Лирик нэсым и лъэужь

ЗэфIэкI дэгъуэ къигъэлъагъуэу илъэс­ зыбжанэкIэ лъэпкъ литературэм хэлэжьыхьащ Гъубжокъуэ Лиуан. Езы усакIуэм и лэжьы­гъэм,­ абы и тхылъ щхьэхуэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд я Iэдакъэм къы­щIэ­кIащ ди адыгэ тхакIуэхэм ящыщ зыбжанэм. Апхуэдэхэщ Къагъырмэс Борис, Тхьэгъэзит Зубер, ЩоджэнцIы­кIу Iэдэм, Мысачэ Пётр, Бицу Анатолэ, Гъут Iэ­дэм, Сокъур Мусэрбий сы­мэ, нэгъуэщI­хэми я тхыгъэ купщIа­фIэ­хэр. Абы и творчествэм тхыгъэ щхьэхуэ триухуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ержыб Аслъэни.

«Зэман мащIэщ ар адыгэ литературэм зэрыхэлэжьыхьар, ауэ абы куэд хузэ­фIэкIащ - хамэ уэрэд емыжьууэ, езым и лъагъуэ, лирик нэсым и лъэужь литературэм щыпхишыни къехъулIащ. Хузэ­фIэкIащ фIыуэ илъагъу и IэщIагъэм хуэпэжти, хуэIэижьти, и гъа­щIэри и гуащIэри щIыхь зыпылъ а Iуэху лъапIэм триухуати.

Гъубжокъуэм хэлъ­хьэны­гъэфI хуи­­щIащ адыгэ усыгъэми сабий литературэми. Абы и фIыщIи и щытхъуи хэлъщ адыгэ уэрэдым игъуэта зыужьыныгъэм.

УсакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэхэр мыкIуэдыжын ящIащ абыхэм япкърылъ гупсысэ куум, гурыщIэ къабзэм, я художественнэ гъэпсыкIэ щIэщыгъуэм. Гъубжокъуэм и дэтхэнэ зы псалъэри абы и псэ хьэлэлым къыбгъэдэкIырт, игу къабзэм и хуабагъкIэ гъэнщIат. УсакIуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр лъэпкъ хабзэ-нэмысым, хьэл-щэн дахэм, абы и гъащIэм щыщ Iуэху­гъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуащи, аращ ахэр мыкIуэдыжын зыщIыр, цIыхупсэм щIехуэбылIэр, цIыху­гум фIыкIэ къыщIинэр.

Гъубжокъуэр ящыщщ Хэку зауэшхуэм­ зи сабиигъуэр къилыпщIа щIалэ цIыкIухэм. Ар къыщыхъуащ Жэмтхьэлэ, езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм яхэту. Къуажэ школым щыщIэса ­илъэсхэм Гъубжокъуэм фIыуэ илъагъуу щытащ бзэ щIэныгъэ­хэмрэ литературэмрэ, псом хуэмыдэжу адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ. Аращ Лиуан къуажэ еджапIэр нэхъыфIхэм ящыщу къиуха нэужь, I954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым щIы­щIэтIысхьар.

Институтым щыщIэса илъэсхэм Гъубжокъуэм куууэ иджащ адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, абы къыдэкIуэу, урыс литературэр, дунейпсо усыгъэр, тхыдэр, философиер, ло­гикэр.

 ТхущI гъэхэм и етIуанэ Iы­хьэм тохуэ Гъубжокъуэм тхэн щы­щIидзар. Абы и усыгъэ щхьэхуэхэр газет зэмы­лIэужьыгъуэхэм къытра­дзэу хуожьэ, иужькIэ ахэр «Iуащхьэ­махуэ» журналым къытохуэ. Ауэрэ ар усэ­ным дехьэх. Гъубжокъуэм тхэн къызэрыщIидзар усэкIэщ, ауэ абы тхы­лъеджэхэм я пащхьэм япэу ирилъхьар и рассказхэр щы­зэхуэхьэ­са «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» тхы­лъырщ. Абы иужькIэ Лиуан и тхылъ зыбжанэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Налшыкрэ Москварэ къыщыдэкIащ.

УсакIуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр цIыхубэм ягу щIрихьыр абыхэм япкърылъ пэжагъ инырщ, ахэр гъащIэм щыщ Iыхьэу, езыхэм гъащIэр фIыуэ къыщыгъэлъэгъуауэ зэрыщытырщ. Гъубжокъуэр зэи тетхыхьу щыта­къым­ фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэху­гъуэм: и нэкIэ имылъэгъуа, и гумкIэ зы­химыщIа, езыр зыбжанэрэ зымы­гъэпIей­тея, ар куэдрэ хэзымыгъэплъа е зы­мыгъэгуфIа Iуэхугъуэм. Абы щы­­хьэт тохъуэ усакIуэм и усэ нэ­хъыфI­хэр, и прозэ купщIафIэр.

Тхылъеджэхэр щыгъуазэщ Гъубжокъуэ Лиуан и лирикэ усэр зыхуэдэм, абы и усы­гъэ пса­лъэ шэ­ры­уэм­ къарууэ бгъэдэлъым, Iэ­за­гъышхуэ хэлъу усакIуэр литературэм и адрей лIэужьыгъуэ­хэ­ми зэрыхэлэжьыхьам.

Рассказ нэхъыфIхэр урысыбзэкIэ зэ­дзэкIауэ иту Москва и «Детская лите­ратура» тхылъ те­дза­пIэм къы­щы­дэкIа тхы­лъым теухуауэ иджырей урыс усакIуэ Баруздин Сергей мы­п­хуэ­дэу итхыгъащ: «Си дежкIэ Iуэху гуапэу къыщIэкIащ адыгэ тхакIуэ Гъубжокъуэ Ли­уан «Ди къуа­жэ щIалэ цIыкIухэр» зыфIи­ща и тхылъыр. Ар мыинми, абы зыубгъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей лъахэм и нобэрей гъащIэри, и цIыху гъуэзэджэхэм я IуэхущIафэхэри, и щIыуэпс дахащэри. Тхылъым ит дэтхэнэ зы рассказри гукъинэщ, псом ящхьэращи, ахэр куп­щIафIэщ, сабийхэм я гущIэм лъэIэсу художественнэ пэжагъ ин яхэлъщ, тхакIуэм и пса­лъэр еджакIуэ цIыкIу­хэм я гумрэ я псэмрэ дохьэ».

Апхуэдэу Лиуан и тхыгъэхэм щыщхэр зэрадзэкIащ балъкъэрыб­зэкIэ, абхъа­зыбзэкIэ, къэжэрыб­зэкIэ, латышыбзэкIэ, монго­лыб­зэкIэ, украиныбзэкIэ, нэ­гъуэ­щIыбзэхэмкIи. Езы Гъуб­жокъуэми IэкIуэлъа­кIуэу адыгэбзэм къригъэзэгъащ нэгъуэщI лъэпкъ уса­кIуэшхуэхэу Пушкин Александр, Есенин Сергей, Бараташвили Николоз, Тихонов Николай, Джалиль Мусса, Симонов Константин, Гамзатов Расул, Кулешов Александр, Кулиев Къайсын сымэ, нэгъуэщI­хэми я Iэда­къэ­щIэкI­­хэр.

Гъубжокъуэм и критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр пIалъэ-пIа­лъэкIэрэ къытехуэу щытащ ди лъахэм къы­щыдэкI газетхэмрэ жур­налхэмрэ.

Лиуан и лирикэм и «Iэпкълъэп­къыр» гурыхьщ, и гум и къеуэ ма­къыр псэкIэ зыхыбощIэ, абы цIыхугъэ лъагэрэ нэмыс инрэ хэлъщ, гурыщIэ къабзэкIэ зэщIэу­зэ­дащ. Гъубжокъуэм и усэхэр гъащIэм быдэу пыщIащ. И лирикэм и къарур щIэмылIэн папщIэ, усакIуэм мычэму IэмалыщIэхэр къилъыхъуащ икIи ар къехъулIэу щытауэ убж хъунущ.

ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэ къыщыIуэтащ «Си лъахэ – си удз дахэ» усэм. Тхыгъэр зы­тепсэлъыхьыр щIэщыгъуэщи, ­куэдым урегъэгупсыс, псэр егъэ­пIейтей: «СяужькIэ, хуейми, удзи къремыкI…» – жиIат жи, цIыху Iей гуэрым, щылIэм щыгъуэ… Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьдыукI: «СяужькIэ, хуейми удзи къре­мыкI…». ФIы фIэкIа сыт хужыпIэн мы усэм? Ар куэдым ягу ири­хьащ, литературэ критикэм абы гу­лъы­тэшхуэ хуищIащ. Псалъэм пап­щIэ, усэм теухуауэ Тхьэгъэзит Зу­бер итхыгъащ мы псалъэ гуапэхэр: «Гъубжокъуэм и тхыгъэ гъуэ­зэджэ «Си лъахэ – си удз дахэр», си гугъэмкIэ, ди адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм, нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ, ди лирикэм и фIыпIэщ. Усэм къиIуатэ гупсысэр куущ, пщыгъупщэжынкIэ Iэ­мал имыIэу, зы пса­лъэ, мыр мыбде­жым щымыта­щэ­рэт е ар нэ­гъуэщIкIэ зэс­хъуэ­кIынт хужы­пIэ­ну абы къыхэгъуэтэгъуейщ…» Апхуэдэ псалъэхэр зыхуатха икIи зы­хуэт­хыпхъэ усэ купщIафIэ куэ­дыкIей иIэщ Гъубжокъуэм.

Усыгъэм зи гумрэ зи псэмрэ   хьэлэлу езыта Гъубжокъуэм и зы IэдакъэщIэкIым нэхърэ адрейр, и зы тхылъым нэхърэ къыкIэлъы­кIуэр нэхъыфI хъуурэ екIуэкIащ. Абы щыхьэт тохъуэ и усэ щэ бжыгъэхэм нэмыщI, и поэмэ ­гъуэзэджэхэри, рассказ хьэлэ­мэт­хэри, публицистикэ тхыгъэ хъарзынэхэри.

Гъубжокъуэ Лиуан 1963 гъэм СССР-м и Журналистхэм, 1969 гъэм ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм ха­гъэхьауэ щытащ. А къалэн лъапIэхэр и псэр пытыху щIыхь пылъу абы игъэзэщIащ. И лэжьыгъэфIымрэ и ду­ней тетыкIэ дахэмрэ къалъытэри, 1988 гъэм Гъубжокъуэм къыфIащащ «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Лиуан тIэу­нейрэ къратащ «За освое­ние целинных и залежных земель» медалыр, ВЛКСМ-м и ЦК-м и щIыхь тхылъыр».

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: