Дэ хущхъуэ

 

Таурыхъ

 Мадинэ и къуэ закъуэр адэншэу ипIат. Фызабэм и насыпти, Аслъэнбэч цIыкIур сабий жыIэщIэт, анэм хуэгумащIэт. Къуалэбзу, джэдкъаз, псэущхьэ фIэкIа Iуэху иIэтэкъыми, щIалэм и ныбжьыр илъэс пщыкIутхум щынэсым, Мадинэ ар игъэкIуащ езыр къыщалъхуа къуажэм дэс «Нажмудин Iэзэ» жыхуаIэм деж. Абы и гъэсэну илъэс зытIущкIэ щигъэIэмэ, Аслъэнбэч удз хущхъуэкIэ цIыхухэми псэущхьэхэми еIэзэфу къигъэзэжынут. Анэм и гум къыщIитхъырт и сабий закъуэр пэIэщIэ зэрыхъур, ауэ, итIани, тегушхуащ а Iуэхум.

  Анэш къуажэр гъунэгъутэкъыми, мазитIым зэ и анэм деж къэкIуэжыфми арат щIалэр. КъыщыкIуэжын хуей зэманыр къыщыскIэ, анэм шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд хуипщэфIырт и къуэм.

  Ауэрэ илъэсхэр ежэкIырт. Аслъэнбэч и гур етауэ зыхуигъасэрт Iэзэным. Нажмудин лIыжьым дэIэпыкъуурэ, куэдым хищIыкI хъуат. Бжьыхьэ мазэу щIалэм и псэр къезауэу щIидзащ, къэхъуар къыхуэмыщIэу. И гъэсакIуэ лIыжьым ар щыхуиIуатэм, и анэм деж кIуэжу плъэмэ зэрынэхъ фIэкъабылыр къыжриIащ.

Зыри къыщыпэплъэртэкъым абы куэбжэпэм. И гур къилъэту, унэм щIэлъадэмэ – и анэр пIэм хэлъщ, щхьэщыхьа и къуэри къицIыхужыркъым. Ар и щхьэм ихьауэ здэщысым, пэшым къыщIыхьащ я гъунэгъу фызыр – Iэминат.

– Хьэлъэщ уи анэр, – жиIащ цIыхубзым нэщхъейуэ. – Тхьэмахуэ мэхъури, хэлъщ. Удыращ ар зи IэщIагъэр. Куэд щIауэ къыдыхьэжатэкъым а угъурсызыр ди жылэми, кIуэдыпа ди гугъат. АрщхьэкIэ тхьэмахуэ кIуам дымыщIэххэу къыттеуащ. Ар къыпхуэкIуамэ, зикI, фIым ущымыгугъ. Удхэм сабий ядыгъу, балигъхэми зэран яхуохъуф. Мис иджыри зы щIалэ цIыкIу ихьыну щепхъуэм, Мадинэ къыIэщIитхъыжащ. Апхуэдэу щыхъум, удыжьыр уи анэм къебгащ. Абыхэм я гыбзэр гуащIэщ! Иджы, мис, укъимыщIэжу хэлъщ Мадинэ тхьэмыщкIэр. Сэ сыкIэлъоплъ. Хъыбари уэзгъэщIэфакъым, си щIалэ цIыкIу, уи гур сымыкъутэн щхьэкIэ.

Аслъэнбэч нэщхъейуэ хэплъэу щысащ зытэлайкIэ. ИужькIэ зэуэ зыкъызэщIипхъуэтри жиIащ:

– Умыгузавэ, Iэминат, сэ сощIэ си анэм и хущхъуэгъуэ здэщыIэр. Мэз жыжьэм хэт дэшхуей жыгыбэм илъэсищэ и ныбжьу зы яхэтщи, ар къэзгъуэтын хуейщ. Нажмудин Iэзэм къызжиIауэ щытащ а жыгым къыпыкIэ дэмкIэ зэхэлъхьа хущхъуэр дунейм гыбзэу тетым пэлъэщу.

– Ар хъарзынэт, Аслъэнбэч, ауэ уи закъуэ уемыжьэ. А жыгыбэр Иныжь шынагъуэм зэрихъумэр къыбжиIакъэ уи гъэсакIуэм? Укъилъагъумэ, псэууэ уIэщIэкIынукъым. Мыхъуми, си къуэрылъху Iэниуар здэшэ, зыгуэркIэ сэбэп къыпхуэхъунщ. Сэ мыдэ гъуэмылэ тIэкIу фхузэрыслъхьэнщ, чыржыни фхуэзгъэжьэнщ.

– Хъунщ, Iэминат. МахуихкIэ дыкъэтынущи, умыгузавэу къытпэплъэ. Къэдгъэзэжынщ тэмэму.

Апхуэдэу ежьащ щIалитIыр. Гъуэгу жыжьэт икIи шынагъуэт къапэщылъыр. Мэзым хьэкIэкхъуэкIэр щIэзт, щхъухь зыхэлъ къэкIыгъэхэми уащрихьэлIэрт, зыпэлъэщын хуей Иныжь шынагъуэм и гугъу умыщIыххи.

МахуищкIэ гъуэгу тетащ ахэр. Псынэ хуэзэмэ, къэувыIэурэ абдеж зыщагъэпсэхурт. Псы щIыIэм ефэрт, пхъэщхьэмыщхьэ ягъуэтмэ, яшхырти, Iэминат къарита чыржыныр трашхыхьыжырт. Ауэрэ ахэр нэсащ мэзыкум хэт дэшхуей жыгыбэм. Аслъэнбэч занщIэу къилъэгъуащ адрей жыгхэм къахэщ, илъэсищэ зи ныбжь дэшхуейр. Зэуэ зричат щIэпхъуэну, ауэ ар Iэниуар къигъэувыIащ, и Iэр жыгыжьымкIэ ишийуэрэ. Аслъэнбэч плъэмэ, жыг лъабжьэм, IэфIу жейуэ, Иныжьыр кIэщIэлът.

Иныжьым пэувыфу, абы текIуэфыну щыIар нарт лIыхъужь Сосрыкъуэ и закъуэщ. ЦIыху къызэрыгуэкIыр дауэ пэлъэщын? Хьилагъэ хуекIуэну мурад ящIащ зэныбжьэгъуитIым. Iэниуар Иныжьыр зыгуэркIэ игъэбэлэрыгъыу тригъэплъэкъукIыу, апщIондэху Аслъэнбэч дэр къыпичыну арат. ЗэрыжаIам тету, Iэниуар шынагъуэжьым хуэмурэ бгъэдыхьэри, и тхьэкIумэIупсыр иричу, щIэфиящ. Иныжьыр къызэщыури, гъуахъуэу къыхэкIиикIащ – Iэниуар и шабзэшэм Иныжьым и блыпкъым зыхисакIэт. ЩIалэм зригъэпщар и нэрат, ауэ блэукIащ. Шынагъуэжьыр IэлфIыцIэу къызэкIуэкIащ. И жейр зэпиуду, шабзэкIи къеуэжа щIалэжь цIыкIур хэт?! Аслъэнбэч мыхъуамэ, губжьауэ зыкъэзыдз Иныжьым къелынтэкъым Iэниуар. ЩIалэм япэу иутIыпща шабзэшэр шынагъуэжьым и тхьэкIумэм блэлъэтащ, етIуанэр и нэ закъуэм техуэри ирищIащ. Узым игъэгуIэу, нэф хъуауэ, Иныжьым адэкIэ-мыдэкIэ зидзырт, къыпэщIэхуэр зэтрикъутэу, къеуахэри къыхуэмыубыду. АпщIондэху щIалитIыр жыгыжьым дэпщейщ, нэдым из дэ къыпачри къелъэжащ. Иныжьым зиукIыжу къижыхьурэ ешри тIысыжауэ щысти, зэныбжьэгъуитIыр щэхуу абы блэкIри ежьэжащ. Махуэ еханэм нэсыжащ ахэр унэм. Аслъэнбэч епIэщIэкIыу дэ хущхъуэр зэхилъхьэри, и анэм Iуигъэхуащ. Мадинэ хуэмурэ нэхъыфI къэхъуащ. ЗыкъызэрищIэжуи, занщIэу щIэупщIащ:

– Дэнэ щыIэ си къуэ цIыкIур? Къэсыжа си Аслъэнбэч?

– Сыкъэсыжащ, нанэ, мисри, сыббгъэдэси.  Умыгузавэ, дяпэкIэ зэикI уи закъуэ укъэзгъэнэнукъым.

         Абы къыщыщIэдзауэ, Аслъэнбэч зэикI ибгынакъым я жылэр. Куэд мыщIэу щIалэм и Iэзагъэм и хъыбар къуажэ гъунэгъухэм къыщащIащ. ДэнэкIи къикIыурэ сымаджэхэр къыхуэкIуэрт, сэбэп хуэмыхъууи зыри IуигъэкIыжыртэкъым.

         Иджы цIыхухэр мэзыжьым мышынэу щIыхьэрт, пхъэщхьэмыщхьэ е пхъэхэкI къашэнумэ. Удри афIэкIа жылэм къыдыхьэжакъым. И удыгъэм пэлъэщын жылэм зэрыдэсыр ищIэрти, абы зыпыIуидзырт.

         И чэзур къэсри, Аслъэнбэч и анэм нысэ къыхуишащ. Зэман дэкIри, Мадинэ и къуэрылъху цIыкIухэр дунейм къытехьащ. Иджы нанэ насыпыфIэр и къуэрылъхухэм гуфIэжу яхэсщ, псысэ яхуеIуатэри. Ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ…

 

Поделиться:

Читать также: