Гуапагъэ зылэжьхэрКъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ ЦокIыл Азэмэт Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 20-м щитащ «От сердца к сердцу» концертыр. Зэхыхьэ гуапэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, «Ресурсный центр развития волонтёрства» IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.
Мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, гуапагъэм я пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и режиссёр икIи и актёр Мизиев Абубэчыр, артист ТхьэмлIокъуэ Вячеслав, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуторская Елизаветэ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ ЦокIыл Азэмэт къыщалъхуа махуэм псапэу концерт ет бынунагъуэшхуэхэм ящыщ сабийхэм, зи узыншагъэм къимыхьхэм, иужьрей зэманым дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэм защIигъэкъуэн мурадкIэ. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщащ «Сабийр курыт еджапIэм хуэгъэхьэзыр» Iуэхури. КъыжыIапхъэщ, гъэ къэс мы Iуэхум нэхъри зэрызиубгъур, абы хэт цIыху щхьэхуэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я бжыгъэм къызэрыхэхъуэр.
Концертым ирагъэблэгъащ федеральнэ антимонопольнэ IуэхущIапIэм и управленэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къумахуэ Аннэ, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, «Пэрытхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЦокIылыр утыкум ирагъэблэгъащ Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэм жаIа «Уи махуэмкIэ дынохъуэхъу!» псалъэхэмрэ жьыми щIэми абы хуаIэта Iэгуауэ макъымрэ щIэту. Азэмэт псапэ зыпылъ Iуэху дахэр къызэрыдаIыгъам папщIэ псоми фIыщIэ яхуищIа нэужь, гъащIэ къезыта, пщIэ зыхуищI и анэм удз гъэгъа тыгъэ хуищIри, псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуигъэзащ. Артистым дыщIигъужащ пшыхьым хыхьэу къызэрагъэпэща ахъшэ зэхэдзэр сабийхэм яхуэщхьэпэну зэрыщыгугъыр.
ЦокIылым и пшыхьыр иригъэжьащ «Гъагъэ, ефIакIуэ, си Къэбэрдей-Балкъэр» псалъэхэмкIэ икIи япэу игъэзэщIащ куэдым фIыуэ ялъагъу «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдыр. Абы къыкIэлъыкIуащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я лIыгъэм (ЗэрамыщIэ Заретэрэ Мэшыкъуэ Радимэрэ зэдатхар), къэралым, анэм, лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр. Концертым зрезыгъэхьэлIахэр дежьууащ Азэмэт и уэрэдхэм. Пшыхьым къыздаша сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ таурыхъым къыхэщ лIыхъужьхэм я фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу къэфа артистхэми.
Концертыр зыгъэдэхахэм ящыщщ къэралым и утыкушхуэхэр - Марьинскэ театрыр, Чайковскэм и цIэр зезыхьэ залыр, Кремлым и уардэунэр, - зыгъэбжьыфIа, Славян бэзэр, «Витебск-2025» зэхыхьэшхуэхэм ди республикэм и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъэгъуа Бэрэгъун Заур, республикэм и уэрэджыIакIуэхэу КIыщыкъуэ Назир, Хуламханов Къайсын, ДыщэкI ФатIимэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щеджэ Къунаш Эльмирэ, «Насып» къэфакIуэ ансамблыр, нэгъуэщIхэри.
Пшыхьыр къызэрагъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуамкIэ фIыщIэ хуащIу я цIэ къраIуащ КИФЩI-м и Полпредым, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Управленэм, федеральнэ налог IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и управленэм, федеральнэ антимонопольнэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и управленэм, Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченэм, КъБР-м и хьэкумыщIхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, ЩIы ресурсхэмрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэхэм, КъБР-м и щIыналъэхэм я администрацэхэм, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм, цIыху щхьэхуэхэм.
Псапэ Iуэхум зыкърагъэхьэлIащ республикэм и щIыналъэ псоми щыщхэм, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэм. Зэхыхьэм хэтахэми абы ирагъэблэгъа хьэщIэхэми пшыхь дахэр ягу къызэринэжынум шэч хэлъкъым. Псапэ зыпылъ Iуэхум республикэм исхэр зэкъуегъэувэ, гуапагъэ зылэжьхэр я щапхъэу.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:36 →
Лъэпкъым и набдзэ бзылъхугъэ
18.05.2026 - 11:23 →
ИНАРЫКЪУЕЙ МАФIЭС
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
| ||




