БЖЬЫХЬЭ ГУПСЫСЭХЭРБжьыхьэр къыщыджэкIэ… Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми жьыбгъэр къудамэ шэщIахэмкIэ ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. Жьыбгъэм и хъыбар гуэрхэр си дежи къэсынущ, сигу укъигъэкIыжынущ… ЗэкIэ уи деж зыщеIэжьэ. Уэ гукъэкIыж ныпхуихьащи, зэгуэр къэбгъэщIауэ щытахэм псэкIэ уакIэлъопIастхъэ. Ухуейкъым бутIыпщыжыну бжьыхьэм и псалъэр. Ауэ… жыгым и Iэпэр зыIыгъа тхьэмпэр дунеяплъэ йожьэж. Уэ гукъэкIыжым зыхуэпшийуэрэ, гъуэгу зытеувэжам уроплъэж… КъэпцIыхужа? Ар уи хамэу щытакъым. ИтIани утехьэжыфыркъым… Гъуэгур зэпытхукIынущи, гъунапкъэхэр дгъэбыдэжынущ. АбыкIэ дызэгурыIуауэ щытащ - бжьыхьэм ещIэж… Дгуэшыжынущ ди бжьыхьэр… Псалъэрэ гухэлъ налъэу къысхуэбгъэфащэу, губжькIэ щIэбуфэжахэм япэкIуэу сыт уэстыжынур? СыткIэ узгъэфIэжыну? ХьэщIапIэ уздисшэжынущ жыг хадэм. ЛъапцIэу къыщыткIухьынщ. Тхьэмпэхэр мэIущащэ иджыри. Хьэуам къыхэдна бэуэкIэр бжьыхьэм жыг хадэм щехъумэ.
Бжьыхьэр нэщхъейщ Налъэ-налъэу зэхуэсхьэса гъащIэм бжьыхьэ уэшхыр хошхэ. ТкIуэпс щIыIэхэм къыхагъэскIыкI гъащIэр сымаджэ мэхъу. Къоуз гугъэфIкIэ гъэнщIауэ щыта зэманыр зэрыблэкIар, махуэ жагъуэхэм я уIэгъэхэр, гущIэм куууэ хыхьа гукъеуэхэр. Узхэм ягъэхыщIэ гъащIэм и псэр пыт къудейщ. Зихъумэжыфакъым… Гу пцIанэр псалъэ хьэулейхэм кIуапIэ ящIри, зэхауIухьащ. Абы гъащIэми фIы щIихакъым. ИтIани ар хуейкъым ужьыхыну, дунейм къыхуохъуапсэ… АрщхьэкIэ имычэзуу утыку къихьа бжьыхьэм зыкъригъэщIэжыркъым. Гъэ кIуам къыхуэгуэпа, насыпкIэ къета бжьыхьэр иджы къызэрыщIэкIыжам еплъ…УэтIпсытIщ, пшагъуэщ. Сэращ бжьыхьэр къезыджэжар. ИтIани зыхузогъэгусэ. Гум къоуэ и гъунэгъуу щытар зэрыгъуэщари. И фIэщ мыхъуурэ, зимыщIэжурэ ари дунейм и плIанэпэ гуэрым щоужьых. Аращ бжьыхьэр пшагъуэ щIэхъуар. Гукъеуэу бгъэдэлъым яужьыгуащи, нэщхъейщ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 10:52 →
Псэущхьэхэр къызыхэщ джэгукIэхэр
08.04.2026 - 11:48 →
Отаров Керим и тхылъыщIэ
08.04.2026 - 11:46 →
Франджы усакIуэм и гупсысэхэр
03.04.2026 - 16:20 →
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьыр зыукIам и къэгъуэтыкIар
01.04.2026 - 11:38 →
Нало Заур и новеллэхэм теухуауэ
| ||





