Макъамэмрэ шэху уэздыгъэхэмрэ

Iуащхьэмахуэ метр 3500-рэ удэкIа нэужь, укъыщыувыIэ хъу, «Мир» станцым щекIуэкIащ «Симфония Эльбруса» концерт гукъинэжыр. Ар къызэригъэпэщащ щIыналъэм зегъэу­жьынымкIэ «Кавказ. РФ» акционер зэгухьэныгъэм.

Orchestra of New Time симфоние оркестрым и концертым еплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху 1000-м щIигъу. Гупым игъэзэщIащ симфоние макъамэ цIэрыIуэхэр, художественнэ фильмхэм («1+1», «Ангелы и демоны», «Interstellar», нэ­гъуэщIхэми) хуатха макъамэхэр. ЦIыхухэм гъэщIэгъуэн ящы­хъуащ поп-музыкэ, джаз, рок жыпIэми, жанр зыбжанэ оркестрым зэрызригъэкIуар. Шэху уэздыгъэ мин щыблэрт концертыр щекIуэкIми, гукъинэж ящIащ ялъагъумрэ зэхахымрэ.
Концерт нэужьым Iуащхьэмахуэ лъапэ и хьэщIэхэм къыхузэрагъэпэщащ «Бгы къабзэ» фестивалыр. КIэрыхубжьэрыхухэр зэхуэхьэсын Iуэхум жыджэру хэтащ волонтёрхэр. Фестивалыр щекIуэкI махуэм, абы кърихьэлIахэр зыхуеину Iэмэпсымэхэр пщIэншэу ягуэшащ икIи бгым шэджагъуашхэ щрагъэщIащ, Урысей Ипщэм и артистхэм я концертым ирагъэплъащ, щIыналъэм и IэпщIэ­лъапщIэхэм я жармыкIэ, мастер-классхэр, къафэхэр къыхузэрагъэпэщащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ лъапэ» щIыуэпс паркым и Iэгъуэблагъэм гъэм и сыт хуэдэ зэманми зэIуха «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэр зыхуэзэр бгым и ипщэ лъэныкъуэращ. Бгы къежэхыпIэ зэгъэпэщауэ абы щыIэр псори зэхэту километр 17 мэхъу. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къы­зэ­рыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ, «Кавказ. РФ» АО-м накъыгъэм щыщIэдзауэ жэпуэгъуэ мазэм пщIондэ а зыгъэ­псэхупIэм екIуа­лIэхэм папщIэ егъэлажьэ «105 пикет», «ТекIуэныгъэм и лъагъуэ» щIыуэпс тхыдэ лъагъуэщIэхэр. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: