Линэ къыщиудмэ, и анэм игу зэрыхэщIынур ищIэрти, и нэпсхэр къримыгъэутIыпщу къэтэджри, шейнычым псы иригъахъуэ зищIащ. Нэхужьи гу лъимытауэ щыттэкъым и пхъур къызэрызэфIэзэрыхьам.
Шейнычыр мафIэм тригъэувэу къэтIысыжа нэужь, пещэ:
- ТIуми къэдлэжьыр мащIэми куэдми еттырт, зыри къэдмыгъанэу. Ауэ илъэсыщIэм нэхъ лейуэ дгъэгуфIэнщ жытIэри, хуэм-хуэмурэ зэхуэддзыса ахъшэмкIэ цыджанэ къыхудощэху зэгуэр. «Апхуэдиз ахъшэ дауэ къызэрысфIэвдыгъуар?» - жеIэри къыджеIэ. Къыхуэпщэхуар зримыпэс зищIрэ плъагъуу ищэжу. Зыгуэр къезытахэм уакъыдигъажэу. «Сыт уи нысэм къуитар?» жиIэри къызэупщIати», - жиIэу, къригъажьэрэ, фэ къыптригъэуэн щхьэкIэ пцIы зэриупсар фIыщIэ пщIын хуейуэ.
- Апхуэдэурэщ-тIэ нысэ зэрагъасэр.
- Игу зэрызыщагъэкIыр апхуэдэущ. Заур къишэмэ, уигу сыкъэгъэкIыж. Хьэрун и анэу зэрыщыт къудейм щхьэкIэ, ищIэ псори сфIэтелъыджэт сэ абы. ЖьэкIэ «ФызэгурыIуэмэ, нэхъыбэ сыхуейкъым» жиIэу. Ауэ щыхъукIэ, Хьэрун къысхуэгуфIэху, къыщIытехьар умыщIэу зилыгъуэжу. Ди нэ зэхуэдгъэзэну дыхуиткъым, «фэ», «фэ», «фэ» фIэкIа зэхыумыхыжу къогубжь. Уи анэр къыпхуейщи дэIэпыкъу, жызоIэри къуажэкIэм изохухыж, жэщ ныкъуэ хъуху къимыутIыпщыжу аркъэ ашыкыжь къомыр кърырегъэлъэфэкI. Ефауэ къызэрыкIуэжынури сощIэ.
- Унэкъуэщым улIэуи упсэууи фIэфIкъым, жыхуаIэращ. Адыгэм уемыдаIуэмэ, ухабзэншэщ, уедаIуэмэ, уделэщ. УтемыкIуэфмэ, къыпхуигъэгъунуIакъым.
- Щымыхъужыххэм, игу згъэзэгъэн щхьэкIэ, сыхуэзэху тыгъэ гуэр хуэсщIынщ жысIэри сигу ислъхьат. И гум зигъэнщIыркъым, уи джийм ехым къыкIэлъоIэбэ.
- Тхьэ, сымыщIэ. Сэ схуэдэ зы къуажэдэс фызыжь цIыкIу къэбгъэпцIэн щхьэкIэ, уи унагъуэбжэр зэхуэпщIыжыну? Дауэ зищIми, лIыр къыпхуонэ.
- Къысхуэнэркъыми аракъэ зыщIэслIэжыр! Хьэрун щыту къыстокIие. Сэ цIыху гуэр уэ уигу иримыхьу сщIэмэ, сэлам езмыхыфу сохъу. Анэм игу зэбгъар фIыуэ плъагъуфын щхьэкIэ, бегъымбар дыдэу ущытын хуейщ. Абы и нэкIэ къызэплъурэщ Хьэруни игу къызэрысщыкIар.
- Игу къыпщыкIамэ, мы къалэшхуэм укъыщигъуэтынт, тхьэ, ар мыпэж. Псори зыщыгъэгъупщи, мис, пщэдджыжь щыщIэдзауэ щIэрыпсу къыщIэдзэж. Махуэ къэс гъащIэщIэ щIедзэ.
- Уи Iуэху дэкIмэ, бэуапIэ къыуимыту къыпкIэлъыкIуэу, къыпхэпщэфIыхьу, къыпхыхьэжыпэу, псори езым зэрифIыгъэр дерсым ещхьу къуигъэпщытэжу. ТIэкIу укъэдзыхэмэ, уи гум зимыIэтыжын хуэдизу уриудыхыу, уриудыхыу. Зыри жимыIа хуэдэу, зигъэгушыIэнэпцIурэ къыпкIуэцIытIыхьу. Уи жагъуэ хъуауэ гу лъитэмэ, ехъулIауэ. Сыт хуэдизрэ ар зэрыпхуэшэчынур?
- Узижагъуэ нысэ пхуэухъу уэ. Iэджэуи пщыпхъу гуащIэ къыпхэкIыну къыщIэкIынщ.
Нэхужьэ гушыIэну хуожьэ, и пхъум и гукъыдэжыр къыхуиIэтыжын щхьэкIэ, ауэ зэхихым и нэхъыбэр япэущ и тхьэкIумэм зэриIуэр. Зэхихым и гур зэрыригъэхуэхыр пхъум къригъащIэ хъунукъыми, жьэкIэ жиIэр нэгъуэщIщ:
- Къысхуиуха IэнатIэм сыпэлъэщынщ жыпIэмэ, жэщи махуи сыпкъуэтщ, си хъыджэбз цIыкIу. Уэ си пIэ уитамэ, сыт пщIэнт, жыпIэмэ, фи насып иджыри зэхэлъу къысщохъу, щIалэр къыпхуейщ. Мэржан зэ и къуэм къылъэIэсыху, уэ пщIэ улъоIэс. Мис, жэщыкум укъигъуэтаи? КъызэрыпщIэбэгыр и нэгум къощ. НэгъуэщI къишэн Iуэху зэрызэримыхуэри уолъагъу. Аращи, уэри и гур хуэгъэфI. Дунейр зезыхьэр я псэгъухэм ягъэгушхуа щIалэхэрщ. Сысейм нэхърэ нэхъ Iей щыIэкъым жыпIэмэ, езыми аращ жиIэнур. Уи нэмэзыр ублэжи, Алыхьри къыбдэIэпыкъунщ. Гуащэм и хьэтыркIэкъым лIым пщIэ щIыхуащIыр.
- Нэмэз дэнэ деж сэ щысщIынур, зым сыгъашхэ, адрейм сегъафэ жиIэу си ужьым иту. Апхуэдиз бампIэ уи гум илъу пщIы нэмэзри хэт пIызыхынур?
- Ахэр зэхызумыгъэх! Нэмэзыр зигу къабзэм и Iэмал щэхущ. Андез пIыгъыу лIымрэ бынымрэ уакIэлъызекIуэ зэпытмэ, унэм берычэтыр икIынукъым, уигурэ уи щхьэри зэтекIынукъым.
- Нэмэз пщIын щхьэкIэ, Iиман куу уиIэн хуейщ. Нэмэзлыкъым сытету сабийр зэрызгъэшхэнум сегупсысмэ… умыщIыххэмэ нэхъыфIщ ар.
- ПцIышхуэщ. Щхьэр хуитщ, гур лъэщщ, Iэпкълъэпкъыр здэпшэмкIэ макIуэ. Телефоным укIэрысын къэбгъанэкъыми, сабийр магъ жыпIэу.
- Хъунщ, мамэ, кхъыIэ, дыгъэгъуэлъыж. Уэ схуелъэIу, уэ нэхъыфIу укъелъагъу Алыхьым.
- Сыпсэуху сыпхуолъэIу, сылIэмэ, уи бынми уэри хэт фхуелъэIунур? Фыпсэлъамэ, си фо цIыкIу, си IэфI цIыкIу жыфIэу, ауэ щыхъукIэ зы дыуэ Iэбжьыгу фи кIуэцIыкIыщIэм къикIам щхьэкIэ фигу пымыкIыу. Дэри жьы дыхъуащ, зыгуэр тхуэлъэIуащэрэт жыдмыIэ уи гугъэ? Феуэ, я сурэтхэр фемызэшу къифлъхьэ...
Нэхужьэ и нэпсыр Iуфэм зэрыIутыр ищIэжырти, и псалъэр нигъэсакъым. Абы гу лъызыта Линэ анэм зришэкIри, зыхищIэу къаруущIэ гуэр къыхыхьэжащ. Къешхыдэ зищIми, анэм епсэлъэху, Линэ и хьэлъэм сыт щыгъуи фIыуэ зэрыкIэрыхур ищIэжырт.
- Сытым деж ущытшэжынур-тIэ пщэдджыжь? – телефоныр къищтэурэ хьилагъ мащIэ щIэлъу гушыIэ зещI хъыджэбзым.
- Сытым деж ущыхущIыхьэнур жыIи, еупщI. Си малъхъэм сишэж закъуэмэ, зыми сыкъыкIэрыхуркъым.