УсакIуэ, дохутырПщыукI Латмир усакIуэщ икIи дохутырщ. Апхуэдэу щыхъукIэ, хущхъуэкIи, чэнджэщкIи, псалъэкIи йоIэзэ цIыхум. Медицинэр и IэщIагъэмэ, усэныр и псэм и къулеягъэр къэзыгъэлъагъуэ дуней тетыкIэщ. ПщыукI Латмир щIыфэ узыфэхэмрэ венерологиемкIэ республикэ диспансерым и дохутырщ. КъБКъУ-м медицинэмкIэ и къудамэр къиуха нэужь, и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Москва щыIэ ординатурэм. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, и Iэдакъэм усэ тхылъищ къыщIэкIащ: «КъуэкIыпIэ пшэплъ», «Си гум и IэпапIэ», «Губгъуэ зэрыджэ». Латмир медицинэм, усыгъэм, литературэм теухуауэ къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- ПщыукI Латмир усакIуэщ, медицинэм щиIэ зэфIэкIхэри инщ. IэщIагъитIыр дауэ къыщызэдэгъуэгурыкIуэрэ уи гъащIэм?
- УсакIуэу къыщIэкIынущ нэхъыбэу зыкъызэрыслъытэжыр. Ар зыфIэпщыжыну къезэгъыу си гугъэщ уи гумрэ уи псэмрэ апхуэдэ щытыкIэ зыхыуагъащIэмэ.
Дохутырымрэ усакIуэмрэ куэдкIэ зэщхьщ. ТIури псэм епхащ. Сымаджэм ибохьэлIэ псэ хуабагъэ. Ар хэмытмэ, сыт хуэдэ хущхъуэ йомыхьэлIэми, нэсу сэбэп ухуэхъуфынукъым, езыми и узыншагъэр дзыхь къыпхуищIын хуэдизу и гур къыббгъэдыхьэнукъым. Сымаджэм къуигъэз дзыхьыр зыхэпщIэну гугъукъым. ЕтIуанэуи ещанэуи, дохутыр хуэныкъуэ хъуху, къытригъэзэнущ уи деж, и ныбжьэгъуи, и цIыхугъи къыпхуигъэкIуэнущ.
Усэри псэращ къыщежьэр. УетIысылIэу, бзэ и лъэныкъуэкIэ дапхуэдизу зыхуей хуомыгъэзами, псэм и лъагъуэм къримыкIуа сатырхэр усэ хъуфынукъым. АтIэ, ар псэм щыпIэжьажьэм – щыпIэжьажьэурэ зыкъызэкъуех, ирокъури, «и хьэл иIэжу» хуокIуэ тхылъымпIэм. ЦIыхум езым и лъыщхьэ (генетикэ) иIэжу дунейм къызэрытехьэм хуэдэщ усэми и къэкIуэкIэр.
Аращи, IэщIагъитIми я Iуэху зэхэлъщ, тIуми уи псэм щыщ хыболъхьэ.
- Дохутыр IэщIагъэм дауэ утегушхуат?
- Си анэшхуэр сымаджэ хьэлъэу хэлът. А зэманым нэхъыфI дыдэхэм хабжэу щыта дохутыр ахъырзэман Нэхущ Хьэрэбий къашэурэ кърагъэIэзэрт. Нэхъапэхэм апхуэдэ дохутырышхуэхэм тыншу зыкъуагъэгъуэтырт, зыхущIагъэхьэфырт. Фонедоскопыр и тхьэкIумэм Iуилъхьэу си анэшхуэм ар къеплъауэ зэрыщытар си гум изубыдащ. Дохутырым и лэжьыгъэр фIыуэ зэрилъагъур, цIыхугъэ зэрыхэлъыр си нэгу щIэкIати, сехъуэпсащ, дохутыр сыхъуну сызэрыхуейр хьэкъыу спхыкIагъэнущ абы щыгъуэм.
Ди адэм фIэфIт литературэр фIыуэ зэрыслъагъур, къысхуигъэдахэрт усэ зэрыстхыр. Курыт еджапIэр къэзухмэ, Москва щыIэ Литературэ институтым сыщIигъэтIысхьэну хуейт. Ауэ, сэ мо цIыху щэджащэм дэслъэгъуар си нэгу щIэтти, а IэщIагъэм сызэрыхуейр щыжесIэм, «абы щыгъуэм уэ пфIэфIращ сэри сфIэфIыр» жиIэри, дохутыр сыхъуным тедухуащ. 10-11 классхэм репетитор сиIэу зызгъэхьэзыращ – Къулъкъужын сыкъикIыурэ Налшык сыкъакIуэурэ седжэрт. ИлъэситIкIэ гугъу зезгъэхьри, сыщIэтIысхьащ ди университетым медицинэмкIэ и къудамэм. А зэманым еджапIэ нэхъыщхьэ ущIэтIысхьэну куэдкIэ нэхъ гугъут иджы нэхърэ.
Университетым сызэрыщIэтIысхьар куэдкIэ и фIыгъэщ Хъурей Феликс. ПрофсоюзхэмкIэ унэм бзылъхугъэхэм я гимназие къыщызэIуахти, драджауэ щытащ абы дыхэтыну. Си тхылъ цIыкIур къыдэкIагъащIэти, ар згъэлъэгъуащ, си усэхэм ящыщщ сыкъеджащ. Хъурей Феликс щIэст а пшыхьми, гу къыслъитэщ, сызыбгъэдишэри къызэпсэлъащ, си гугъэхэм, школыр къэзухмэ здэзунэтIыну сызыхуейм теухуауэ. Дохутыру седжэну сигу зэрилъыр щыжесIэм: «Аттестатыр къызэрыпIэрыхьэжу си деж накIуэ, сыбдэIэпыкъунущ!» - къызжиIащ. СриIыхьлы дыдэм хуэдэу, си къэкIуэнум теухуауэ жэуап ихьу фIэкIа умыщIэну къызэпсэлъащ ар. Сэри зэрыжиIам хуэдэу сщIащ, курыт еджапIэр къызэрызухыу Феликс зыхуэзгъэзащ. «Илъэсихым уи еджэным текIуэдэнур ди зэгухьэныгъэм и мылъкум къыхэдгъэкIынущ», - жиIащ аргуэру. Университетым сыщIигъэтIысхьэри, ар къэзухыхукIэ, и нэIэ къыстетащ, «уи еджэныр, сессиер, практикэр дауэ хъурэ?» жиIэурэ къыскIэлъыгъуэзащ. Деканатым нэпсалъэу, «ПщыукIым и Iуэхур сыт хуэдэ?» щыжиIэкIэ, «НэхъыфIу еджэхэм ящыщщ» - къыжраIэмэ, гуфIэрт. Сэри сымыгъэщIэхъуу седжащ.
- Курыт еджапIэм ущIэсу уи япэ усэ тхылъыр дунейм къытехьащ…
- Илъэс 12-м ситу къыщIэкIынут тхэн щыщIэздзам… Илъэс 16 сыхъуу дунейм къытехьащ си япэ усэ тхылъыр. Стхыхэм нэхъыфIу яхэту къэслъытэу хъуар машинкэкIэ тездзэри, тхылъ тедзапIэм схьащ. Утегушхуэн хуейтэкъэ апхуэдэ лъэбакъуэм ушколакIуэу! Япэ сызыхуэзэ бжэр къыIусхри, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ зыщIэс пэшрауэ къыщIэкIащ. НапэкIуэцIищэ хуэдиз хъуну тхыгъэхэр зыдэлъ папкэр естати, сыкъыщIимыгъэкIыжу къеджащ асыхьэту. «Мыр къыдэгъэкIын хуейуэ дгъэбелджылахэм хэзмыгъэхьэу, занщIэу и Iуэху зетхуэнщ», - жиIащ. Абы щыгъуэ Хьэмыщэ: «УщIалэщ уэ иджыри, тхылъ къыдэбгъэкIыным унэсакъым, тхэ - хэгъахъуэ – зэхуэхьэс», - жиIэрэ сыIуигъэкIуэтамэ, нэгъуэщI зыгуэру хъунри хэлът си усэным и Iуэхур. АтIэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ си тхылъыпхъэр къищтэри, и теплъэкIи, и щIыкIэкIи зэхуэхъуауэ къысхудигъэкIауэ щытащ. Мис апхуэдэу сэбэп къысхуэхъу цIыху куэдым сащыхуэзащ си гъащIэ гъуэгум.
- УсакIуэм и пщэм къалэн дилъхьэжын хуейуэ пIэрэ литературэм теухуауэ, хьэмэрэ и гум жиIэм тету тхэмэ, абыкIэ гъэзэщIа хъурэ а къалэныр?
- Абы гъэщIэгъуэну гу лъыптащ… Тхэну пщэрылъ зыщызыщIыжам къалэн нэхъыщхьэу иIэр и псэм хуэпэжынырщ. ЩыIэкъэ, псалъэм папщIэ, дуней мылъкукIи къулыкъукIи пхъуэж мыхъун Iуэху еплъыкIэ? ПцIыр, залымыгъэр е нэгъуэщI мыхъумыщIагъэр къезыгъэу жозыгъэIэн къару щыIэн хуейкъым. Мис апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр тхэным къозэгъ. Усэ птхы къудейкIэ зэфIэкIыркъым, абы хурикъун псэ уиIэн хуейщ. Аракъэ езыр узыгъатхэри! Аращ сэ усакIуэ къалэным къизгъэкIыр. ИкIи ар мащIэкъым. Диным псэ къабзэкIэ цIыхур зэрыбгъэдэтым хуэдэу, къалэмыр къэзыщтэр и псэ къабзагъэм егъэдахэ.
- Латмир, сыт уэркIэ усэр? УсакIуэмрэ щIэджыкIакIуэмрэ я зэхуакум сыт дэлъ?
- ГъащIэм и щэху псори щIэныгъэм иджауэ къытщыхъу пэтми, щIэныгъэр дунейм и зэхэлъыкIэм щыщу зыщыгъуазэр зы мащIэ дыдэу къыщIэкIынущ. ИпэжыпIэкIэ тлъагъум нэхърэ щыIэр куэдкIэ нэхъыбэщ, нэхъ кууущ жыхуэсIэщ. АтIэ усэр а куупIэм и щэхум и зы кIапэ уэзыгъэлъагъу гуэру къысщохъу.
ЦIыхуипщI фIэкIа уи IэдакъэщIэкIхэм емыджэми, птхымкIэ абыхэм уадэгуэшэн хуейуэ си гугъэщ. Зи псэм губампIэ гуэр телъым и щхьэр кърихьэлIэфын хуэдизу нэгъуэщIыр зыхищIэфын хуейуэ соплъ усакIуэм. Сыту жыпIэмэ, ар псэм и гъуэгум ирокIуэ. Апхуэдэтэкъэ Агънокъуэ Лашэ! Къызолъытэ, литературэм къыхыхьэм чэнджэщэгъу, гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъун иIэн хуейуи.
- «Адыгэ псалъэ» газетым узэрыщылэжьам дыкъытегъэувыIэ…
- Адыгэ газетым сащыдэлэжьащ литературэми публицистикэми зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ нэхъыжь щэджащэхэм. Сыт и уасэт Къэрмокъуэ Хьэмид удэлэжьэну! Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр зэрызэридзэкIам и закъуэ фIэкIа имыщIами, абы и зэфIэкIыр зэрыиныр гурыIуэгъуэт. Уэрэзей Афликщи, усакIуэфIт, псалъэм и пIалъэр ищIэрт, чэнджэщ екIу къуитыфырт. ФIыгъуэ и уасэт Iуэху удыхэтыну!
2000 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым папщIэ КIыщокъуэ Алим сепсэлъауэ щытащ. Абы щыгъуэ тхакIуэшхуэ-усакIуэшхуэм къызжиIар си гум илъщ: «КъэскIуа гъуэгур си лъакъуитIым абрэмывэ зырызу фIэлъщи, си лъахэм сынагъэкIуэжыркъым» …
Сыт хуэдиз фIыгъуэ ббгъэдэлъми, уи Хэкум упэIэщIэу упсэун хуей хъуныр нэхъ тхьэмыщкIагъэшхуэ дыдэхэм ящыщу къысщохъу. Нэгъабэ Тыркум зыгъэпсэхуакIуэ дыщыIэу, сегупсысащ абы. Псори хьэлэмэтт, хьэщIэщ дыкъыщыувыIар сыткIи къызэгъэпэщат, дунейр щIэращIэрт, ди нэгу зиужьырт… ИтIани… хамэ щIыпIэ уIэпхъуэу, ар псэупIэ пхуэхъуным и хьэлъагъыр дакъикъэкIэ си нэгум къыщIэзгъэхьэри, си щIыфэм щIыIэ-щIыIэу ирикIуащ гупсысэр. ХамэщIым щыпIухуэ псым уи псыхуэлIэр иримыгъэкIыу, узытеувэ щIы кIапэр уи лъэм зыхимыщIэу – сыту насыпыншагъэшхуэ ар…
- Псэмрэ бзэмрэ зэщIыгъу?
- Дауи, тIури къызэдэщтэн хуейщ. Псэ, зэхэщIыкI, щIэныгъэ зиIэу дунейм тет цIыхум бзэри къыфIэIуэхунущ. Урысыбзи, инджылызыбзи, франджыбзи фIыуэ зэригъэщIарэ, зи псэри къулей хъуа цIыхум, зыкъигъэзэнщи, и адэжьхэм я бзэр иджыжынщ, зэгуэр ар пэIэщIэу щытами. Апхуэдэ щапхъэ куэд щыIэщ. Зи Хэку щымыпсэу, къэралыбзэ зыбжанэми хуэшэрыуэ адыгэ щIалэ, пщащэхэр щыIэщ, анэдэлъхубзэр псом япэ ирагъэщу, иригупсысэу, ирипсалъэу. ЖысIэнуращи, зэхэщIыкI уиIэмэ, дэнэ щIыпIи ущыадыгэфынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




