Адыгэ пщащэ

Щоджэн Дианэ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым дэн-бзэным щыхуеджащ, адыгэ фащэхэр, европей фэилъхьэгъуэхэр зыд дэрбзэрщ, «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсапIэм IэпэIэсэнымкIэ и егъэджакIуэщ. Пщащэр Дзэлыкъуэдэс щыщщ. 
- ДизайнымкIэ колледжым сызэрыщIэса илъэсищыр си гъащIэм гукъэкIыж IэфIу хэтщ. «Къытезгъэзэжу иджыри сыстудентарэт!» - жызоIэ, уеблэмэ. Еджэн, щIэщыгъуэ къэщIэн, зыужьын - арат ди Iуэхур. Зы закъуэ сигу къоуэж, пэжым ухуеймэ: еджапIэр къыщыдухыну илъэсым «коронавирус» уз зэрыцIалэм дунейр зэщIищтати, гурэ псэрэ хэтлъхьэу дызыщеджа колледжым къыщыдлэжьа дипломыр къыщыдатыжым пшыхь дахэ тхуащIыну Iэмал щыIакъым. Дауи, сехъуапсэрт си диплом плъыжьыр пшыхь дахэм къыщызатыжыну. 
- Дианэ, диплом лэжьыгъэу сыт бгъэзэщIат?
- Бзылъхугъэ фэилъхьэгъуищрэ зы цIыхухъу фэилъхьэгъуэрэ здауэ щытащ. Сегупсысри, щыгъынхэр здащ еджапIэм щызэзгъэщIахэм щыхьэт сытехъуэжыну Iэмал къызэзыт щIыкIэм тету – нэхъ гугъуу зэхэзгъэуващ ар зытесщIыкIыр. Европей щыгъынщ здахэр. Адыгэ фэилъхьэгъуэ щхьэ къыхэзмыхарэт диплом лэжьыгъэу, жысIэу согупсысыж. Ауэ абы щыгъуэ иджыри нэсу къысхыхьагъэнтэкъым лъэпкъ гупсысэр. А еджапIэ дыдэм щхьэхуэу сыщыхуеджэжащ бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр дынымрэ тхыпхъэхэр хэдыкIынымрэ. 
- Бзылъхугъэ бостей, фащэ, зэпыт дахэхэр бод. Уи бостей щIэращIэхэр къащылыдыкIыу хъыджэбзхэр пшыхьхэм макIуэ. Сыт ущыдэкIэ уи гур хэзыгъахъуэр? 
- Сыдэну сфIэфIщ. Дэтхэнэ фэилъхьэгъуэри си псэм къыIэпыкI гуэрщ. Си гур къогуфIыкI зда бостейхэр зейхэм пэзгъаплъэу щызгъэтIылъыжкIэ. Абы есщIылIа лэжьыгъэм сригъэзэшами, си жей згъэныкъуэу сыдами, асыхьэту сщогъупщэж, хьэзыр хъуам сыщеплъкIэ. Нэхъыбэу сылэжьэну сытезыгъэгушхуэ къаруущIи къысхохьэ абы щыгъуэм. Фэилъхьэгъуэр зыIэрыхьэр зэрыщыгуфIыкIыр щэ! Абы егъэлеяуэ сегъэгушхуэ! 
- Уи сабиигъуэм сытым уехъуапсэрэт IэщIагъэ пхуэхъуну? Дэныр сытым щыгъуи уигу илъа? 
- Си гугъакъым дэрбзэрыным и курыкупсэм сыкъыхэхутэну. Егъэлеяуэ сехъуапсэрт юристу седжэну. Си адэм ар бзылъхугъэ IэщIагъэу къилъытэртэкъыми, къызжиIэрейт нэгъуэщI IэщIагъэ гуэрым си гупсысэр тезухуэн хуейуэ. СыкъыдэкIуэтейщ, экзамен тыгъуэхэр къэсри, тхыдэмкIэ дезыгъаджэми къызжиIащ, юрист IэщIагъэр си хьэл-щэным хуэмыкIуэу, сыхэмызэгъэну къыщыхъуу. «Уэ юрист IэщIагъэм ухэзэгъэну къысщыхъуркъым, уцIыху щабащэщ. ТIэкIу ткIийуэ, зэзэмызи хьилагъэ гуэрхэм ухуекIуэу ущытын хуейуэ къысщохъу юристу улэжьэн папщIэ. Гу быдэу ущытын хуейщ, япэрауэ. ИтIанэ, гъащIэм и дахэм нэмыщI, Iуэхугъуэ гуемыIухэри плъагъуным ухуэхьэзырын хуейщ», - къызжиIат. Иджы согупсысыж абы и псалъэхэм, пэж дыдэу сыхуэхьэзыртэкъым. 
Дзэлыкъуэкъуажэ дыдэсащ ипэм щыгъуэ. Абдежым зы унагъуэ ныбжьэгъу къыщытхуэхъуати, дыщыдэмысыжми, дызэкIэлъыкIуэрт, дызэрыгъэкIуэдыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым абыхэм я деж деблэгъауэ, я нысащIэр тепсэлъыхьащ дэн-бзэным зэрызыхуигъэсам. Абдежым си гум къыпылъэдащ сэри сыдэфу зезгъэсэну сызэрыхуейр. Унэм сыкъэкIуэжа нэужь, си фIэщу сегупсысащ абы: дэн-бзэныр бзылъхугъэ IэщIагъэ дахэщ, унагъуэ сихьэми, къысхуэщхьэпэнущ, жысIэу. Абдежым си IэщIагъэ къыхэхыгъуэти, псори езгъэкIуэтэкIри, ар къыхэсхащ, зызгъэхьэзырыни щIэздзащ. Курыт еджапIэр къэзухри, дизайным сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Си адэри абы щыгуфIыкIащ, дауи! 
- Адыгэ тхыпхъэхэм узэрыдихьэхми гу лъыстащ…
- Ар анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэм къыщежьащ. СызэрыцIыкIурэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ солъагъу. Курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ къыщыдат лэжьыгъэхэри сфIэфIу сщIыжырт. Рассказ кIэщIхэм сыкъеджэрт, усэ цIыкIухэр зэзгъащIэрт. Курыт еджапIэр къэзухыу, къалэм сыкъэкIуа нэужь, гу лъыстащ, адыгэбзэм и пщIэр нэхъ мащIэ зэрыхъум. Абы сигъэнэщхъеящ икIи сигъэгупсысащ. Лъэпкъ гурыгъузыр къысхыхьэху, сызэрыадыгэм нэхъри сригушхуэрт. СфIэгъэщIэгъуэнт псори – бзэри, хабзэри, щэнхабзэри, литературэри, макъамэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ дунейр си гум из хъуащ. «щхьэ европей щыгъынкIэ дыерыщ, щхьэ адыгэ фащэкIэ е адыгэ тхыпхъэхэр зыхэт фэилъхьэгъуэхэмкIэ зыдмыхуапэрэ?» - жысIэу сегупсысащ сэр-сэру. Тхыпхъэхэм я щэхухэр си щIэщыгъуэти, ахэри зджын щIэздзащ. 
- «Адыгэ цIыкIу» сабий гъэсакIуэм къакIуэхэм уазэрыдэлажьэм укъытезгъэувыIэнут…
- Пасэрей адыгэ IэщIагъэхэр ди пщащэ цIыкIухэм къедгъэщIэным, дедгъэхьэхыным, хуэIэижь тщIыным дыхущIокъу. Сабий нэхъ цIыкIухэм яхуэщIэнумрэ тIэкIу нэхъыжьхэм зызредгъэпщытхэмрэ зэхуэдэкъым. Щхьэж и ныбжьым елъытауэ, нэхъ зыдихьэхынухэр къахузогупсыс, согъэлажьэ. Езы цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, куэдым щIэупщIэу, яхуэмыщIIамэ, къыщIадзэжрэ къапщытэжу мэлажьэхэр. Адыгэ IэрыкIхэм долэжь адыгэбзэкIэ дыпсалъэурэ. Тхыпхъэхэмрэ лъэпкъ дамыгъэхэмрэ хадыкI, чысэ цIыкIухэр яд, матэ зэIуащэ, тхылъымпIэ зэмыфэгъухэмкIи мэлажьэхэр. 
 - Дианэ, уи сабиигъуэр сыт хуэдэт? 
- Сабиигъуэ насыпыфIэ сиIащ. ГукъэкIыж IэфIхэмкIэ куэдрэ согъэзэж а зэман дахэм. ДыщыцIыкIум си дэлъхумрэ сэрэ анэшым дыщыIэрейт, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр щыдгъакIуэр анэшырт, уеблэмэ. ДыцIыкIуу абы щытшха ерыскъым и IэфIыр сэри си дэлъхуми ди Iум итщ, ди гум къохьэ, нани игу къыдогъэкIыж. Нанэ хадэ ищIэу, ар къабзэу зэрихьэу зэрыщытар щэ! Псом нэхърэ нэхъ къэуатт абы къитх хадэхэкIхэр. А псор зыкIи пхуэмыхъуэжын фIыгъуэщ.
Ди цIыкIущхьэм и зэманым дунейр моуэ нэхъ гуапэу щытт, цIыхухэм я гур зэхуэIэфIт, зэкIэлъыкIуэхэрт, зэрылъагъухэрт. Зэгъунэгъухэр зэдэшхэрт, ухуеймэ дауи щIы. Си сабиигъуэр мис апхуэдэ зэман IэфIым хиубыдащи, ари куэд и уасэщ! 
- АтIэ, уи сабиигъуэр IэфI пщызыщIа уи анэшхуэм усабийуэ узыхуигъэсауэ щытахэм ящыщ Iущыгъэ гуэркIэ укъыддэгуэшэн?
- Си анэшхуэр езыр егъэлеяуэ цIыху щабэщ, гумащIэщ. ГъащIэм сэбэп къыщысхуэхъу, сызэрыгъуазэ псалъэ куэд къызжиIащ. «Зыгуэрым уи жагъуэ къищI хъужыкъуэмэ, абы зыгуэр епщIэжыну и ужь уимыхьэ. ИужькIэ езым къыгурыIуэжынущ и щыуагъэр», - жиIэрейт, иджыри жеIэ. 
- ГъащIэм щапхъэ щыпхуэхъу уи нэхъыжьхэм къатхутепсэлъыхь.
- Си адэмкIэ си адэшхуэ-анэшхуэм сабгъэдэсщ. Си адэшхуэм хэгъэбелджылыкIауэ сытепсэлъыхьыну сыхуейт. И къуэрылъху, пхъурылъху бынхэм ящыщу сэ сызэрынэхъыжьымкIэ сыкъикIащ, сыту жыпIэмэ си адэшхуэм гулъытэкIэ хуиту сигъэфIащ. Си цIыкIущхьэм щегъэжьауэ нобэ къыздэсым си адэшхуэм и нэIэ стекIакъым зы махуи. Сыт хуэдэ Iуэхуи ирехъуи, къызэрыздэмыIэпыкъу щыIэкъым. «Быным теубгъуа» зыхужаIэр си адэшхуэм хуэдэхэрщ – сыту ещхьыщэ а псалъэхэр! Дауи, дадэ теухуа сабиигъуэ гукъэкIыжхэри си куэдщ. СыцIыкIу дыдэу, дадэ сыбгъурысу тракторкIэ губгъуэм дихьэрт; гъэмахуэ хуабэм дадэ фIэфI шху щIыIэр сэри къысIурыIэфIауэ, абы губгъуэм дыщефэрт зыдгъэтхъэжу; дунейм и зэхэлъыкIэм теухуауэ упщIэ бжыгъэншэхэр естырт. Дадэ сэрэ диIэщ си сабиигъуэм къыздитха зы хабзэ дахэ – тыкуэным сыщIешэри, «уи нэр зытеплъэр къащтэ, - жи, къыпхуэсщэхунущи». IэфI гуэр сигу къихьарэ ар къызэрысхуищэхуракъым си гур зыгъэфIыр, атIэ си нэхъыжь лъапIэм иджыри сыфIэсабийуэ къызэрысщхьэщытырщ. 

 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: