Тхыдэм и дерсхэр

Кавказ зауэм Урысей къэралым насыпыншагъэ куэд къыхудэкIуащ. Бгырысхэм ялъ щагъэжа зауэщ ар, ахэр къазэун, дакъузэн папщIэ. Зауэм хисхьэпар адыгэхэмрэ абыхэм я лъахэмрэщ. Адыгэхэм къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ щIауфэн мурадкIэ, урыс пащтыхьым и къулыкъу-зехьэхэм зауэм и пэжыпIэр ябзыщI зэпытащ, псом хуэмыдэу абы кърикIуа мыгъуагъэхэр. 

ИлъэсищэкIэ, 1763 - 1864 гъэхэм, екIуэкIа лъыгъажэ зауэм и пэжыпIэр сэтей къащIакъым совет зэманми, «СССР-м ис лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэм зэран хуэмыхъун щхьэкIэ». Абы къыхэкIкIэ Кавказ зауэм и тхыдэм щIэблэр щIэх щыгъуазэ хъуакъым. Нобэ нэгъуэщIщ: Урысейр демократием и гъуэгум техьащ, Кавказ зауэм и тхыдэр бджынумэ, зыри къыппэрыуэнукъым.
ЛъэпкъкIуэд, хэкукъутэ хъуащ Кавказ зауэр адыгэхэм дежкIэ. Адыгэ минищэ Iэджэ хэкIуэдащ зауэм, я щхьэм и закъуэкъым зауэм халъхьар, я мылъкуи, я псэуалъи, я щэнхабзи хисхьащ абы, я зыужьыныгъэр зэтригъэувыIащ. Зауэм къелам я нэхъыбапIэм - цIыхуипщI къэс бгъум - хэкур ирагъэбгынащ. Дуней псом текъухьауэ, хэкур зрагъэбгына адыгэхэм я щIэблэр нобэ щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданым, США-м, Израилым, Иракым, Мысырым, Ливием, Суданым, Германием, Франджым, Болгарием, ОАЭ-м, Канадэм, Австралием, Голландием, Инджылызым, нэгъуэщI къэрал куэдми.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, пащтыхьым и дзэпщхэм зэрахьа лейм щхьэкIэ дэ нобэрей урыс лъэпкъым губгъэн худиIэкъым. Адыгэхэм ящIэ: урыс цIыху къызэрыгуэкIхэм лажьэ яIэкъым, ахэр зауэ гущIэгъуншэм хэтын хуей хъуамэ. Абыхэми ялъ куэд щыжащ а зауэм, нобэрей щIэблэр абы щхьэкIэ игъэкъуэншэну зыри хуиткъым, нобэрей щIэблэм жэуап ихьыркъым пащтыхьым и дзэпщхэмрэ и IэщакIуэхэмрэ ялэжьа хьэ-кIэкхъуэкIагъэм папщIэ.
Iэщэр къызэмэщIэкI, топ зимыIэххэ адыгэхэм къезэуащ зауэм хуа-гъэса, IэщэкIэ зэщIэузэда дзэшхуэ - зауэм и кIэхэм деж урысыдзэр сэлэтрэ офицеру мин 250-м нэсу щытащ.
Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ къизэун папщIэ, пащтыхьым и дзэпщхэр зыхуемыкIуа бзаджагъэрэ Iэмалрэ къагъэнэжакъым, мылъкур ятхьэкъуурэ, зы лъэпкъыр адрейм ирауштурэ. «Зэпэгуэши, хэгуэ» - аращ урыс дзэпщхэр зытетар.
«Бгырыс жыIэмыдаIуэхэр» я IэмыщIэ ираубыдэн щхьэкIэ, абыхэм бзаджагъэ Iэджэ къыкIэлъызэрахьащ урыс дзэпщхэм, дзэ пакIэхэр къраутIыпщурэ жылагъуэхэр, псэуалъэхэр, хьэсэхэр зэтрагъасхьэу, дзэшхуэ кърашажьэрэ къатеуэу. Абыи къыщынакъым: генерал-лейтенант Вельяминов Алексей и жэрдэмкIэ 1833 гъэм щIадзэри Шэрджэсыр быда-пIэхэмкIэ къаухъуреихь хъуащ, адыгэхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. Абы и ужькIэ илъэс щэщI дэкIри, Кубань областым ис дзэм и Iэтащхьэ генерал Евдокимов Николай иублащ Шэрджэс хэкум адыгэхэр иригъэкъэбзыкIыныр. 1861 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м урыс император Александр ЕтIуанэм унафэ ищIащ Ищхъэрэ Кавказым урысхэмрэ къэзакъхэмрэ из щIын хуейуэ - ар щIыIэнэщI хуэдэ!
Кавказ зауэм хисхьащ адыгэ жылагъуэ куэдыкIей. Декабрист Бестужев Александр игу щIыхьауэ итхыгъащ: «ФIыгъуэ къахуэтхьын щхьэкIэкъым бгырысхэм дакъылъыщIихьар: абыхэм я гъавэри я мэкъури зытыдогъасхьэ». Вельяминовым итхыгъащ: «Дожьэри мафIэ ядодз, жылагъуэхэр догъэс. УзэплъэкIынуи шынагъуэт, дэнэкIи мафIэсти». Зауэм хэта, ар зи нэгу щIэкIа урыс офицерхэм ящыщ куэдым къызэранэкIащ адыгэхэм кIэлъызэрахьа лейм и щапхъэ куэд. ЩIэныгъэлIхэри щыхьэт тохъуэ абы. Академик Бутько П. Г. и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым («Материалы по новой истории Кавказа». Спб, 1869 гъэ) итщ пащтыхьым и дзэм ди хэкум щригъэкIуэкIа лъыгъажэ зауэм и хъыбар куэд. Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ:
- 1787 гъэм жэпуэгъуэ мазэм генерал-аншеф Теккели дзэшхуэ къришажьэри Псыжь къызэпрыкIащ; дзэм адыгэ жылагъуэ 300-м щIигъу зэтрикъутащ, игъэсащ... Гъави мэкъуи къелакъым, псы ирагъэжыхьыжащ;
- 1788 гъэм шыщхьэIу мазэм Анапэ и Iэшэлъашэм щекIуэкIа зауэм адыгэ 800 хэкIуэдащ, жылагъуитхум унэ минитI щакъутащ, я мылъкур зэрапхъуащ;
- 1790 гъэм генерал-поручик Розен Псэкупсэрэ ПщIасэрэ я Iуфэм Iуса жылагъуэ псори игъэсащ;
 - ар дыдэм жэпуэгъуэ мазэм и 7 - 9 махуэхэм Мартэ псым и Iуфэм къуажищ щигъэсащ, нэгъуэщI щIыпIэм деж - къуажи 8, Псыжь и сэмэгурабгъумкIэ дэкIуейри КIэмыргуейм нэблэгъауэ къуажэ 28-рэ игъэсащ;
- Щербинэ Ф. зэритхымкIэ («История Кубанского казачьего войска». Екатеринодар, 1913), генерал Власовым 1821 - 1825 гъэхэм Шэрджэсым къуажэ куэд щигъэсащ, сабий, лIыжь-фызыжь, цIыхубз, цIыхухъу куэдыкIей щызэтриукIащ;
- 1861 гъэм гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм генерал Евдокимовым Щхьэгуащэрэ Хуэдзрэ я тIуащIэм адыгэ къуажэ 90 щызэтрикъутащ («Русский вестник», 1887, №7);
- хьэкIэкхъуэкIагъэ ин дыдэ зезыхьахэм ящыщщ Кубань линием и Iэтащхьэ генерал Засс, абы иукIахэм я щхьэхэр бжэгъум фIиIуурэ гъуэгущхьэIухэм, Iуащхьэхэм тригъэувэу, «яджын папщIэ» нэгъуэщI къэралхэм яхуригъэхьу щытащ. Уи гур мыузынкIэ Iэмал иIэкъым Засс зэрихьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэм щыгъуазэ уащыхуэхъукIэ. А лъыифым и цIэр ноби зэрехьэ Кубаным и жылагъуэшхуэхэм ящыщ зым - ар гум тегъэхуэгъуейщ.
Зауэр екIуэкIыху апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэхэмрэ лъыгъажэмрэ хэкIакъым Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ щызэуа дзэр - цIыхур зэтраукIэу, мылъкур зэрапхъуэу, щIыр фIаубыду. Адыгэхэм нэхъри къебгъэрыкIуэ, къытракъузэ щыхъуар XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм я пэщIэдзэрщ, ахэр хы Iуфэм Iуахуэн, хэкум ирахун щхьэкIэ.
 Шэч зыхэмылъращи, Кавказ зауэм и зэманым адыгэ къуажэ миным щIигъу зэтрагъэсхьащ - Хатынь иращIам ебгъапщэ хъунущ ар. Хатынь и цIэр тхыдэм къыхэнащ, Кавказ зауэм хисхьа адыгэ жылагъуэхэм я цIэр тхыдэм хэбзэхыкIащ... А псор зи нэгу щIэкIа генерал Раевский Николай итхыгъащ: «Кавказым щыдлэжь щIэпхъаджагъэм сигу къегъэкIыж Америкэр къазэун щыщIадзам щыгъуэ испанхэм зэрахьа лейр... Кавказ зауэр урыс тхыдэм лъызащIэ лъэужьу къыхэмынэну Тхьэм жиIэ, испан зэрыпхъуакIуэхэм я лъэужьыр абыхэм я тхыдэм къызэрыхэнам хуэдэу». Зауэ кIыхьым хадза адыгэхэм гущIэгъу къахуэзыщI генералхэм ящыщащ Раевскэр, абыхэм къезэуэн имыдэу дзэр ибгынауэ щытащ.
 Пащтыхьым и дзэм адыгэхэм къакIэлъызэрихьа леймрэ залымыгъэмрэ гъуни нэзи яIэкъым. Адыгэхэр зэтраукIащ я хэкумрэ я щхьэмрэ я хуитыныгъэм зэрыщIэзэум папщIэ. Пащтыхьым и тхыдэтх Фадеев Ростислав зиумысыжауэ щытащ: «Псыжь адрыщI ис адыгэхэм я щIыналъэрат къэралыр зыхуейр, езыхэм зыкIи хуэныкъуэтэкъым».

 

 

 

 

 

 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: