ГурыщIэ куухэр къызыхэщ Адыгэбзэр лъэпкъым и щIэблэм щыIэщIэху ди лъэхъэнэм псы щIыIэ шынакъыу ущрохьэлIэ ар зыгъэбзэрабзэхэм, ирипсалъэ къудей мыхъуу, прозэ тхыгъэкIи усыгъэкIи фIы дыдэу зи гупсысэр къризыIуатэхэм. ЕтIуанэхэм ящыщщ егъэджакIуэ икIи усакIуэ Вэрокъуэ СэIимэт.Къармэхьэблэ адыгэ жылэжьым къыщалъхуа пщащэм и гурыщlэ куухэр къыхощ и усыгъэхэм. Ар тотхыхь зыми емыщхь ди лъэпкъ дахэм къикlуа гъуэгуанэ гугъум, зэрыгушхуэ и Хэкум, анэдэлъхубзэм хуиIэ фIылъагъуныгъэ мыухыжым, адэ-анэм хуиIэ гурыщIэ IэфIым, сабиигъуэ зэман телъыджэм, псэкlэ фlыуэ илъагъухэм. СэIимэт и усэхэмкIэ дэтхэнэ зыри лъэпкъым и пщэдейм ирегъэгупсыс, бзэ зимыIэж лъэпкъым къэкIуэну зэримыIэр къагурегъаIуэ. Абыхэм я щыхьэту и усэ зыбжанэ газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тыдодзэ.
Усэхэр ВЭРОКЪУЭ СэIимэт
СИ КЪЭБЭРДЕЙ!
Къэбэрдеишхуэу си лъахэ,
ЩымыIэу сфIощI уэр нэхъ дахэ!
Уи къурш сыдж тхъуахэм сынеплъмэ,
Си гур мэушэ, мэусэр.
Уи псышхуэ уэрхэм я хъущIэ макъым
Гущэкъу уэрэду сыныщIодэIу.
Iущащэ щIыкIэу жыг пщIащэ цIыкIухэр
ЖэнэтбзуубзэкIэ къызобзэрабзэ.
Уи псынэпс щIыIэхэр зэIущэщэжу
Къурш жьэгъу уэсылъэхэм уэру къыщIож.
Ди Iуащхьэмахуи езэш имыщIэу
Жэнэт щIыналъэм плъыру пщхьэщытщ.
Мы дунеишхуэм дахагъэу тетымкIэ
СфIощIыр ди Тхьэшхуэр къыпхуэупсауэ,
«Iуэдыщэ» жаIэурэ псэм ущагъафIэурэ
Лъэпкъ тхыдэм жьантIэр щыбубыдауэ.
Си гум щызгъафIэу си Хэку дахащэ!
Си псэм и хъуахуэу адэжь щIыналъэ!
Уэ ущыIэхукIэ, сынасыпыфIэщ,
ЗыузэщI, ефIакIуэ, си Къэбэрдей!
СИ АДЫГЭБЗЭ
Адыгэбзэр си бзэщ,
Си анэдэлъхубзэщ.
Си псэм ар и хъуахуэщ,
Си дунейгъэдахэщ.
Куэдрэ ихуами
Ар псэзэпылъхьэпIэ,
НэхъыжьыфI диIахэм
Къахьэсащ ди нобэм.
Къурш псынэпсу, къабзэщ
Сэ си адыгэбзэр.
ЗэщIэжьыуэу дахэщ,
Зэролъэлъ макъыбэу.
Псэгъэхуабэу сиIэщ
Си анэдэлъхубзэр.
Махуэм ар си дыгъэщ,
Жэщ хъуамэ, си мазэщ.
Къуалэбзу пшыналъэу
СыщIодэIур си бзэм,
Лэгъупыкъу дахащэу
Плъыфэ куэдыр зи бэм.
Хабзэми нэмысми
И хъумакIуэр ди бзэрщ.
Бзэр тфIэкIуэдмэ нобэ,
Ди насыпыншагъэщ.
Бзэр си гъащIэ гъусэщ,
Iэпкълъэпкъым и псантхуэщ.
Ар сэ си Шыхулъагъуэщ,
ГъащIэ гъуэгугъэлъагъуэщ.
Идвмыгъашэ ди бзэр
Нобэ кIуэдыжыпIэ.
«Бзэм и уасэр псэщи»,
Фхъумэ, фыхуэсакъыу!
ГУРЫЩIЭ КЪАБЗЭ
Уафэгу лъагэм ит мазэщIэр
КъодэхащIэр щIылъэм.
И щIэщыгъуэщ дуней псори,
КъогуфIыкIыр уэгум.
Нэр щIаукъуанцIэу вагъуэ цIыкIухэр
КъыщопщIыпщIыр жыжьэу,
Мазэ нурым зыхагъапскIэу,
Налкъут щыгъэ пфIэщIу.
Лъагъуныгъэр пкъым хыхьащи,
Йоуэ Iэпэпшынэм.
Псэр лъэтауэ къыфIэщIащи,
Ирешажьэ уджыр.
* * *
ИщIэркъым щIалэгум щхьэх жыхуаIэр,
Зыхуей псори фIощI хузэфIэкIын.
Вагъуэу уэгум къыщыхуэблэ гугъэм,
Гугъу демыхьу, фIощI лъэIэсыфын.
Псэр пхъэрами, гур лъэIэсыфакъым.
ГъащIэ щхьэлым и къарур текIуащ.
Си псэм и джэлэсу щыта гугъэр
Гъуэбжэгъуэщым хуэдэу бзэхыжащ.
Сыт апхуэдэу псэр щIэтхьэусыхэр?
ГъащIэ плъыфэ псори щхьэ кIуэда?!
ЩхъуэкIэплъыкIэу щыта си щIалэгъуэр
НапIэзыпIэм фаджэ щхьэ сфIэхъуа?!
Псэр гъэрыпIэм изыша гурыщIэр
Зэи мыкIуэдыжыну си гугъат,
Ауэ гукъэкIыжхэм фIэкI къэмынэу,
Псэр зыщIэхъуэпсахэр лъэлъэжащ.
* * *
СыдэкIамэ, услъагъун къысфIэщIу,
Си гур мащIэу сэ къысфIыхощтыкI.
Услъэгъуамэ, си лъэр щIэмыкIыжу,
Псэр гузавэу сохъур сэ Iэнкун.
Си гум щыщIэ псор уэ зыхыумыщIэу,
Гуапэу уи сэламыр къызыбох.
Нэ фIыцIитIыр мащIэу щIэгуфIыкIыу
КъыщызэплъкIи, напIэхэр сфIохуэх.
Сыноплъамэ, сыкъэпщIэн къысфIэщIу,
Iупэхэр кIэзызу сэ сокъуз.
Гум и къеуэ макъыр зэхэпх сфIэщIу,
ПсынщIэ дыдэу сэлам узохыж.
Си гум щыщIэ псом уэ гу лъумытэу
АдэкIэ уи гъуэгум утохьэж.
Ныбгъуэхьэшым ихуа псэр пкIэлъыджэу
ГъащIэ жьыбгъэм усфIрехьэжьэж.
АНЭ
Си анэ Сафирэт и фэеплъу
Анэ псалъэ гуапэр щызэхэсхкIэ,
Ныбжьу занщIэу сэ си нэгу къыщIохьэ,
Анэ псом нэхъ лейуэ сэ къэслъытэу,
Пасэу сIэщIэкIа си анэ дыщэр.
Срахьэжьэ сэ гукъэкIыж IэфIхэм,
Сабиигъуэм згъэзэжа къысфIэщIу…
Анэ куэщIым си щхьэр езгъэзауэ,
Мамэ и Iэ щабэхэр къызделъэ.
Зэми, месыр, гуапэу пыгуфIыкIыу,
Тебэм илъ щIакхъуэшхуэр кърегъэхур.
Сабий быныр дыкъетIысэкIауэ
Мамэ тхуэпщэфIауэ дэ дегъашхэ.
ЩIакхъуэ хуабэм и мэр щIэз къэхъуащи,
Унэми къыщIех берычэтымэр.
Адэри щхьэукъуэу жьантIэм дэсщи,
Дызэхэсщ дэ, щэхуу дыуэршэру.
Ахэр псори гукъэкIыж дахащэщ…
Нобэ нэщхъеялэщ адэжь лъапсэр.
Зеиншафэщ мамэ зыщIэмысыж унэр,
Сыхуэныкъуэщ псэм и хъуахуэ анэм.
ЩIакхъуэ хуабэм и мэ къысщIихьэхукIэ,
СфIощIыр мамэ и мэ сэ къысщIихьэу.
Жэнэтымэу ноби ар къысщыхъуу,
СфIэфIщ сэ щIакхъуэ гъэжьагъащIэм и мэр.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2026 - 14:18 →
«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»
08.06.2026 - 16:37 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
05.06.2026 - 14:18 →
Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр
05.06.2026 - 12:15 →
Сабийм и бампIэ
02.06.2026 - 18:19 →
ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI
| ||





Адыгэбзэр лъэпкъым и щIэблэм щыIэщIэху ди лъэхъэнэм псы щIыIэ шынакъыу ущрохьэлIэ ар зыгъэбзэрабзэхэм, ирипсалъэ къудей мыхъуу, прозэ тхыгъэкIи усыгъэкIи фIы дыдэу зи гупсысэр къризыIуатэхэм. ЕтIуанэхэм ящыщщ егъэджакIуэ икIи усакIуэ Вэрокъуэ СэIимэт.