуэрым хъыбар нэпцI иу­тIы­пщащ: шэрджэс пащтыхьыр шынэжри икIуэтыжащ, за­уэм хыхьэн муради иIэ­къым. Апхуэдэ хъыбар щызэхахым, Судунрэ ал-Умаррэ я лъэр щIэхуащ, Iэнкун щыхъум, тIури къаукIащ. Хьэлэбым и тет Хъаирбей, Къанщауэ Гъур епцIыжри, тыркухэм заритащ.

 Илъэс блыщIрэ тхурэ и ныбжьми, Къанщауэ Гъур дзэпщ лъэрызехьэт, зи лIы­фIыгъуэ шу щхьэмыгъазэт. Селим Езанэр езым и IэкIэ иукIын мурад ищIри, Къанщауэ Гъур, шу гуп щIыгъуу, тыркудзэм хэлъэдащ, пащтыхьым и шэтырым нэс кIуэ­­цI­­рикъутыкIа щхьэкIэ, шэтырыр нэщIу къыщIэкIащ. Абы нэсауэ, Къанщауэ Гъур къы­жраIащ Хъаирбей къызэ­реп­цIыжар, тыркухэм зэрызаритар. Ар и гум ежалIэри, Къан­щауэ Гъур, уанэгум здисым, и щхьэр къыфIэхуащ, и Iэблэ сэмэгури къемыдэIуэж хъуащ.­ “Псы!” - щыжиIэм, псы фалъэ къыхуахьри ирагъэфащ, псы ефа къудейуэ, лъы къыжьэдэури, дзэпщ хахуэр шым къеджэлэхащ, и хьэдэр шу гъусэ­хэм зэуапIэм къра­­хыжри щIа­лъхьэжащ. ЩыщIалъхьар зыми ищIэркъым: адыгэ пащтыхьым и кхъащхьэм зы­­ри теплъа­къым абы лъандэрэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться:

Читать также: