ХьэщIэм фIыгъуэ къыдокIуэ

Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зыхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.

А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.

ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.

Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашти, джэгу хуащIт. Хъыджэбзхэр епIэщIэкIыу къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыоу къызэхуэсхэрт.

Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэм къыхуащтэрт.  Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зы зэман хьэщIэрэ къыщIашт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» - жаIэрти джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэмкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ещI.

ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» - жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашт. Хъыджбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ зыгуэркIэ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэрт.

Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.

***

Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIэ хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», - жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», - жаIэу.

Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам къритамэ, фIэхъусыр къыIихти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» - жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.

Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.

ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», - жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зышIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ аращ уэ пхуэфащэр», - жиIэу къикIыу.

«ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», - жаIэрти яIэ псомкIи ягъэхьэщIэрт щыгуфIыкIыу.

Поделиться: