Фэеплъыр зэрагъэуврэ илъэс 15 ирокъу

2010 гъэм шыщхьэуIум и 30-м Налшык къалэм, Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым, къыщызэIуахащ урыс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр и фэеплъыр, усакIуэ цIэрыIуэм теухуауэ республикэм япэу щагъэувар.

Ар зи жэрдэмыр «Деловая Россия» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIхэм ящыщ зы, КъБР-м и Парламентым и депутат, а зэманым «Ай-Би-Си Промстрой» ухуакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Войтов Алексейщ. Фэеплъыр зи мылъкукIэ ящIари аращ. Домбеякъ фэеплъыр зыщIар Москва щыщ скульптор  Кузнецов-Муромский Николайщ. Къалэм и архитектор нэхъыщхьэу щыта Тарарин Александр и проектымкIэ ягъэхьэзыращ фэеплъыр щагъэувыну щIыпIэр. Урысейм и къалэхэм щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ я Фондым Налшык къалэм тыгъэ къыхуищIащ а фэеплъыр.

ЯпэщIыкIэ я мурадащ урыс усакIуэм и фэеплъыр къалэм и лицей №2-м и пщIантIэм щагъэувыну. Иужьым къыхалъхьащ къалэдэсхэри ди хьэщIэхэри фэеплъым тыншу щеплъыфыну щIыпIэ абы къыхухахыну. УнафэщIхэм къалъытащ Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым (илъэс 90-м нэблэгъауэ), къалэ администрацэм пэмыжыжьэу фэеплъыр щыгъэувыпхъэу.

Илъэс пщыкIутхукIэ узэIэбэкIыжмэ, фэеплъыр къыщызэIуахым абы зыкърезыгъэхьэлIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и УнафэщI Ганичев Валерий и псалъэм къыхигъэщат Пушкиным Кавказым теухуа тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар, щIыналъэм и щIыуэпсым и дахагъэмрэ ди тхыдэ къулеймрэ къызэрыщигъэлъэгъуар, тхылъеджэхэм а тхыгъэхэмкIэ Кавказыр я нэгу къызэрыщIагъэхьэр.

УсакIуэшхуэр къыщалъхуа, дунейм щехыжа махуэхэм ирихьэлIэу абы и щIэинхэр фIыуэ зылъагъухэр абдеж щызэхуэсурэ ягу къагъэкIыж, и усэхэм къыщоджэ. Къыхэгъэщыпхъэщ: Пушкиным и фIыгъэкIэ Кавказ жэнэт щIыналъэр фIыуэ ялъэгъуащ. Дуней псом щыIуащ ди щIыналъэмрэ ди цIыхухэмрэ, ди хабзэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ ятеухуауэ усакIуэм гу зылъитахэр.

АдэкIэ дриплъэжынщ усакIуэшхуэм дуней псом щыхуагъэува фэеплъхэм.

Пушкин Александр и япэ фэеплъыр XIX лIэщIыгъуэм, 1880 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м, Москва и Тверь бульварым щыIэ, усакIуэм и цIэр зезыхьэ утым деж щагъэуващ. Абы илъэситхукIэ ипэ къихуэу фэеплъ щIыным теухуауэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIам щытекIуат скульптор Iэзэ Опекушин Александр. Абы и лэжьыгъэщ апхуэдэ пщIэ зылъагъэсар.

Москва а фэеплъыр щыщагъэувым, зэхыхьэшхуэ иращIэкIат, Урыс псалъэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм, Москва и къэрал университетым, Къэрал Думэм я жэрдэмкIэ.

Пушкинымрэ абы и щхьэгъусэ Гончаровэ Натальерэ хуагъэува домбеякъ скульптурэхэм деж илъэс 50-м щIигъуауэ москвадэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ щызэблокI. Бурганов Игорь и скульптурэхэр Арбатым деж щагъэуващ 1999 гъэм. Бургановыр ящыщщ Вашингтон, Ижевск къалэхэм Пушкиным и фэеплъ щагъэувахэм елэжьа гупым.

Пушкиным и щIалэгъуэр щигъэкIуа Царскэ къуажэм (иджы Пушкин къалэм) 1900 гъэм щагъэуващ Бах Роберт усакIуэм и фэеплъ ищIар. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ фэеплъыр щIатIат, къалэр къэзыухъуреихьа фашистхэм зэхамыкъутэн папщIэ. 

1957 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м Санкт-Петербург и курыкупсэм, Урыс Музейм и гупэм деж, Пушкиным и фэеплъ щагъэуващ. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ скульптор Аникушин Михаил.

Михайловскэ къуажэм абы щыхуагъэува фэеплъым уигу къегъэкIыж усакIуэр а щIыпIэм  щыщыIам тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар.  Къэбгъэлъагъуэмэ, а щIыпIэрщ щынигъэсар «Евгений Онегин» романым и етхуанэ, еханэ Iыхьэхэр. Апхуэдэу абдеж щыщIидзащ «Арап Петра Великого» романыр итхын.

Пушкиным и фэеплъ щыболъагъу усакIуэм и цIэр зезыхьэ «Михайловское» къэрал музей-заповедникым и Iэгъуэблагъэм.

Илъэс зыбжанэ хъуауэ  тхакIуэм и скульптурэм егъэдахэ Москва гъуазджэхэмкIэ и «Музеон» паркыр.

Бернштам Л. 1912 гъэм Пушкиным хуищIа фэеплъыр Пушкин къалэм дэтщ. 1999 гъэм фокIадэм и 1-м Париж къыщызэIуахащ Пушкиным и фэеплъ бюстыр, скульптор Орехов Ю. Г. и Iэдакъэ къыщIэкIар. Ар щагъэуващ усакIуэхэм я жыг хадэм пэмыжыжьэу.

Урыс усакIуэ цIэрыIуэм и мызакъуэу, домбеякъ фэеплъ Псков щыхуагъэуващ Пушкиным и дэгызэ (няня) Арини.

Пушкиным и фэеплъ Китайм и Шанхай къалэм I937 гъэм япэу щагъэуващ. Абы я мылъку халъхьащ Китайм концерт щызытыну кIуа Шаляпин Фёдоррэ Китайм абы щыгъуэ щыпсэуа Вертинский Александррэ.

Канадэ и Монреаль къалэм и Свято-Петропавловскэ соборым пэмыжыжьэу щыт, Пушкиным и цIэр зезыхьэ библиотекэм деж 2002 гъэм усакIуэм фэеплъ щыхуагъэуващ къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу. Ар тыгъэ яхуищIащ скульптор Гамбаров Виталий, гъуазджэхэмкIэ «Кленовые листья» VII фестивалым щыгъуэ. А гъэ дыдэм фокIадэм скульптор Таратынов и Iэдакъэ къыщIэкIа фэеплъыр усакIуэм Черногорием щыхуагъэуващ, «Бонапарт и черногорцы» усэм папщIэ.

УсакIуэм и фэеплъ Индиеми щыIэщ. Дели абы щыхуагъэуващ Аникушин Михаил ищIа домбеякъ скульптурэр. Апхуэдэу Пушкиным и фэеплъ щагъэуващ Украинэм, Молдавием, Баку, Африкэм, Австралием, Италием, Тыркум, Венгрием, Кореем, Кубэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Черногорием, Эритреем, Лимасол, Чили, Норвегием, Мексикэм, Германием, Румынием, Сербием, Словакием, Словением, Финляндием, Филиппинхэм, Франджым, Эфиопием, Испанием, нэгъуэщI щIыпIэхэм. Ахэр щыхьэт тохъуэ усакIуэм и тхыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ зэрыщиIэм, къэралхэм щэнхабзэм ехьэлIа зэпыщIэныгъэхэр яку зэрыдэлъым. КъыжыIапхъэщ, а фэеплъхэм я нэхъыбапIэр ди къэралым и скульпторхэм я Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. Хамэ къэралхэм кIуэну хуитыныгъэ зимыIа усакIуэр и фэеплъ щагъэува а къэралхэм зэрыщымыIар гурыIуэгъуэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: