ШыщхьэуIум и 24-м къихьа Мулид мазэр фокIадэм и 22 пщIондэ екIуэкIынущ. Ар Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ «рабиалл-Iэууэл» жыхуаIэ «япэрей гъатхэрщ».
Дауи, псапэ ищIэн щхьэкIэ, муслъымэныр зэман хэха лъыхъуэркъым, ауэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дунейм къыщытехьа мазэми махуэми ущыгуфIыкIыныр уи мурадхэр зэрыкъабзэм и щыхьэтщ, абы фIы къызэрыдэкIуэми шэч хэлъкъым. Мулид махуэр, рабиал Iэууэлым и 12-нэр, мы гъэм хуэгъэфэщауэ зытехуэр фокIадэм и 4-щ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дунейм къыщытехьа дыдэр убзыхуауэ зэрыщымытым къыхэкIыу, ар Алыхьталэм и пащхьэм щихьэжа махуэм трагъэхуауэ аращ.
Тепщэхэм ящыщу мулидыр япэу цIыхубэ махуэшхуэ зыщIар Ирбил къалэтету икIи тхьэшынагъэ зыхэлъ дин щIэныгъэлIу щыта Ибн Бактакин жыхуаIэрщ, и хахуагъым папщIэ Музэффэр цIэ лейр зыфIащар. Хьэлэлу, захуагъэм тету, псапащIэу щыта Музэффэр игъэгуфIэн папщIэ, Дихья жыхуаIэ нэгъуэщI зы хьэлимым «ЛIыкIуэ лъапIэр дунейм къыщытехьар гъэлъэпIэныр» тхылъ зэхилъхьауэ, абы щхьэкIи тепщэм динар мин тыгъэ къыхуищIауэ щытащ. Гъунэгъу къалэхэм, къэралхэм, щIыпIэ жыжьэхэм къикI хьэщIэхэр щрагъэблагъэ япэ мулид дауэдапщэр Музэффэр щригъэкIуэкIар 1207 гъэрауэ жаIэ. КъатиплI-тхууэ зэтет гъэлъэгъуапIэ 20-м нэс къалэм дэту, цIыхухэр махуэ зыбжанэкIэ гуфIэгъуэм хэтт, и кIэухым ерыскъыр берычэту ягуэшу. Езы тепщэр мулид жэщым мафIэ зэщIэгъэнахэр щхьэщыту, уэрамхэм кIуэцIрыкIырт.
Мулидыр ягъэмахуэшхуэныр къыщежьар Мысырырауэ щытми, Каир ар къэрал гуфIэгъуэ щыщыхъуар XIII лIэщIыгъуэрщ. 1588 гъэм мулидыр езым и сэрейм щагъэлъапIэ махуэшхуэу игъэувауэ щытащ тырку уэсмэн тепщэ Мурад Ещанэм. ИужькIэ ар зэрыкъэралу хабзэ щыхъуащ.
А зэман кIыхьым къриубыдэу, мулидыр адрей махуэхэм къыхэгъэщыныр псапэу къэзылъытэхэмрэ ар диным щымыщ гуэру жызыIэхэмрэ зодауэ. Адыгэхэр къапщтэмэ, нэщI мазэм ещхьу, дин зезыхьэхэри зезымыхьэхэри зэкъуэзыгъэувэ зэману хэтщ мулидыр ди цIыхубэ гъащIэм. Зэманым и нэщэнэ хъуа зыгъэлъэгъуэн нэрыгъыр къыхэмыхьэмэ, ЛIыкIуэ лъапIэм и цIэр фIыкIэ къипIуэнкIэ зэи пхуегъэлеину къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ, щэлэуатым фIыгъуэу къыдэкIуэр пхуэмыбжынщ. ЗыхузэфIэкIхэм Бегъымбар махуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и гъащIэ гъуэгур, и жыIэгъуэхэр, и дуней тетыкIар ягу къыщагъэкIыж пшыхьхэр ирагъэкIуэкI. НэщIыным, псапэ щIэным, тхьэмыщкIэхэм ядэIэпыкъуным нэхъ тезыгъащIи щыIэщ. Муслъымэну зыкъэзылъытэжым а зэман лъапIэм зэрыщыгуфIыкIымкIэ и диныр къызыдэкIуа цIыху лъагэм пщIэ хуищIу аращ. Мухьэмэд лъапIэр нэхъыфIу зэбгъэцIыхунымкIэ, абы къихьа щIэныгъэм нэхъ куууэ зыхэбгъэгъуэзэнымкIэ щхьэусыгъуэ пхуэхъумэ, дэтхэнэ гупыж дахэри псапэщ, дахэщ, къабыл хъуну узыщыгугъыпхъэщ.