БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэм и къэкIуэнур лъэпкъым дэлъытыжащ

Урысей Федерацэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий Ильяс и къуэр ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди IэщIагъэлI пажэхэм. Филолог-еджагъэшхуэр ЩIДАА-м и академикщ, Къандурым и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтым и лауреатщ.
БакIуу Хъанджэрий Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Жьакуэ адыгэ жылэм 1940 гъэм фокIадэм и 17-м къыщалъхуащ. Абы дэт пэщIэдзэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, еджэным щыпищащ Черкесск дэт интернатым, иужькIэ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым.  1969 гъэм БакIуур хъуащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дунейпсо литературэмкIэ и институту М. Горькэм и цIэр зезыхьэм и аспирант. 1973 гъэм ирихьэлIэу Хъанджэрий игъэхьэзыращ икIи Москва щыпхигъэкIащ «Адыгэ лъэпкъхэм я литературэмрэ абы щIэгъэхуэбжьауэ зэрызиужьымрэ» фIэщыгъэр зиIа и кандидат лэжьыгъэр. Хуабжьу хьэлэмэтщ БакIуум и доктор диссертацэри. Адыгэ усыгъэм и лъэпкъ фащэхэм, нэщэнэхэм ятеухуа а къэхутэныгъэр дунейм къытехьащ I995 гъэм. 
Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым илъэс 32-кIэ щылэжьащ Хъанджэрий. Ар пэрытащ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэнатIэ зыбжанэм: егъэджакIуэ нэхъыжь, доцент, кафедрэм и унафэщI, филологие факультетым и декан, филологие институтым и директор. 2004 гъэ лъандэрэ Хъанджэрий щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым.  
БакIуур унагъуэщ: щхьэгъусэрэ бынитIрэ иIэщ. Зэщхьэгъусэхэм я лъэр жан ящI быным, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм. Лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэм и ныбжьыр нобэ илъэс 85-рэ ирокъу. И махуэшхуэм ирихьэлIэу БакIуум упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 
- Хъанджэрий, лъэпкъ публицистикэм, литературэм, тхыдэм я зыужьыныгъэм хуэпщIа хэлъхьэныгъэ инхэм щыгъуазэщ абыхэм япыщIа дэтхэнэ зыри. Литературэм иужьрей илъэсхэм игъуэта зыужьыныгъэм теухуауэ сыт жыпIэн?

- Сэ си гъащIэр, дэнэ щIыпIэ сыщылажьэми, зэпхауэ екIуэкIыр лъэпкъ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) литературэр, хэхэс адыгэхэм я литературэр джынырщ, ахэр зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынырщ. А Iуэхугъуэхэм ехьэлIащ си къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, монографие щхьэхуэхэри яхэту. 
Адыгэ литературэм къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу ди лъэпкъ къуэпсищми я зыужьыныгъэм ехъулIэныгъэфIхэри Iуэхугъуэ къиинхэри зэщхьэщыкIыныгъэ ин яхэмылъу зэрыщыIэр. Совет зэманым, шэч хэмылъу, зыужьыныгъэ ин игъуэтащ ди литературэм. Апхуэдэу хъуми, къэралым щытепщэу щыта партым и гупсысэ нэхъыщхьэхэр бэм яхэзыхьэфын тхакIуэ, усакIуэ гуп къыхагъэбелджылыкIри, ахэращ илъэс куэдкIэ утыкум итар. Дауи, абыхэм ябгъэдэлъащ зэчиишхуэ, хуащIа пщIэри гулъытэри яхуэфащэ дыдэт. АрщхьэкIэ мащIэу гулъытэншэ хъуащ а ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыжьхэм къакIэлъыкIуа литературэ щIэблэр. ЗэрымыщIэкIэ дэхуэха хъуа а Iуэхугъуэхэр къэIэтыжыныр, зыхуей хуэгъэзэжыныр лъэпкъ щIэныгъэлIхэм ди къалэнти, абыхэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд дунейм къытехьакIэщ.
- Абыхэм ящыщщ, дауи, уи къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэшхуэхэм языхэз «IутIыж Борис. УсакIуэ. Драматург. Публицист» тхылъыр. Абы монографием пщIэшхуэ щиIэщ ди хэкуми адыгэхэр зыщыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми.
- IутIыж Борис си ныбжьэгъуфIу щытащ. Абы и творчествэм теухуа монографием селэжьыну мурад сщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым сызэрыуву. Хуабжьу сыдихьэхауэ зэфIэсхащ а лэжьыгъэр, илъэситхукIи селIэлIащ. IутIыжым хуэдэу зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа, усэми, прозэми, драматургиеми, адыгэбзэми, сурэт щIынми, пхъэм сурэт къыхэIущIыкIынми хуэIэижь цIыху иужьрей илъэс пщIы бжыгъэм къытхэкIауэ сщIэркъым. А цIыху щэджащэм хэлъа Iэзагъыр наIуэ къэсщIынращ си къэхутэныгъэхэм къалэн нэхъыщхьэу щызыхуэзгъэувыжауэ щытар. Шэч хэмылъу, Борис адыгэ драматургием и классикщ, арщхьэкIэ гъуэзэджэщ абы и усэхэри, новеллэхэри, сонетхэри, гушыIэхэри, абыхэм я лъапIагъри зыкIи нэхъ лъахъшэкъым.
ХэкулI нэсым, хэкупсэ къабзэм и творчествэм иужькIи зэ къытезгъэзэжащ. «Адыгэ литературэ: гушыIэмрэ ауанымрэ» си тхылъми щIыпIэ хэха щеубыд Борис и творчествэм. А тхылъым щызэпкърысхащ блэкIа лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург пашэхэм я тхыгъэхэм гушыIэмрэ ауанымрэ щыхуащIа гулъытэр, а жанрым зэрызрагъэужьар. Iыхьищу зэхэт лэжьыгъэм щIызгъужащ IутIыж Борис и гушыIэ сурэтхэр, шаржхэр, эпиграммэхэр. 
 - Ди анэдэлъхубзэм и нобэрей щытыкIэм дауэ уеплърэ, Хъанджэрий?
- Тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэу къыхощ адыгэхэр илъэс щитIым нэскIэ алфавит зэрылъыхъуар. БгъэдыхьэкIэу къагупсысауэ щытахэр зэхэплъхьэжмэ, дунейм зы лъэпкъи теткъым апхуэдизрэ и алфавитым елIэлIауэ. Лъэпкъым и лъабжьэу щыт анэдэлъхубзэм и Iуэхум узыгъэпIейтей куэд хэлъщ. Дуней псом щикъухьа адыгэхэм ди тхыбзэр тIууэ зэщхьэщыкIащ: адыгеибзэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэу, куэд хъуащ ди бзэм и диалектхэри. КъинэмыщIауэ, ди республикэм къэралыбзэу щалъытэ адыгэбзэм абы ехьэлIауэ игъэзэщIапхъэ къалэнхэр куэд хъуркъым. ХэщI зэпытщ курыт еджапIэхэм абы щыхухах сыхьэт бжыгъэхэми.
 Адыгэм ди къэкIуэнур, къытщIэхъуэ щIэблэм я гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр зэлъытар ди бзэм гъащIэм щиубыд увыпIэрщ. Ар нэхъ лъагэ хъуныр, анэбзэр зыIурылъ, абы пщIэ хуэзыщI бын къытщIэтэджэныр зэлъытыжари дэращ, езы лъэпкъырщ.
- Уи гъащIэ гъуэгум уриплъэжмэ, дауи, уолъагъу уи щIыбагъ къыдэлъу узэрыгушхуэ, узэрыпагэ Iуэхугъуэхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр… Зи гугъэмрэ зи гъащIэмрэ зэтехуахэм уащыщу зыкъэплъытэжрэ?
- Ныбжь гуэрым ущынэсам деж, Iэмал имыIэу узоплъэкIыжри, къэпкIуа гъуэгуанэр къыбопщытэж – и бгъуагъкIи и кIыхьагъкIи.
 ЩIалэгъуэр гъащIэ псом и IэфIыпIэщ. Пушкин зэрыжиIауэ, «пщэдджыжь пшагъуэу, пщIыхьэпIэу» щыт, щIэх дыдэуи блэлъэт а ныбжь дахэм тыгъэ лъапIэ куэд къытхуегъанэ. Апхуэдэщ гурыщIэ къабзэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр, цIыху насыпыр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм я нэхъыбапIэр. Абы къыкIэлъокIуэ а псори щебгъэфIакIуэ, абыхэм зыщебгъэужь лъэхъэнэр. Абы къыхощ мурадыщIэхэр, ехъулIэныгъэхэр, лъапIэныгъэхэр, гъэсэнхэр, н.къ.
Зи гугъу сщIы цIыху насып Iыхьэхэм ящыщ гуэрхэр къызылъысахэм сащыщщ сэри. Языныкъуэхэр езыр-езыру къызэуэлIащ, адрейхэм салъэIэсащ си гуащIэкIэ, си акъылкIэ – псори Тхьэм и Iэмырщ. Абы къыхэкIыу зызолъытэж сынасыпыфIэу, зи гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу дунейм тетхэм сащыщу.
- Упсэу, Хъанджэрий. IутIыж Борис зэрыпхуитхауэ, «къэнэжа гъищэр щыпкъэу уигъэгъакIуэ».

 

Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться:

Читать также: