Кузьмин Валентин ягу къагъэкIыжМэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм лъахэхутэ литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Исторические этюды Валентина Кузьмина» пшыхьыр. Ар теухуащ урыс тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, Хэку зауэшхуэм и ветеран Кузьмин Валентин къызэралъхурэ илъэси I00 зэрырикъум.
Щхьэхуэу ягъэуващ тхакIуэм илъэс зэхуэмыдэхэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр, щIыналъэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ къытехуахэр щызэхуэхьэса «Многогранность и зрелость таланта» дапхъэр.
Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 щрикъумрэ ТекIуэныгъэм и илъэсу мы гъэр зэрагъэувамрэ ирихьэлIэу, фIыщIэшхуэ зыхуащIу ягу къагъэкIыж лIыхъужьхэм ящыщщ Кузьмин Валентини. Хэкум и деж щахь жэуаплыныгъэр зыхащIэу, къэралым и щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ щIэбэныну, лъахэм и пщIэмрэ щIыхьымрэ яхъумэжыну Iэщэ къэзыщта цIыху минхэм ящыщт ар. КъыжыIапхъэщ, ди щIыналъэм щыпсэухэр Кузьмин Валентин и IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Уеблэмэ СССР псом щыцIэрыIуэу щытащ а тхакIуэр. И Iуэтэжхэм, повестхэм, романхэм лъабжьэ яхуэхъуащ гъащIэмрэ Хэку зауэшхуэмрэ. Ди республикэм щыпсэу нэхъыжьхэм къахэгъуэтэгъуейщ «Мой дом – не крепость», «Своя ноша», «Без отца» тхылъхэм емыджа. ГъэщIэгъуэныщэщ нарт IуэрыIуатэм теухуауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр.
Кузьмин Валентин I925 гъэм Севастополь къалэм къыщалъхуащ. Ебгъуанэ классыр къиуха нэужь, I943 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ар ираджащ икIи Могилёвск щыIэ дзэ училищэм еджакIуэ ягъэкIуащ. Мазий дэкIри, курсант щIалэр I82-нэ стрелковэ дивизэм хэту Днепр щызэуащ. УIэгъэ хьэлъэ щыхъум, мазэ зыбжанэкIэ и узыншагъэр зытригъэувэжри, Куржы ССР-м кхъухьлъатэзехуэ нэхъыщIэхэр щагъэхьэзыр и школым ягъэкIуащ ар. Кузьмин Валентин яхэтащ зауэ гъуэгуанэ хьэлъэм ирикIуэу Берлин нэсахэм. «Хэку зауэшхуэ» орденым и I нагъыщэр, медаль 11 къэралым абы къыхуигъэфэщащ, зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ.
Хэку зауэшхуэ нэужьым Кузьмин Валентин Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуащ. Курыт еджапIэр Налшык къыщиухыжри, япэщIыкIэ лэжьакIуэ щIалэгъуалэм я школым, итIанэ педколледжым щеджащ. Урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ егъэджакIуэу, газетхэмрэ радиохэмрэ ядэлажьэу щытащ. I958 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм (иджы «Эльбрус») художественнэ литературэмкIэ и редактор хъуащ. КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хагъэхьащ I965 гъэм. Республикэм и литературнэ фондым и унафэщIуи щытащ.
Зи гугъу тщIы зэIущIэм хэтащ тхакIуэм ипхъу, КъБР-м и телерадиокомпанием и редактор Кузьмина Нинэ, тхакIуэ, журналист, «Русский Декамерон» литературэ саугъэтым и лауреат, «Славянские традиции» VII литературэ фестивалым щытекIуа Терехов Виктор, Налшык къалэм и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Чеккаевэ Рахимэ, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




