Ди лъэпкъыцIэм епха бэзэр Iуэхухэр«Шэрджэс» фIэщыгъэм щIэту, Европэм къыщыдагъэкIыу щыта хьэпшыпхэр куэд дыдэ зэрыхъур щIэщыгъуэу къеIуэтэж ди лъэIукIэ Iуэхум нэхъ куууэ зыхэзыгъэгъуэза, «Инджылыз академие» школ гупым и къудамэу Налшык дэтым и унафэщIхэм ящыщ, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ Къардэн Линэ. «Зи гугъу тщIынур Европэм, Америкэ Ищхъэрэм, Австралием XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм щыцIэрыIуэу щыта, «Шэрджэс» лъэпкъыцIэр зытегъэуа хьэпшыпхэрщ. А лъэхъэнэрщ цIыхухэр а «брендым» замыщIэжу итхьэкъуауэ щыщытар. Дауи, фейдэ лъыхъуэ сатуущIэхэми ар зыIэщIагъэкIакъым, я мылъкур ягъэбэгъуэн папщIэ. «Шэрджэс» псалъэр зытрамытхар укIуэдыж, щхьэр зытекъутэн хуей сабий джэгукIэхэм я деж щегъэжьауэ, кхъухьхэм я деж щиухыжу. Ауэ нэхъыбэу ар къэзыгъэщхьэпар дахагъэм елэжьхэрщ, сыту жыпIэмэ, а зэманым щIы хъурейм цIыхуу тетым хьэкъыу япхыкIат дунейм адыгэ хъыджэбзхэм нэхърэ нэхъ дахэ темыту. Махуэ зыбжанэкIэ американ, британ, австралие газетыжьхэм сахэплъа нэужь, пхуэмыIуэтэну хъыбарегъащIэ куэд дыдэ къысIэрыхьащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэмкIэ сывдогуашэ, сурэтхэм ятетхам тыншу укъеджэфынущ. Мис, псалъэм папщIэ, зэрызыбгъэдэхэну, зэрызыбгъэкъэбзэну хьэпшыпу газетхэм сызыщрихьэлIахэр: «Адыгэ нэ щIэгъаткIуэ», «Адыгэ сабын», «Адыгэ крем», «Адыгэ щхьэцщыхуэ», «Адыгэ гъагъэ», «Адыгэпс», «Адыгэ лосьон», «Щхьэцым папщIэ адыгэ дагъэ», «Щхьэцыр къызэрыбгъэкIыжын адыгэ крем», «Адыгэ щхьэцылэ», «Адыгэ жьакIэупс крем», къинэмыщIхэр. Си щIэщыгъуабзэу, си гум ехуэбылIэу сыкъеджащ а зэманым къыдэкIа тхыгъэхэм, езы тхыдэм си IэкIэ сеIусэм хуэдэу. А къезбжэкIахэм нэмыщI, иджыри модэм и дунейми фIэщыгъэ куэд сыщрихьэлIащ: «Адыгэ щыгъын», «Адыгэ теубгъуэн» хуэдэхэм. КъинэмыщIауэ, балетымрэ къафэмри мыпхуэдэцIэхэр къыхощ: «Адыгэ балет», «Адыгэ удж хъурей». Иужьрейм уеблэмэ «Зи цIэр ”Е”-кIэ къригъажьэ Энн» фильмым ущрохьэлIэ. Модэм и гугъу щытщIкIэ, дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Франджым «Шэрджэс» бзыпхъэкIэ къыхэха бостейхэр щызэбгрыкIыу зэрыщытари. Мы згъэхьэзыра тхыгъэхэмрэ зэхуэсхьэса сурэтхэмрэ феплъмэ, а зэманым щыIа сатуущIэхэм «Шэрджэс» цIэмкIэ ирагъэлеяуэ къыффIагъэщIми, а псалъэм и цIэрыIуагъым къишэнкIи хъуну фейдэм хуэнэпсей Тейлор Барнум Финеас ар къызэригъэщхьэпа щIыкIэм ефлъытмэ, апхуэдэу къыфщыхъужынукъым». Линэ зэхуихьэса сурэтхэм щыдолъагъу зи гугъу ищIа напэщыхуэ, щхьэцщыхуэ, нэ щIэгъаткIуэ, къинэмыщIхэр зэрыту ящэ абдж цIыкIухэмрэ абыхэм я щхьэтепIэу «Шэрджэс» цIэр къызытещхэмрэ. «Ахэр аукционхэм къыщыпхуэщэхунущ, - щетх Линэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм щытепсэлъыхьыжа и телеграм-каналым. – Ауэ Лондон дэт зы IуэхущIапIэм нобэми цIыхухъухэм я щхьэцыр зэрызэрагъэзахуэ «Шэрджэс крем» щащэ, ар «Валберисым» сом мини 5-кIэ къыщыпхуэщэхунущ». КъызэрыддэIэпыкъуам папщIэ фIыщIэшхуэ зыхуэтщI Къардэн Линэ Псыхуабэ дэт бзэщIэныгъэ университетыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. ИужькIэ Франджым щыIэ, Сабатье Поль и цIэр зезыхьэ университетым щеджащ, «Кембридж инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ, ассистент» IэщIагъэхэмкIэ дэфтэр иIэщ, инджылызыбзэмрэ франджыбзэмкIэ егъэджакIуэщ, Налшык 2014 гъэм къыщызэIуаха «ИнджылызыбзэмкIэ академием» щолажьэ. Зэрытлъагъущи, цIыху губзыгъэм хамэ къэралыбзэ зыбжанэ ищIэ, щIыналъэ куэд илъэгъуа щхьэкIэ, и Хэкур япэ иригъэщын къанэркъым, и анэдэлъхубзэми елъэпауэркъым.
Поделиться:
Читать также:
29.05.2026 - 15:12 →
Зы илъэс къызэднэкIащ
24.05.2026 - 12:43 →
ТхакIуэ, егъэджакIуэ, журналист
22.05.2026 - 11:34 →
Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр
21.05.2026 - 12:26 →
Тхыдэм лъэужь къегъанэ
19.05.2026 - 12:26 →
Шэрджэс Хэкум
| ||




