Къэнжал зауэр дигу къыдогъэкIыжЛъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ ди нэгум къыщIэзыгъэувэ тхыдэджхэм я тхэкIэм елъытащ цIыхубэр и Хэкум зэрыхущытыр. Ар нэхъ лейуэ наIуэ хъуащ телефоныр тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ я пIэ зэриувэрэ. А псор жыдэзыгъэIэр Гумилев Лев и цIэр зезыхьэ центрым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Остахов Анзор «Адыгэхэм зауэм къыщагъэсэбэп хьилагъэ Iэмалхэр» зыфIища и тхыгъэрщ. ЩIэныгъэлIым абы щызэпкърех пасэ зэманым псэуа ди лъэпкъэгъухэм бжыгъэкIэ нэхъыбэ бийхэм зэратекIуэн хэкIыпIэу къагъэсэбэпахэм. Мамыр гъащIэм хьилагъэу къыщыпфIэщI, ауэ щыхъукIэ, зи псэр зыхъумэжым дежкIэ акъылыфIагъыу къыщIэкI защIэщ Анзор тхузэпкърихыр. «КъарукIэ узыпэмылъэщынум укъызэрелын нэгъуэщI Iэмал щыщымыIэм деж, апхуэдэ хэкIыпIэ къызэрыпхуэгъуэтыр зауэлI Iэзагъщ», - аращ тхыдэджым и тхыгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу щыкIуэцIришыр. Иджыри зы илъэскIэ тпэIэщIэ хъуа Къэнжал зауэм адыгэхэм щызыIэрагъэхьа текIуэныгъэри апхуэдэ зыбжанэм я фIыгъэу арат. Тхыдэджыр и IэщIагъэм хуэIэижьу жыпIэн щхьэкIэ, щытыкIитI дэплъагъун хуейуэ худогъэфащэ. Зыр – пэжымрэ пцIымрэ хузэхэгъэкIыныр. ЕтIуанэр – езым къыгурыIуамрэ къищIамрэ цIыхухэм бзэ тыншкIэ зэрабгъэдилъхьэжыфыр. ЩIэныгъэлIу щымыт цIыху къызэрыгуэкIым дежкIэ уэршэрыбзэм пэгъунэгъуу къэIуэтэжа хъуа хъыбарыр куэдкIэ нэхъ гукъинэжщ, «мыр сэ нэхърэ нэхъ губзыгъэщ» жыуигъэIэн мурадкIэ зэкIэлъыхьа псалъэуха гугъу гупым нэхърэ. Остаховым и тхыгъэр а лъэныкъуэмкIэ фIыкIэ дгъэунэхуащ. Зы тхыгъэкъым, тIукъым Къэнжал зауэм теухуауэ ятхари къратхыкIыжари. Ауэ адыгэхэр зэрытекIуар нэгущIэт сурэт зытIущкIэ къызэрагъэлъагъуэм фIэкIа, зэрызэхэт Iыхьэ къэс гурыIуэгъуэу зэпкърыхауэ абы тепсэлъыхьыфыр мащIэщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыдэм и напэкIуэцIхэри нэхъ нэгъэсауэ тщIэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Псом хуэмыдэу, ар дигу къэдгъэкIыжыну къыщыттехуэ махуэхэр къыщыблагъэкIэ. «Хьилагъэм и IыхьэфI зыхэлъ адыгэ зауэлIым и IэкIуэлъакIуагъымрэ хъыжьагъымрэ я щыхьэту къоув 1708 гъэм екIуэкIа Къэнжал зауэзэрылIыр, - етх Остаховым. – Дунейпсо мыхьэнэ зыгъуэта тхыдэ Iыхьэ хъуат ар Къэбэрдейм дежкIэ. Дзэ хьилагъым и закъуэщ бжыгъэкIэ къатекIуэ кърымыдзэм адыгэхэр тезыгъэкIуар». 1708 гъэ. ЗауэлI мин 44-м нэс Къэбэрдейм къэзыша Къаплъэн-Джэрий Балъкъ псыхъуэм, Къэнжал бгым и лъапэм деж хэщIапIэ щызэригъэпэщащ. Адыгэхэм япэщIыкIэ икIуэтаифэ зытрагъэуащ, Остаховым зэрыжиIэмкIэ. Я къарухэр зэрагъэуIун, бийм щытеуэну пIалъэр нэхъ хуиту къыхахын папщIэ, абыхэм Къаплъэн-Джэрий зэгурыIуэныгъэ иращIылIэн щIадзащ, зыхуейрати – ягъэбэлэрыгъащ. ИужькIэ епцIыжакIуэу фэ зытезыгъэуа адыгэ зыбжанэ кърымхэм я деж ягъакIуэ, и чэзур къэсмэ, дзэпщхэмрэ дзэзешэхэмрэ яукIын къалэныр я пщэм дэлъу. ЩызэгурыIуа пщыхьэщхьэм къэбэрдеидзэр щэхуу кърымыдзэм и хэщIапIэм йокIуалIэри, къаухъуреихь. Къэбэрдей лъэсыдзэм и ныкъуэр бийм и пщыIэхэр зыкIэщIэт Къэнжал Iуащхьэм докIуей, шуудзэм и гупэм шыд 300 ирагъэувэ, дэтхэнэ зыми и бгъуитIым мазутIым пхылъэфа хьэуазэ кIэрыпхауэ. ПIалъэр къызэрысу, шыдыплIэм илъ хьэуазэм мафIэ щIадзэ, якIуэцIыуэм, еIунщIым, фоч щхьэщагъэукIыурэ ягъащтэри, жейм хилъэфа кърым уэтэрым траутIыпщхьэ. Арати, псэущхьэ гужьеяхэр зэщIэгъуахъуэу зытелъэда хэщIапIэм цIыхухэри, ахэр зыщIэлъ пщыIэхэри щызэрагъэдзэкIыу, мафIэ зыщIэнэнкIи хъуну псори лыгъейм зэщIищтащ. Абдеж дыдэм Къэнжалыщхьэ тетхэм хэт мывэшхуэхэр къреутIыпщхьэх, хэт шабзэшэкIэ къахэуэн щIедзэ. Кърым уэтэрым щекIуэкIыр узижагъуэн и махуэт. КIий макъымрэ мафIэмрэ ягъэгужьея езыхэм яшхэр щIэпхъуэри, зей куэд зэхапIытIэжащ. ЕпцIыжакIуэу фэ зытезыгъэуа адыгэу кърым хэщIапIэм щыIэхэм дзэпщхэр зэтраукIати, кърымыдзэм унафэ къахуэзыщIын къахуэнэжатэкъым. А гужьеигъуэм и курыкупсэм адыгэ шуудзэр яхэлъадэри, биидзэм лъыкIпсыкIыр къахуигъэкIуащ. Де Ла Мотрэ Анри зэриIуэтэжымкIэ, а махуэм «цIыхушхуэ зэхаупщIэтащ». Къелыну Iэмал зиIа кърымхэри апхуэдизкIэ гужьеяти, лъэныкъуэкIэ задзым бгым щыхухэурэ зэшэзэпIэу иукIахэщ. Бийм и зауэлI мин 30-м нэс щызэтриукIащ Къэнжал зауэм къэбэрдеидзэм. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Остахов Анзор Минводы къалэм 1983 гъэм, дохутыр унагъуэм дунейм къыщытехьащ, фIы дыдэу еджащ. Псыхуабэ дэт техникэмкIэ университетымрэ абы и аспирантурэмрэ къиуха нэужь, а еджапIэ дыдэм хэт, Урысей къэралыгъуэм и щIыналъэхэм щызэIумыбз Iуэхугъуэхэм елэжь институтым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. Дызэрыт зэманым Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым (СКИФУ) хэт Туризмэм, сервисымрэ дизайнымрэ и институтым щолажьэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2026 - 12:26 →
Шэрджэс Хэкум
19.05.2026 - 11:18 →
Дунеяплъэм и гукъэкIыжхэр
14.05.2026 - 15:00 →
Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ
12.05.2026 - 15:00 →
Я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт
08.05.2026 - 17:00 →
Еджэрыкъуейхэр
| ||




