Топджэгум

ТхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и гукъинэж хъыбархэр теухуащ езым и гъащIэм къыщыхъуа, къыхуаIуэтэжа Iуэхугъуэхэм. Къэгупсыса хэмылъу, зыхэпсэукI дунейм щекIуэкI Iуэхухэу зэрыщытырагъэнщ абыхэм щIэщыгъуагъ нэхъыбэ езытри. Абыхэм ящыщ зыщ «Топджэгу» Iуэтэжри.

 

Нобэрей топджэгуркъым зи гугъу сщIынур. 1965 гъэм ди «Спартак» дунейнэхум РСФСР-м пашэныгъэр щиубыдауэ щыщытам щыгъуэ къэхъуа тIэкIущ. Топджэгу Iуэхуи зесхуэркъым, абы къыщыхъуа гуэр сигу къэкIыжауэ аращ.

Си гукъэкIыжыр нэхъыщхьэу зэхьэлIари псоми фIыуэ тлъагъу, фIыуи тцIыхуу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь щыхуэфащэм къылъамыгъэсауэ мо гъэ дыдэм цIэр къызыфIащауэ щыта Къуэныкъуей Назирщ. Абы куэд щытхъуащи, сэ къытезгъэзэжынкъым, ауэ зы псалъэу жысIэнщи, Назир гуимыкIыж цIыху гуапэу, хьэлэлу, щэныфIэу, ныбжьэгъу пэжу щытащ. И лIыгъэм и гугъу пщIымэ, лIыгъэ зыхэмылъ ЛIыхъужь ящIыркъым, ауэ щыхъукIи, зауэр зэфIэкIа нэужь, илъэс куэд дэкIыжауэ, ар зыфIащыжыр зырызыххэт.

А зырызхэм ящыщ Назир си гъунэгъуу зы лъэхъэнэ псэуащ. СэзыгъэцIыхуауэ щытари си малъхъэгъу, МВД-м щылажьэ полковник Дудар Мухьэмэдт. А тIур зауэм ипэхэм еджапIэ городокым щызэрыцIыхуауэ зэныбжьэгъути, уэрамым щызэхуэзауэ Назирым мобы жриIащ пэшиплI хъу фэтэрым щыщу зы пэш къызэрыратыр. Фэтэрыр зыхуэзэр къыщыжраIэм, сэри абдеж сызэрыщыпсэур жиIащ Дударым.

А зэманым фэтэрхэр хуабжьу зэпэубыдат, ауэ итIани обкомым и инструктор къызэрыгуэкIри унагъуитI зыщIэс фэтэрым зы пэш цIыкIу щиIыгъыу пхущIэсынутэкъым. Ауэ лъыр къыпыжу зауэм хэта, Дыщэ Вагъуэм щIыгъу нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэри зи бгъэм къыхэлыдыкI Къуэныкъуей Назир а пэш закъуэм щыгуфIыкIыу щIэст.

АтIэ, Назир ехьэлIа гукъэкIыж тIэкIур мы къезгъэкIуэкI къомым хэмызэрыхьыж щIыкIэ вжесIэнщи, махуэ гуэрым дызэгъусэу а гуимыхуж 1965 гъэ топджэгум дыкIуат. ДыздэкIуэм, гъуэгум дащыхуозэ ди адыгэ театрым и артист цIэрыIуэ гуп: Сонэ Мухьэрбий, Болэ Мурат, ТIыхъужь Алий, сымыщIэж нэгъуэщI гуэрхэри, ди режиссер цIэрыIуэ Ерчэн Леонид я пашэу. Назиррэ абыхэмрэ си гуапэу зэрызогъэцIыху, ахэр зэрызиныбжьэгъум срипагэу, Назир деж лъапIи сыщрихъуу.

ДыздэкIуэм, Назир моуэ гузавэу, Iэнкун къэхъуа хуэдэу къысфIощIри соIущащэ:

- Сыт, Назир, щхьэ упIейтейрэ, си ныбжьэгъухэр уигу иримыхьауэ ара?

- СыкъэпщIащ, Мухьэмэд, сыпIейтейщ. Ауэ сыбгъэцIыхуахэр сигу иримыхьауэ аракъым - хуабжьу гуапи сщыхъуащ, ауэ садемыкIункIэ, садэмыхъункIэ сошынэ, ахэр нэмысышхуэ, щэнхабзэ ин зыхэлъ цIыхушхуэхэщ. Сэ адыгэм куэд лъандэрэ сахэтыжакъыми, абыхэм я деж емыкIу къыщысхьмэ жызоIэри согузавэ. КхъыIэ, закъыкIэрыдгъэгъэхуж.

- Сыт жыпIэр, Назир, ахэр щIалэжьщ, цIыху фIыуэ ялъагъу, ныбжьэгъур яфIэфIщ…

- Сэ сщIэ мыгъуэрэ, сэ дзэ къулыкъу ткIийм куэдрэ сыхэтащ, адыги сымылъагъуу, мыхъун гуэр къызжьэдэкIрэ емыкIу къэсхьмэ…

- ХьэIэ, хьэIэ, апхуэдэ щыIэкъым.

- АтIэ, зыгуэркIэ сыкъыщIэхуэмэ, уэ уи Iуэхущ, Мухьэмэд.

- Дэгъуэщ, гумызагъэ, - жызоIэри, Назир и гур фIы хуэсщIауэ стадионым докIуэ. ЗэкIэлъхьэужьу дотIысэкI, сэ нэхъыщIагъэкIэ ижьырабгъу кIапэр зылъызгъэсауэ, Адыгэ хабзэмкIэ апхуэдэу щытын зэрыхуейри зыгуэрым къыжеIэри, ари имыщIэу къызэрищIар Назир и гуапэ мэхъу. ИтIанэ, абы къыпищэ щIыкIэу, Мухьэрбий къеIуэтэж зауэм и пэкIэ мыпхуэдэ топджэгум къыщыхъуауэ щытар: Къалмыкъ БетIалрэ абы къыкIэлъыкIуэ унафэщIышхуэмрэ зэбгъурысу топджэгум здеплъхэм, къулыкъущIэшхуэр зыбгъурыс нэхъыщхьэжым йоупщI, жи: слIо, товарищ Калмыков, мы къомым зы хьэфэтоп зэпаубыдауэ къызэремыхьэкIыу, я топ зырыз къахуэдмыщэхуфу Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэу дыкъулейсыз?

А гушыIэ тIорысэр Мухьэрбий апхуэдизкIэ гъэщIэрэщIауэ жиIати, Назир фIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуащ, ар зэхэтхыурэ дужэгъужа пэтми, дэри дридыхьэшхащ… Арати, Назир игурэ и щхьэрэ гъэтIылъауэ гупым къызэрытхэзэгъар солъагъури, сэри согуфIэ, топджэгури, зэрыхабзэу, хэт кIийуэ, хэт гуоуэ йокIуэкI. А лъэхъэнэр псоми дащытекIуэ ди гъэти, а махуэри арат.

Топищ дэдгъэкIа пэтрэ, мо адыгэ нэпсей къомыр кIийрт: еуэ, еуэ, еуэ! Аргуэру топищ дагъэкIми, аргуэру щы жызыIэнухэрт кIийр. Адыгэм ягъафIэ Iэпщэ Александр а зэманым и уэлиигъуэти, абы топыр къыIэрыхьэху Мухьэрбий къызэфIэувэрти и Iэшхуэр игъэдалъэрт: «Еуэ, Сашэ, уащымысхь!» Сашэ топыр яфIыкIуэцIрихри, гъуащхьэм нэхъ пэгъунэгъу и джэгуэгъум иритащ. Зритам ихъу-илъ зищIри, топым еуащ, арщхьэкIэ гъуэм хуэмызэу ищхьэмкIэ щхьэпрылъэтащ. Абдежым Мухьэрбий къыщылъэтащи, и макъ лъэщым къызэрихькIэ мэгъуахъуэ. «А зи анэр ауэ, моуэ хъун лъакъуэIушэжь…» жиIэу ирекъутэкI.

Назир, а махуэм хьэрэм-хьэлэлкIэ зыхезгъэлъхьа Дыщэ Вагъуэр и Iэ лъэныкъуэмкIэ игъэпщкIущ, адрей Iэ лъэныкъуэр и нэкIум Iуилъхьэри къыткIэщIэкIуэсыкIыжащ…

Сэ зыкъомрэ селIэлIащ Назир а гупым яхэсшыжыну, ауэ схузэфIэкIакъым. Иужьым сэрыншэу зэныбжьэгъу хъужхэри, Назирри яхэзэгъэжащ, уеблэмэ, къыщылъэтрэ кIийуэ ирагъэсащ, ауэ яхуэхъуэнакъым, топджэгум щыкIуэкIэ, и Дыщэ Вагъуэри зыхилъхьэжакъым.

Зыгъэхьэзырар

Тхьэхущынэ Ланэщ.

 

Поделиться:

Читать также: