Уи цIыху щIыкIэр къонэАдыгэ цей щыгъыу, Зельдин Владимир «Кхъуахъуэ хъыджэбзымрэ мэлыхъуэмрэ» фильмым зэрыщыджэгуар зылъэгъуахэм нобэми я фIэщ яхуэщIыркъым журт щIалэр Кавказым щымыщу. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щытрахащ, актёр цIэрыIуэм и илъэси 110-рэ гъуэгуанэм дриплъэжыныр къызыхэтхари аращ. ГъащIэ кIыхькIэ Тхьэр къызэрыхуэупсам нэмыщI, Зельдиныр жьыщхьэмахуи хъуащ. Илъэси 101-рэ хъуа нэужьи, актёрым иджыри къару иIэт сценэм ихьэу, цIыхухэр къыдихьэхыфыну. Тамбов областым хыхьэ Козлов къалэрщ ар дунейм къыщытехьар. И сабиигъуэм щытепсэлъыхыжкIэ, Зельдиным нэхъ гукъинэж, уеблэмэ гукъутэ щыхъуа сурэту и нэгум къыщIэнащ езыр щыпсэуа къалэм журтхэр къыщрахуэкIыу зэрыщытар. «КхъыIэ, сывгъэпщкIу!» - жиIэу, и адэм и пащхьэм лъэгъуажьэмыщхьэкIэ щетIысэха цIыхубзыр и нэгум щIэкIыжыртэкъым. И сабийхэм макъ къамыгъэIуну унафэ хуащIу, ар хадэм зэрыщагъэпщкIуари, и адэм екIуу зихуапэу, хъыджэбзым къыкIэлъыжэхэм зэпIэзэрыту, зыри имылъэгъуаифэу жэуап зэраритари щыгъупщэжыртэкъым. Апхуэдэ дакъикъэхэрщ сабийм цIыхугъэ щызыхилъхьэр. Езыми, музыкэм хуеджэн къудей папщIэ, чыристан диныр къищтэри, зэхъуапсэ щIэныгъэр зригъэгъуэтауэ щытащ, апхуэдэ хуитыныгъэ журтхэм иджыри яIэтэкъым. Гугъуехь куэдым пхыкIа актёрым и гупсысэм щытригъакIуэрт сыт хуэдэ зэмани фIыуэ илъагъу IэнатIэм зэрыпэрытар. Граждан зауэми, Хэку зауэшхуэми, Перестройкэми хиубыдащ ар. Илъэс пщыкIуплIым – и адэр, илъэсищ дэкIри – и анэр фIэкIуэдат. ИтIани, фIыуэ зэрылъагъу, сабийхэр хуабагъымрэ зэхущытыкIэ гуапэмрэ щызымыгъащIэ цIыхухэм зэрапIам къару къыхих зэпыту апхуэдэт. Уэрэдымрэ макъамэмрэ щымыужьых унагъуэ насыпыфIэм къызэрыщыхъуар арагъэнщ гъащIэ гъуэмылэ хуэхъуар. Къытебгъазэурэ уеджэжыну гъэщIэгъуэнщ Зельдиным илъэси 100 щрикъуам щыгъуэ, Ярошенкэ Виктор иритауэ щыта интервьюм. АдэкIэ къакIуэр абы щыщ пычыгъуэщ: - Сэ сысовет цIыхущ. Зэи хуэкъулейуэ дыпсэуакъым, абы уеблэмэ икIи дыщIэхъуэпсакъым. ЗэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ дыхъурти, сыт нэхъ IэфI дыдэу унагъуэм щыпIухуар жаIэу зыгуэр къызэупщIмэ, ар ди анэм кхъуейлъалъэ дэлъу тхуищI хьэлывэхэрт. Си бзэгупэр нэхъ шхыныгъуэ IэфIу игъащIэм зэIусари си анэм и Iэм къыкIэрына кхъуейлъалъэрщ. IэщIагъэр къапщтэмэ, си ролхэр зэщхьэщыкI щхьэкIэ, псоми къаIуатэр зыщ. Театр училищэр къыщызухым, нэхъ къызэхъулIэну ролхэм тепсэлъыхькIэрэ, си егъэджакIуэм къызжиIат: «Лъагъуныгъэм итхьэкъуа щIалэхэм я ролыр фIы дыдэу пхуэгъэзэщIэнущ». Си нэгу къыщIыхьэж роль псоми пщащэм фIыуэ зэрыслъагъур и фIэщ щысщIын хуей хъурт. Лъагъуныгъэ зыхомыщIэр гугъущ къэбгъэлъэгъуэну. Уэ уи фIэщ мыхъур къоплъым игу дыхьэну? Ауэ къызэхъулIэрт зыгуэру. Дауэ ухуейми щIыи, бзылъхугъэр цIыхухъум и псэщ, фIылъагъу къэIуэтэкIэри хьэл пхуэхъун хуейщ. «КъафэмкIэ егъэджакIуэ» си япэрей спектаклыр сигу къинэжащ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт зауэм къыхэкIыжа къудей мэзкуудэсхэм Лопе де Вегэ и сатыр гъуэзэджэхэр я пащхьэ къипхьэу. ЦIыхухэр дахагъэм хуэзэшат. Илъэс плIыщIкIэ утыку дыкъихьащ ар къэдгъэлъагъуэу. Ари Дзэ плъыжьым и театрым. Хэти хуэдэу, сэри къысхуихуащ роль щызимыIэ, лэжьыгъэ къыщызамыт. Апхуэдэ защIэу пIалъэфI есхьэкIауэ, илъэс 80-ми сыщIигъуауэ, Гусман Юлий къызоджэ «Ламанчи щыщ цIыху» спектаклым сыхигъэхьэну, Дон Кихот и ролыр згъэзэщIэну. Гурэ псэкIэ сыщыгуфIыкIат. Дон Кихот хьэлкIэ сытехуэу къысфIощI сэ. Ролхэм куэдрэ утепсэлъыхьыфынущ, ауэ нэхъыщхьэр сыт? Ахэр мэкIуэдыжри, уэ езым уи цIыху щIыкIэр къонэ. Си гугъэмкIэ, а си «роль нэхъыщхьэм» зихъуэжакъым: зи лъэпкъымрэ зи Хэкумрэ фIыуэ зылъагъуж цIыху къызэрыгуэкIыу сыкъэнащ. Урысейм фIэкIа зыщIыпIи сыщыпсэуфынутэкъым. Нэхъыбэм сыкъызэрацIыхур «Кхъуахъуэ хъыджэбзымрэ мэлыхъуэмрэ» фильмырщ. Абы, уеблэмэ, си гъащIэр къихъумащ. 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэм фильмыр тетхыу Къэбэрдей-Балъкъэрым дыщыIэт, Теберда и Iэгъуэблагъэм щыхъуакIуэ мэлхэм дахэту. Псори зэбгрыкIыжри, сэ Минводы къалэм къыщытIысын хуей кхъухьлъатэм сежьэу сыкъэнащ. Кхъухьлъатэр къакIуэркъым, диспетчерым: «СщIэркъым, Мэзкуу жэуап къыдитыркъым», - жи. Бэзэрым докIуэри, Молотовым и макъыр радиом къоIукI: зауэ къэхъеящ. Билетхэр еттыжри вокзалым дыкIуащ. Зыгуэру мафIэгум дракуэри, Мэзкуу дашэжащ, апщIондэху зауэм сыдэкIын хуейуэ тхылъымпIэ къысхуэкIуауэ къыщIокI. АрщхьэкIэ махуищ дэкIри, къедгъэжьа фильмыр нэдгъэсыну унафэ къытIэрыхьащ. Фильмыр техын щыдухар дапщэщ жыпIэмэ, Мэзкуу къебгъэрыкIуа нэмыцэхэр щрахужьэжа махуэхэрщ. Илъэсищэ ущрикъукIэ, гъащIэм уемыгупсысыпIэ иIэкъым. Фигу хэзгъэщIыну сыхуейкъым, ауэ ар псынщIащэу, гу лъумытэххэу блолъэт. Мыхьэнэ зиIэ Iуэхум тегъэкIуэдэн хуейщ гъащIэр. Сыт щыIэм я нэхъыфIыр? Лъагъуныгъэрщ! Иныкъуэхэм гъуэбжэгъуэщым ещхьу блэлъэт хъуапсэ кIэщIыр лъагъуныгъэм хагъэзэрыхь, ар щыуагъэщ. ЛъагъуныгъэкIэ узэджэну зыхуэфащэр зэфэзэщу гухэлъ къабзэщ, ар зыхуэгъэза цIыхур куэдрэ умылъагъу пэтми, уи нэгум къыщыщIыхьэкIэ, уи гур къыхуилъэтыкIыу.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
10.09.2026 - 15:48 →
ГъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ
09.09.2026 - 15:36 →
Уэрэдхэр – анэдэлъхубзэкIэ
09.09.2026 - 15:28 →
Анэдэлъхубзэхэм я махуэшхуэр ягъэлъапIэ
09.09.2026 - 12:18 →
ДжэбрэIил хахуэм и фэеплъ уэрэд
| ||




