Псэущхьэхэр хэту

ХьэкIэкхъуэкIэхэр, псэущхьэхэр зыхэт хъыбар цIыкIухэмрэ таурыхъхэмрэ щIэщыгъуэщ. Псом хуэмыдэу, фIыщ абыхэм цIыкIухэм уакъыхуеджэну. Сыту жыпIэмэ, ущиерэ щапхъэрэ яхыбогъуатэ. Емрэ фIымрэ зэхагъэкIыфу щIэблэр бгъэсэнумэ, псэущхьэхэр зыхэт тхыгъэхэри абыкIэ зы Iэмалщ. Щапхъэу къэдгъэлъэгъуэнщ БОЗИЙ Людин и Iэдакъэм къыфщIэкIахэм ящыщщ зы тхыгъэ. Дыкъевгъаджэ «IэщIагъэлI» таурыхъым.

ГЪУЭТ Синэ.

 

IэщIагъэлI

Таурыхъ

Махуэ гуэрым гъуэгубгъум тхьэкIумэкIыхьыр машинэ блэжхэм щакIэлъыплъащ, абыхэм я зэхэлъыкIэр зригъэщIэн мурадкIэ. Ар щымыхъум, «машинэр къэзыгупсысам фIэт щхьэм хуэдэ сэ сфIэткъэ?! Е сылIын, е сылIэн!..» - жиIэри жэщ псом и напIэ къемыхыу гупсысащ. Машинэ лIэужьыгъуэ куэд къыщIыхьащ абы и нэгум. Сытми, зыгуэрым къытеувыIэри, нэху зэрыщыххэу, лэжьыгъэм еувэлIащ. Неуэ-къеуэми, «IэщIагъэлIым» машинэм ещхьыфэу зыгуэр зэригъэпцIащ. «Ыхьы! Си Iуэхущ иджы! Си кIуэди си кIуэд!..» - жиIэщ, мэзым къыхэжри, напIэзыпIэм гъуэгум зэпрыжащ. УдзыпцIэ дахэм хэлъэдауэ къыздижыхьэм, псы ефэри къуэкIийм къыдэпщыжауэ мэзымкIэ кIуэж мыщэжьым жьэхэкIэрэхъуащ. Ар зыхуихьынур къыхуэмыщIэу, и жьафэр Iурыхуауэ мыщэр къоплъ. Машинэр къигъэувыIэри, тхьэкIумэкIыхьыр, зигъэуардэу, мыщэм еупщIащ:

         - ЛIо лъэкъыцэжь, сыкъыумыцIыхужу ара?

         - Щхьэ укъэзмыцIыхужу, назэжь цIыкIу? Мыр сыт зищIысыр?

         - Машинэ уи щыпэлъагъу уэ? Мыр машинэщ. Сэ си IэкIэ сщIащ.

         - ХьыI! Куэд щIа уэ IэщIагъэлI узэрыхъурэ? – жиIэу мыщэр щежьэжым, тхьэкIумэкIыхьыр кIэлъыджащ:

         - УмыпIащIэ, унэжын! КъитIысхьэ мыдэ, укъесшэкIынщ!

         - Уи гъуэгу тет, тхьэкIумашэ. Сытым ищIыс машинэкIэ узэджэр?!

          - Ахьа-а! Ушынащ! Аракъэ? УкъитIысхьэмэ, къэпщIэнщ ар зищIысыр?

         - Шынэ мыгъуэр ущIи уэ гъуамэм…- гъумэтIымэурэ ипщхьащ мыщэр.

         ТхьэкIумэкIыхьым и машинэр мыщэр къызыдэпщыжа щыхупIэмкIэ иунэтIащ, шэ цIывауэ щIэпхъуащ, щыхупIэм елъэным зы шэтвэр фIэкIа имыIэжу зэуэзэпсэу къигъэувыIэри, мыщэм еупщIащ:

         - Плъэгъуа, лъэбыцэжь, IэщIагъэлI?

         - С-слъэгъуащ, - жиIащ мыщэм, и бзэр кIэнтIыу. С-сэ сигъэкIыжи…

         - Зэ умыпIащIэ, хуэмыху, аракъым зэрыхъур, - машинэр къигъэуэвщ, адкIэIуэкIэ щылъ мывэшхуэмкIэ иунэтIщ, мывэм жьэхэуэным зымащIэ фIэкIа имыIэжу зэуэзэпсэу къигъэувыIэри, еупщIащ:

         - Плъэгъуа, лъэкъыцэжь, машинэзехуэ?

         - С-слъэгъуащ, - жиIащ мыщэм. – Иджы сэ сигъэкIыж.

         - Еууей! Ара мыгъуэ плъэкIынур? Си гугъати мыщэхэр бэлыхьлажьэу. Еуэ, гъуэгу махуэ, - жиIэри, езым тафэм тет кхъужьеижьымкIэ иунэтIащ. Машинэр къыхуэмыгъэувыIэжу, кхъужьейм еуэри, хьэбэсабэ ищIащ, ауэ назэм зыри къыщыщIакъым, къыщылъэтыжри, и занщIэ и гъуэгуу щIэпхъуэжащ.

 

 

Поделиться:

Читать также: