Балъкъэр Фоусэт и усэхэм теухуауэ…Адыгэ лъэпкъым и япэ цIыхубз усакIуэу къалъытэ Балъкъэр Фоусэт. И усэ тхылъхэр Налшыки Москваи къыщыдэкIащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. И усэ куэдым макъамэ щIагъэувэурэ, а уэрэдхэр цIыхубэм зэдапхъуэтащ. Ди зэманми ахэр адыгэ уэрэдхэм я фIыпIэхэм ящыщщ. УсакIуэ пажэм и тхылъхэм, уэрэд хъуа и усэхэм, дунейм пэджэж и сатырхэм теухуауэ ди газетым папщIэ тхыгъэ игъэхьэзыращ профессор, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БАКЪ Зерэ. ГУГЪУЭТ Заремэ Зэманыр усакIуэм и набдзэщ
СССР-и ТхакIуэхэм я союзым 1959 гъэм хагъэхьащ. 1988 гъэм къыфIащащ «КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым и саугъэтри къратащ. Балъкъэр Ф. илъэс 17-м иту «Къэбэрдей пэж» газетым къытрадзащ «Шу» зыфIища и япэ усэр. Макъамэ дахи щIалъхьэри, ар лъагъуныгъэ уэрэд хъуат. Ди литературэм адэкIэ зригъэужьыну усакIуэ къызэрыхыхьэр гурыIуэгъуэт. Зэрыщыгугъа дыдэм хуэдэу, цIэрэ щхьэрэ зиIэ усакIуэ къищIыкIат «Шу» уэрэд екIур зи IэдакъэщIэкIым. 1958 гъэм къыдэкIащ Балъкъэр Фоусэт и япэ усэ тхылъыр – «Нэхущ» жиIэу. Ар къэзэIуихат «Джэрпэджэж» усэ хьэлэмэткIэ:
Бгы, тафэ бейхэр уэрэдкIэ Си гум и джэрпэджэжщ, А псори лIэщIыгъуэ куэдкIэ Си макъым къыпыреджэж.
И творчествэм икIунур япэу усыгъэ дунейм зэрыхыхьам наIуэ дыдэ ищIат. Мы тхылъым ихуахэр 1949 - 1958 гъэхэм итха усэхэрщ. Фоусэт пасэу къыгурыIуат зытехьа гъуэгур зэрымыпсынщIэри къалэм зыIэщIэлъым и къалэнхэри:
Бгъуэтынкъым щыIэу дунейм УсакIуэм и гум нэхъ пIащIэ, УIэгъэ нэхъ щIэх хъурей, Абы нэхъ пщтыри нэхъ гуащIи.
УсакIуэм и гур къуитамэ, Мурад мыхъумыщIэхэм пыкI, Иумылъхьэ ахъшэу цей жыпым, Уигу жыпкIэ сакъыу къехьэкI.
«Гъатхэ жэщым умыжей» жиIэу «Нэхущ» тхылъым ихуа усэм макъамэ дахэ щIалъхьэри уэрэд ящIат, ар иджыпстуи ди уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ягъэзащIэу зэхэпхынущ. Езы Фоусэти фIэфI дыдэт и уэрэдхэр пшынэм къригъэкIын. «Нэхущ» усэ тхылъыр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ («Капля солнца») 1960 гъэм Мэзкууи къыщыдэкIащ. 1961 гъэм аргуэру усэщIэхэр зэрыт тхылъ урысыбзэкIэ – «Самое сокровенное» - Налшык дунейм къыщытехьащ. 1963 гъэм «ЗэгуакIуэр дахэщ» и фIэщыгъэу Балъкъэр Фоусэт и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ къыдэкIащ. Мыбы ихуащ а зэманым ирихьэлIэу итха усэщIэхэр, эпиграммэхэр, «Фаридэ» поэмэр. ГъащIэ зыхэпсэукIыр художественнэ псалъэ екIухэмкIэ къигъэлъэгъуащ Фоусэт, и лъэпкъэгъухэр зытет дунейр нэхъ дахэу, нэхъ щабэу, нэхъ хьэлэмэту захригъэщIащ. Зэхэзыха псоми я гум дыхьэри игъащIэкIи къинащ мы тхылъым ихуа «Согъэджэгу» усэр, макъамэ щIалъхьэу иужькIэ уэрэд хъужар. Уэрэдым дамэ къезытыр, дауи лъэхъэнэрщ, ауэ къупщхьэ хуэхъужыр лъэпкъым и IуэрыIуатэрщ – лъэпкъыр зыщIапIыкIарщ. Мыр уэрэд къудейуэ къэнэжкъым, атIэ нобэ къыздэсым гухэхъуэ къафэщ – ди нэхъыжьхэм я зы бжэIупэ джэгу уи нэгу занщIэу къыщIегъэувэри гурыщIэ IэфIхэм уахешэ. Ей, и, согъэджэгу, согъэджэгу, Ей, и, уей, согъэджэгу, жи: ФIыщэу слъагъур къыщIыхьащ. Ар къэфэну къытехьащ, Дуней нэхур согъэджэгу, уей. ЩIалэ гуакIуэр къызофыхь, АфIэкI си нэм зы къимыхь, АфIэкI си гум иримыхь, уей. 1982 гъэм Налшык къыщыдэкIат Балъкъэр Ф. и усыгъэхэр, «Уи хэку и мывэхэри дыщэщ» жиIэу. А тхылъри зэхэтщ усэрэ поэмэу. Балъкъэрым и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ 1988 гъэм, томитI хъууэ, Налшык къыщыдэкIащ. Япэ томым ихуащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэу 1945 - 1965 гъэхэм итхахэр. ЕтIуанэри егупсыса дыдэу зэхэлъхьащ – зэрыхъукIэ, и усыгъэм и нэхъыфIхэр щызэхуэхьэсащ тхылъым. Балъкъэрым и тхылъхэр, зэрыжытIащи, Налшыки Москваи къыщыдэкIащ. Ахэр 30-м щIегъу. АдыгэбзэкIэ къыдэкIахэм ящыщщ: «Уафэр хызодыкI», «ЗэгуакIуэр дахэщ», «Ноби щапхъэщ а лIыхъужьхэр», «Си уэрэдым къыдежьу», «Гугъэм и лъэрыгъ», «Дыгъэ бзийр си пшынэ Iэпэу», «КъысхуэгуфIэ», «НыбжьэгъуIэ», «УэрэдыщIэ», «ХамыгъэщIэфа лъагапIэ», «Усыгъэхэр. ТхылъитIу» жыхуиIэхэр. Балъкъэр Фоусэт и уэрэдхэмкIи цIэрыIуэ хъуат. Езыр пшынауэ Iэзэт, нэпсхэр къезыгъакIуэ гъыбзэхэри дэрэжэгъуэшхуэ къозыт уэрэдхэри игъэзащIэрт. И уэрэдхэр псынщIэу япхъуатэрти, цIэрыIуэ дыдэ хъухэрт. Абыхэм ящыщу нэхъ къэгъэлъэгъуапхъэщ: «Къуршхэр уи уэрэдым къыдожьу», «Гъуэгу махуэ», «Сызэхэх, си адыгэ Хэку», «Адыгэ къамэ», «Уи нитIыр сщомыгъэпщкIу», «Сосрыкъуэ къофэ», «УмыкIуэж», «УцIыхуфIмэ, къытхуеблагъэ», «Си нэхум сыкъыдофэ», «УкъэкIуэжмэ», «Къэралхъан», «СыныпхуокIуэ», «Щхьэ зэшыгъуэр къыстеуа?», «Гъатхэ жэщым умыжей», «Гуащэ ябгэ», «Къуршыбгъэ хахуэм и уэрэд», «Уанэгум кIэс щыдимыIэу», «Гугъэм и лъэмыж», «Дыбын насыпыфIэщ», «Зыри уэ къыпхуэмей», «Балатон», «ФеплъэкIыжт», «Къэбэрдей, си дуней», «Гъуэгуанэ уэрэд», «ФыкъэкIуэжмэ, зихъуэжынущ мы дунейм». Усэм макъамэ щIалъхьамэ, ар дамэ зытет бзум хуэдэ къабзэщ, дунейр игъэдахэрэ хьэуар игъэкъабзэу къелъэтыхь, къэIухукIи, уэри упсэущ, едаIуэр уи псэлъэгъущ. УсакIуэ псори апхуэдэу насыпыфIэ хъуркъым, ауэ адыгэ цIыхубзым зэчиишхуэ бгъэдэлъу къалъхуат – ныбжьыщIэ дыдэу усэ жыпхъэм псалъэхэр иригъэувэфырт. И зэфIэкIкIэ Фоусэт япэ къибгъэувэн усакIуэ цIыхубз диIэкъым. Фоусэт къызэринэкIа усэ тхылъхэм ди литературэр ягъэдэхащ, нэхъ купщIафэ ящIащ. Балъкъэр Фоусэт 2009 гъэм накъыгъэм и 20-м дунейм ехыжащ. Нэхущвагъуэу адыгэ литературэм къыхущIэкIа – лирикэ щабэм ди усыгъэр иригъэувэу, нэхъ еджэгъуафIэ, нэхъ екIу зыщIа адыгэ цIыхубзым хузэфIэкIар ди дежкIэ уасэ зимыIэщ.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2026 - 14:18 →
«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»
08.06.2026 - 16:37 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
05.06.2026 - 14:18 →
Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр
05.06.2026 - 12:15 →
Сабийм и бампIэ
02.06.2026 - 18:19 →
ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI
| ||





Ар 1932 гъэм Бахъсэн куейм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ еджапIэр, педучилищэр къеухри, Фоусэт егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтым щIотIысхьэ. Ар иджыри къимыухыу, 1948 - 1950 гъэхэм, КъАССР-м и Министрхэм я Советым соцкультурэмкIэ чэнджэщэгъуу щылэжьэну ирагъэблагъэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм илъэсиплIкIэ щеджауэ, ар къегъанэри Москва макIуэ, Горькэм и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым щIотIысхьэ икIи фIы дыдэу къеух. Ар тохуэ 1957 - 1960 гъэхэм. Къигъэзэжа иужь, адыгэбзэкIэ къыдэкI «Iуащхьэмахуэ» журналым и зы къудамэм и редактору мэлажьэ. 1967 - 1970 гъэхэм ди университетым и аспирантурэм щоджэ. 1971 - 1978 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэщ. Диссертацэ лэжьыгъэр триухуат: «Къэбэрдей драматургиер зэрызэфIэувам».