Зи мурадхэр лъагэ адыгэ щIалэщIэЩIалэгъуэ лъэхъэнэ дахэр, къызэрымыкIуэр щызу, купщIафIэу езыхьэкIхэм, абы къит IэмалыфIхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ нэсу гъащIэм къыщызыгъэсэбэпхэм ящыщ адыгэ щIалэщ Къущхьэ Борис. ЗэфIэкI инхэр къызыкъуэзых щIалэщIэм и мурадхэр Iуащхьэмахуэ хуэдэу лъагэщ, и гуращэхэр абы къыщIэж псынэпсым хуэдэу къабзэщ. Къущхьэ Борис 2000 гъэм Владикавказ къалэм къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ а къалэм дзэ къулыкъум щыпэрыт полковник Къущхьэ Хьэбыж и унагъуэ дахэм. Борис фIы дыдэу щеджащ Тэн Iуфэ Iус Ростов къалэм дэт, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ кууу щрагъэгъуэт уней лицей хэхам. Лицейм щыщIэса илъэсхэр купщIафIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ абы. Къущхьэр мызэ-мытIэу хъуащ ШколакIуэхэм тхыдэмкIэ я урысей олимпиадэм и призёр. 2017 гъэм Борис хъуащ Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм Москва Хамэ къэрал зэхущытыкIэхэмкIэ и институтым (МГИМО) иригъэкIуэкIа зэпеуэм и пашэ. Апхуэдэу адыгэ щIалэр 2016 гъэ лъандэрэ щытащ УФ-м и Президентым и УнафэкIэ зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ школакIуэхэр дэIыгъынымкIэ ягъэувауэ щыта Президент саугъэтым и лауреату. «ЩIэныгъэхэм я къигъэхъуапIэ» фIэщыгъэр зиIэ, МГИМО-м и нэIэм щIэту Тэн Iус Ростов къалэм щылажьэ а курыт еджапIэр ехъулIэныгъэ лъагэхэр иIэу къиухащ Борис. Курыт щIэныгъэ хэха, куу зэриIэм щыхьэт техъуэ аттестат «плъыжьым» щIыгъуу ныбжьыщIэ зэчиифIэм 2017 гъэм къратащ бгъэдэлъ щIэныгъэ лъагэм, гупсысэ куум, зэфIэкI иным щыхьэт техъуэ дыщэ медалу тIу: зыр УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, етIанэр – Ростов областым и Губернаторым къабгъэдэкIыу. ЩIэныгъэфIрэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ адыгэ щIалэщIэм МГИМО-м и бжэшхуэхэр хуиту къыхузэIуихащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм Хамэ къэрал щIыналъэхэр джынымкIэ щIэныгъэ куу щызригъэгъуэтащ Борис. ФIы дыдэу зэреджэм къыдэкIуэу, щIалэщIэр жыджэру хэтащ институтым щылажьэ Тхыдэ, Литературэ клубхэм. Къыхиха IэщIагъэм епха къэхутэныгъэхэм дахьэхыу хуежьати, бакалавриатым щызригъэгъуэта щIэныгъэм магистратурэм щыпищащ. 2022 гъэм Борис МГИМО-м къызэригъэпэща Дунейпсо студент щIэныгъэ форумым пашэ щыхъуащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым МГИМО-м и Студентхэм я щIэныгъэ зэгухьэныгъэм ар къилъытащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ жыджэрагъышхуэ зыхэлъ магистрант нэхъыфIу. Къущхьэ Борис а еджапIэ нэхъыщхьэми къыщыхуагъэфэщауэ щытащ УФ-м и Президентым и УнафэкIэ зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ студент-магистрантхэр дэIыгъынымкIэ ягъэувауэ щыта Президент саугъэтыр. 2022 гъэм и гъэмахуэм Борис къиухащ МГИМО-м и нэIэм щIэту лажьэ, дзэ IуэхухэмкIэ еджапIэ центрыр, «ЗэдзэкIакIуэ» IэщIагъэр зригъэгъуэту. А гъэ дыдэм щIалэм къыфIащащ «лейтенант» офицерыцIэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Къущхьэ Борис ехъулIэныгъэкIэ къиухащ МГИМО-м и магистратурэр, «Дуней псом я щIыналъэхэм я политикэмрэ экономикэмрэ» унэтIыныгъэмкIэ магистру зэрыщытым щыхьэт техъуэ диплом «плъыжьыр» и Iэрылъхьэу. 2020 гъэм и кIэухым къыщыщIэдзауэ илъэсиплIым нэс Къущхьэр Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием КъуэкIыпIэ къэралхэр джынымкIэ и институтым Кореемрэ МонголиемкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIу щытащ. Абы щылажьэурэ, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэщIэхэр къыщызэщIикъуэж тхыгъэхэр жыджэру къытригъэдзащ «Новое Восточное Обозрение» хъыбарегъащIэ-аналитикэ къыдэкIыгъуэ цIэрыIуэм. КъэхутакIуэ ныбжьыщIэм и къалэмыпэм къыпыкIа а статьяхэр хамэ къэралхэм я сайт зыбжанэм къытехуауэ щытащ, инджылызыбзэкIэ, португалыбзэкIэ, японыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ зэдзэкIауэ. КъинэмыщIауэ, Борис УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэми щылэжьащ монголыбзэмкIэ тэрмэшу. 2024 гъэм Къущхьэм къулыкъу щрихьэкIын щIидзащ УФ-м и МИД-м Аппарат нэхъыщхьэм АзиемкIэ и езанэ департаментым. А илъэсым и кIэухым къыщыщIэдзауэ ар УФ-м Монголием щиIэ Посольствэм гуманитар зэдэлэжьэныгъэмкIэ и атташе къулыкъум пэрытщ. Нэгъабэ лъандэрэ ар яхэтщ Урысей щIэныгъэ фондым и унафэкIэ урысей-монгол зэпыщIэныгъэхэм я зыужьыныгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр джыным епха къэхутэныгъэхэр зэфIэзых щIэныгъэлI гупым. Дызэрыт илъэсым и гъатхэм аспирантурэри и пIалъэр къэмысу къиухащ Къущхьэм. Иджы дыдэ щIалэщIэм утыку ирихьащ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхуихьэсыжа и щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэр. Урысей Федерацэм, Монголием, Китайм яку дэлъ лъэныкъуищ зэпыщIэныгъэхэм ятещIыхьа а диссертацэр Къущхьэ Борис ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ РАН-м КъухьэпIэ къэралхэр джынымкIэ и институтым икIи тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр къыфIащащ. Диссертацэ советым хэта щIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэбелджылыкIамкIэ, Къущхьэ Борис и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралышхуищым я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр джынымкIэ. Инджылызыбзэр, монголыбзэр, нэмыцэбзэр фIыуэ зыгъэшэрыуэ, китаибзэр зыдж Къущхьэм и къалэмыпэм къыпыкIащ апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэу 30-м нэс, хъыбар-аналитикэ статьяуэ 110-м щIигъу. Ахэр къытрадзащ пщIэ зиIэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Адыгэ щIалэщIэ акъылыфIэм и цIэфIыр иджыри куэдрэ зэрызыхэтхынум шэч хэлъкъым.
Поделиться:
Читать также:
16.07.2026 - 12:26 →
Зэманымрэ ныбжьыщIэхэмрэ
15.07.2026 - 11:30 →
Дунейм адыгэу тетыр зэрепх
30.06.2026 - 09:00 →
Псым теухуауэ
28.06.2026 - 11:00 →
Алинэ иратхэ Гиннесс и тхылъым
27.06.2026 - 10:05 →
ГугъапIэ нэхухэр зи гъуазэ
| ||




