Хы ФIыцIэм и гуауэ

Дунейм зэрыпхъуакIуэ зауэ мин 15-м щIигъу щекIуэкIащ. Ауэ игъащIэми къэхъуауэ къы­щIэ­кIы­нукъым адыгэхэр зыхадза зауэ гущIэгъуншэм хуэдэ. Лъэп­къым лъап­сэрыхыр къыхуи­гъэ­кIуащ а зауэм. Къелам и нэ­хъы­ба­пIэр хэкум ирахуащ. Ар зы­фIэ­захуэ ущри­хьэлIэ щыIэщ иджыри къэс. Ауэ пэжыр зыщ: ирамы­ху­лIа­тэмэ, я щхьэр щIрамыг­ъэхьа­тэмэ, фочыпэкIэ хы Iуфэм Iуа­мы­хуатэмэ, кхъухьхэмрэ кхъуафэхэмрэ ира­гуэурэ хым зыпрамышатэмэ, псэм пащI я хэкур зыбгынэн зы адыги къэхъунтэкъым. Аращ илъэси 100-кIэ зэпымыуа зауэ гу­щIэ­гъун­шэм къытхуихьар - хэкур ябгынэн ­хуейуэ ирахулIащ адыгэхэр, я лъахэр, я мылъкур, я гъавэмрэ я Iэщымрэ, я адэжьхэм я кхъэлъахэхэр, я губгъуэхэр, я къуршхэр, я мэзхэр, я хадэхэр, я псы уэрхэр IэщIыб ирагъэщIурэ...

Урыс щIэныгъэлI цIэрыIуэ Берже Адольф итхыгъащ: «Урысыдзэм жылагъуэхэр зытрагъас­хьэурэ цIыхур хы Iуфэм Iуахуэрт. Ахэр кхъуафэхэм ирагуэрти, Тыркум яшэрт». Хым траша адыгэхэм я зэ­хуэ­дитIым нэхърэ нэхъыбэр мэ­жэ­щIалIагъэм ихьащ, щIыIэм иукIащ, зэтелIащ.

«Всемирный путешественник» га­­зетым 1871 гъэм итхащ: ­«Илъэс дэкIри, абыхэм я бжыгъэ ща­нитIыр зэтелIащ... Батум деж щи­тIы­сыкIа хьэжрэт мин 22-м щыщу псэууэ къэнэжар мини 7-щ; Самсун щытIыса мин 30-м къелар 1800-рэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ цIыхур мин бжыгъэкIэ зэтелIащ. «Апхуэдэ насыпыншагъэр апхуэдизу егъэлеяуэ цIыху цIыкIум я нэгу щыщIэкIар зэзэмызэщ» - итхыгъащ урыс пащтыхьым и зэ­рыпхъуакIуэ политикэр зыфIэ­за­хуэ Дроздов Иван.

Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм хамэ щIыналъэм тыншыгъуэ щагъуэтакъым. Пащтыхьхэм я зэманым и закъуэкъым лъэпкъхэр зэ­хэ­зехуэн ящIу, я хэкум ирахуу щыщытар. Совет къэралым и зэманми къэхъуащ апхуэдэ насыпыншагъэ. ИтIани, адыгэхэм кIэ­лъы­зэрахьа лейм хуэдэ зылъыса къэгъуэтыгъуейщ - лажьэ зимыIэ лъэп­къыр зэрылъэпкъыу ира­хуащ я хэкум, хамэ щIыналъэхэм хэхэс щыхъуащ ахэр.

Зауэм и зэманым зэтраукIащ адыгэ лъэпкъ зыбжанэ: адэмейхэр, мэкъуэшхэр, жанейхэр, хэ­гъа­­кIэхэр; убыххэр зэрыщыту ирахуащ я хэкум.

Зауэм къела шэрджэсхэр (мин 33-рэ хуэдиз хъууэ) Псыжь губгъуэ шэдылъэм ягъэIэпхъуащ, ахэр къатIысыхьащ, я щхьэр кърамы­гъэ­Iэтын щхьэкIэ. Вакъэ зэв ира­гъэуващ Псыжь губгъуэ ягъэ­Iэп-х­ъуахэр, я лъэр япхащ, яхури­къун гъавэщIапIэ къратакъым, я нэр ямыгъаплъэ, ягу къихьэмкIэ ягъэ­къуаншэ хъуащ. А псор яхуэмышэчурэ, Кавказ зауэр зэрыувыIэ лъандэрэ илъэс 30 - 40 дэкIарэ пэт, заIэтурэ Тыркум куэд Iэпхъуащ.

Илъэси 146-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. ИлъэсищэкIэ зэпыуакъым ар, зэзэмызэщ ап­хуэдэ зауэ гущIэгъуншэ цIыху цIы­кIум и нэгу щыщIэкIар. Гуузщ абы и тхыдэр, ноби дызыщымыгъуазэ куэд хэлъщ а зауэм и тхыдэм, и кIэм нэсу джа хъуакъым.

Илъэси 146-м и кIуэцIкIэ дунейми Урысейми зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ. Зихъуэжащ адыгэхэм я гъащIэми. ИтIани, дигу ихуркъым адыгэхэм я щхьэр, я хэкур зыхалъхьа зауэ гуащIэр, абы къыттридза уIэгъэр кIыжа­къым нобэр къыздэсым - ар зы­хы­дощIэ къэбэрдейхэми, адыгейхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми. Дэ дигу къоуэ адыгэхэр зы­те­кIуэда лъыгъажэ зауэм и пэ­жы­пIэр тщIэныр, тIуэтэныр къыщытпаубыд къызэрыхъур.

Ди тхыдэм зэIумыбз куэд хэлъщ, а псор хэIущIыIу хъуа нэужьщ цIыхум я акъыл щызэтехуэнур. Пэжыр щIэбуфэ хъунукъым, ар IэфIми дыджми. Пэжым цIыхухэр зэрешалIэ, пцIым зэблеш.

Тхыдэм и шэрхъыр къыпхуегъэ­кIэ­­рэхъуэкIыжынукъым, блэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Тхыдэм и дерсхэм дригъуазэурэ ди щыуагъэхэр дгъэзэкIуэжын тхузэ­фIэ­кIа нэужьщ лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ ныбжьэгъугъэрэ щыдэлъынур. Кавказ зауэм хэкIуэ­дахэм (адыгэхэми, урысхэми, къэзакъхэми) фэеплъ яхуэхъунущ абы и пэжыпIэр - ар геноцидщ ады­гэхэм дежкIэ, аращ фIэкIыпIэ зи­­мыIэ пэжыр. Апхуэдэ лъэба­къуэ псоми тхуэчмэ, абы и ужькIэ нэхъри благъэ, гуапэ дызэхуэхъунущ Урысей Федерацэм ис лъэпкъ­хэр, ди къэралри нэхъ лъэщ хъунущ, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъу­гъэри нэхъ ефIэ­кIуэнущ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэр, ди къэралми нэгъуэщI къэралхэм щызэхэт Адыгэ Хасэхэр Урысей Фе­де­ра­цэм и Президентым, Правительствэм, Урысейм и Федеральнэ Зэхуэсым щогугъ гугъуехь куэд зыгъэва адыгэ лъэпкъым хуэфащэ гулъытэ къыхуащIынкIэ.

Адыгэхэр илъэсищэкIэ зыхэта лъыгъажэ зауэр геноциду къалъытапхъэу 1992 гъэм унафэ къищ­тауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэ­хъыщхьэм, 1994 гъэм КъБР-м и Парламентым ар дыдэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсымрэ Къэрал Думэмрэ. А лъэIухэм ­иджыри къэс зыри къикIакъым.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: