«Сэ сщIа щыуагъэр умыщIэ», - жиIащ абы

«Жьыщхьэ махуэ ухъу!» - къызжеIэ

Дакъикъэхэр щыгъэу зэкIэлъызыгъажэ зэманыр Тхьэшхуэ пэлъытэ къызэрытхуэхъум и щыхьэтщ абы къыщыдэхъулIэхэм дыщыщIэгупсысыжкIэ. Хэт ищIэнт Нало Заур сытетхыхьыну апхуэдэ лIыгъэ къыщыслъыкъуэкIын зэман сихуэну, согупсыс сэ нобэ.

НАЛО Заур… Дауэ ар си дунейм къызэрыхыхьар?  Зэрыхэтар? Хэт ар си дежкIэ? СыцIыкIуу, илъэсих хуэдиз си ныбжьу, гуащэ хьэпшып джэгунрэ Iэпыдзлъэпыдзынрэ нэмыщI симыкъалэну, сабэ пщтырым лъэхъуамбэкIэ сыхэджэгухьу сыздэщысым, си анэр къызбгъэдыхьэри, къызэупщIащ: «Си дэз (хъыджэбз жыхуиIэу) цIыкIум сыту пIэрэ нобэ уи къулыкъур?» - жиIэри. ЩIым зезмыгъэгъэгусэн папщIэ псы пщтырыр мыупщIыIуауэ зэризмыкIутар, нэгъуэщI гуэрхэри хуэсIуэтащ. Си анэр тIэкIуи иригъэлейрэ жыпIэу къысщытхъури, и щIыбагъымкIэ ирихьэкIауэ щиIыгъа тхылъыр къысIэщIилъхьащ. Сэ еджэкIи тхэкIи сщIэртэкъыми, си дэлъхуиплIыр абы чэзууэ къысхуеджэн хуей хъуащ. Тхылъым Нало Заур итха, зэхуихьэсыжа сабий усэ цIыкIу зыбжанэ итт. Ахэр теухуат ди кIущэ, ди бжэIупэм деж щыт мыIэрысей жыгым, ди пщIантIэм къыщызылъэтыхь хьэндырабгъуэм, ди хьэмаскIэм, ди тхьэкIумэкIыхьым. ЗгъэщIэгъуами, си гуапэ хъуакъым апхуэдизу псори къыздэзыщIэ Нало Заур сэ стеухуауэ зы псалъи зэримытхар. Ауэ шэч къызытезмыхьэр зыт: минрэ тхэкIэрэ еджэкIэрэ зригъэщIауэ щытми, ар сэ нэхърэ зы махуэкIи нэхъыжьтэкъым. Арати… Нало ЗауркIэ еджэу щIалэ цIыкIу гуэр дунейм тету си фIэщ хъууэ щIызодзэ… И тхылъ хьэдыгъуэдахэу тезукъуеикIар сутIыпщыркъым, абы сыдоуэршэр, сыдоджэгу, ди псэхэр зы чысэм ихуауэ къысщыхъуу сопсэу. Сурэт имыт щхьэкIэ, тхылъым и зы напэм хьэндырабгъуэ цIыкIухэр къыдолъэт, долъэтэж, адрейм мэшбэвым и дамэ цIыкIухэр къыщызэгуех, адреижым ди джэду на-гъуэр дэсщ, дзыгъуэ йощэри.
НАЛО Заур си япэ устазу щытащ, нобэми щытщ. Сыщысабийм къызгурымыIуами, сэ иджы фIы дыдэу къызгуроIуэ усакIуэ, тхакIуэ бэлыхь Iэджэ зэрыщыIэри, цIыхуи, псэущхьи дунейм тету хъуар зэрымынэпцIри. Ауэ Налор си дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъэпкъылIщ, нэхъ сабиибзэщ, нэхъ гупсысакIуэшхуэщ, псомкIи, тIэкIу-тIэкIу нэхъ мыхъуми, нэхъ зыгуэрщ…
Зэгуэрым Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым хъыджэбзитI-щы дрикIуэу, мес Нало Заур, жаIэри сагъэлъэгъуащ. 1985 гъэр екIуэкIырт. СыкъэуIэбжьащ: Налор сэ си ныбжьтэкъым. Си гъусэхэм къысщыщIар къагурымыIуэу зисчри, Налор ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щыщIыхьэжым, сыпэуващ: «Къысхуэгъэгъу, ди адэ, сыхьэт дапщэ хъуами къызжумыIэфыну пIэрэ?» Си упщIэри сыкъызэрыпэувари зигу иримыхьа лIым сыхьэт бжыгъэр къызжиIащ, си Iэпщэм илъ сыхьэтымкIэ ней-нейуэ къыхуеплъыхри.
Налор сIэщIэкIырт, афIэкIа къызэмыпсэлъэжынкIэ хъуну. Сэ ар си жагъуэ зэрыхъуар IупщIу, «Упсэу!» хуэм дыдэу щыжысIэм, Заур и лъакъуэ институтым щIишияр къыщIихыжри, «Сэ упсэу къызжепIэну уэ къыплъысыркъым, сэ сылIыжьщи», «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» къызжеIэ», жиIащ, ткIийуэ къызэплъри. Сыт сщIэнт, «къысхуэгъэгъу» жысIэри, сыкъыIукIыжащ, и пхъашагъэм сыкъигъэуIэбжьауэ. Ар ещхьтэкъым си сабиигъуэм хэта си ныбжьэгъу Нало Заур. Ауэ сэ абы лъэпкъ напэм и сурэтым хуэдэу сыIуплъат. «Жьыщхьэ махуэ ухъу, тхьэмадэ!»
«Шекспир и художественнэ лэжьыгъэхэр бджымэ нэхъыбэ къыуат, университет къэбух нэхърэ», - къыджиIауэ щытащ студентхэм критик цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий.
Нало Заур лъэпкъым, бзэм, хабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм теухуауэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу си унэ щIэлъщи, абыхэм сакъыщеджэкIэ, зэуэ сигу къокIыж ди критик цIэрыIуэм жиIауэ щытар.

ЛЫКЪУЭЖЬ Нелли, тхакIуэ.

«Сэ  сщIа  щыуагъэр  умыщIэ»,  -  жиIащ  абы

Зауррэ сэрэ Нало Ахьмэдхъан и фIыгъэкIэ дызэрыцIыхуауэ щытащ 1972 гъэм. Сэ университетыр къэзухырт, Ахьмэдхъан пщIэшхуэ зыхуэсщI си егъэджакIуэт. Абы чэнджэщ къызитащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сыкIуэу Нало Заур зыхуэзгъэзэну, абы зэрепсэлъагъэххэри къызжиIащ. Сэ къэхутакIуэ сыхъуну гукъыдэжышхуэ сиIэу щыттэкъым, ауэ, си егъэджакIуэм и жагъуэ сымыщIын щхьэкIэ, Заур и деж сыкIуащ.

СИГУ ихужыркъым абы и деж япэ дыдэу сызэрыщIыхьар. ЗанщIэу гу зылъыстар зыщ: зыбгъэдэс стIолыр мо лIы бжьыфIэшхуэм цIыкIу щIэхъукIырт, абы тхылъу телъыр хэплъхьэжмэ, зытетхыхь тхылъымпIэ кIапэр дауэ тригъэзагъэрэ жыпIэнт. КъыпыгуфIыкIри сигъэтIысащ, итIанэ, игъащIэ лъандэрэ сыкъицIыху хуэдэ, псалъэмакъыр иришэжьащ. Ар тепсэлъыхьащ адыгэ литературэм къикIуа гъуэгум, а гъуэгур адэкIэ пхышын щхьэкIэ щIэн хуейхэм.
Заур и гупсысэкIэр дэ дызрагъэсахэм ещхьтэкъым, Iуэхум и щхьэ течауэ тепсэлъыхьырт. Зыхуейр къиIуэта нэужь, ар си нэм куууэ къыщIэплъащ, жысIар къыбгурыIуауэ пIэрэ жыхуиIэу. СщIэркъым абы си нэм щIилъэгъуар, ауэ сэ Заур и псалъэхэр къызгурыIуа къудейтэкъым, атIэ гукIи зыхэсщIат. Сыкъэтэджыжыну сыкъыщеIэм, догуэт зэ, жиIэри, сыкъигъэувыIэжащ, къызэрыдэкIрэ куэд мыщIа си япэ тхылъ цIыкIур и къыдэгъэжым къыдихри, абы ихуа усэхэм къысхутепсэлъыхьу щIидзащ, къызэхъулIари къызэмыхъулIари къызжиIащ. И кIэм деж дыщIигъужари згъэщIэгъуащ: «Уи зэфIэкIыр хыумыгуашэу, литературэм хэуви лажьэ, тхэ! Сэ сщIа щыуагъэр умыщIэ, сэ тIуми щымыщу сыкъэнащ».
ИужькIэ куэдрэ сегупсысащ Заур и псалъэхэм. Абыхэм фэрыщIагъ яхэлъу схужыIэнутэкъым, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIари сщIэрт, и художественнэ тхыгъэ гъуэзэджэхэми фIыуэ сыщыгъуазэт… Нобэр къыздэсым согупсыс Заур абы щыгъуэ жиIам, жэуапри сиIэкъым.
Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ. Сэри си ныбжьэгъухэми Нало Заур и жьауэм дыщIэту гъащIэ гъуэгу къэткIуащ. Ар сыт щыгъуи къыткIэлъыплъырт, ди ехъулIэныгъэхэм щыгу-фIыкIырт, игу иримыхь гуэр ди Iэдакъэ къыщIэкIамэ, ари и щхьэ течауэ къыджиIэрт. Си щхьэкIэ сэ сщIэм Заур зэреплъынкIэ хъунур си гъуазэхэм я нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыуэ сыт щыгъуи щытащ. Ар зэрытфIэкIуэдар сэри си ныбжьэгъухэми егъэлеяуэ къыттехьэлъащ. Абы быдэу псэкIэ дыпыщIат.
ЗАУР дунейм ехыжыным куэд имыIэжу ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ сэрэ абы и деж дыкIуат сурэттех зыIыгъ ди ныбжьэгъу щIали ди гъусэу. Заур хуабжьу къытщыгуфIыкIащ, мо пIэрыхэлъым лIыгъэм зригъэхьщ, къэтэджри дяку дэсу сурэт зытредгъэхащ. Ди ныбжьэгъум сурэт зырыз тхуищIыжщ, рамэм тхуригъэувэжри, къыдитыжащ. Куэд мыщIэу, зыгуэру къехуэха хъури, си сурэтыр зэрылъ рамэм хэлъа абджыр къутащ. Ар си жагъуэ хъуауэ ДжэбрэIил и деж сыщIыхьащ етIуанэ махуэм. Егъэлеяуэ згъэщIэгъуащ ДжэбрэIил и сурэтым ардыдэр къызэрыщыщIар. Дэ дызэплъыжащ. ТIури дызэгупсысар зыт… Заур абы и ужькIэ зэрыпсэужар махуэ бжыгъэщ.
Сигу къинащ Заур иужь дыдэу зэрытлъагъужари. Абы «Дыджым и IэфIыгъэ» зыфIища и тхылъыр ди тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIырти, къэхъунур си псэм ищIа  хуэдэ, псори згъэпIащIэрт. Хьэзыр хъуа тхылъыр къыщысIэрыхьа пщыхьэщхьэм ДжэбрэIилрэ сэрэ ар тхьыри Заур и деж дыкIуащ, дгъэгуфIэну дыпIащIэу. Ар пIэм хэлът фагъуэрэ фагъуэу, псэлъэну къару имыIэжу. ТхылъыщIэр и бгъэм щIикъузэри зыкъомрэ иIыгъащ, итIанэ Iэ дилъащ. ФIыщIэ къытхуищIу и нэ утхъуахэмкIэ къыдэплъащ. ДыкъыщIэкIыжыну дытэджыжри, нэхъ гъунэгъу щызыхуэтщIым, щэхуу къыдришеящ: «Сыт мыгъуэ си Iэмал…». Аращ иужь дыдэу Заур и псалъэу зэхэтхыжар.

АЦКЪАН Руслан,
КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат,

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ,

Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI.

     Нало Заур и тхыгъэхэр

     Сабий Iыхьэ

      Адыгэбзэр мэбзэрабзэ

Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри.
Бзум усэныр ягу къокIыжри,

Удзхэр вагъуэу къыздогъагъэ,
ИригуфIэ я дахагъэм.

Ди джэд къомыр зэдокъакъэ,
КъытхуакIэцIри дыщэ къакъэ.

Мамэ нэхъри мэхъур гуапи
Дегъэшх IэфIу лэкъум хуабэ.

     Нанэ и псэ, дадэ и бзэ

Сэ си нанэр папэ янэщ,
И псэр адыгэпсэщ,
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.

Адыгэпсэ - нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ - дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!

ФщIэрэ фэ а бзэм и лIыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту фIыщэт, уэ ди дыгъэр,
Узэрыадыгэр!

      Дыгъэмрэ сэрэ

Дыгъэр уэгум щокIэрахъуэ,
Псыр пэгункIэ къызогъахъуэ.

Ди жыгыжьыр изогъафэ,
Сэ жыг щIагъым сыкъыщофэ.

Къэгъэгъащи ди жыгыжьыр,
КъыпыкIэнущ балий плъыжьхэр -

Плъыжьрэ-плъыжьрэ фIыцIэ защIэу.
IэфIрэ-IэфIрэ гуащIэ мащIэу!

Абы дыгъэм фо къахуехьыр.
Сэ а дыгъэр сигу ирохьыр -

Хэзгъэлъынт сэ дыгъэ хуабэр,
КIущэм хуэдэу, мы си гупэм,

ТIуми IэплIэ зэтшэкIауэ,
Дызэкъуэшу къыщIэкIауэ!

         Балигъ Iыхьэ

         Урыху Iубыгъуэ

Къызэджэу си Тхьэр сыщишэжкIэ,
Си гъуэгур евмыгъэхьу гугъу,
Сыкъэвгъэгугъэ псалъэ пэжкIэ,
Пщэдей насып сыщывгъэгугъ.

Жыхьэнмэжьым и лъэмыжым,
ГугъэфI уимыIэм, икIыгъуейщ.
Хуэвгъади ар щауэишыжым,
Дакъикъэ закъуи сывмыгъей.

Къысхуэвмылъыхъуэ фэ дохутыри,
Къызэвмыгъапщэ уд бзэмыIу.
Къэфлъагъу хъуххэнум си хьэтыри,
Си лъынтхуэм мастэ къыхэвмыIу.

Урыху Iубыгъуэ къысIурыфкIэ,
Хьэлу дзэкъэгъуэ къысIурыфлъхьи -
Мы си псэр хьэршым къисшыжынщ,
Си нэ гъуабжитIри къэплъэжынщ.

                            * * *

Соплъыж си гъащIэм сэ нэбгъузкIэ -
Си лъагъуэ слъагъум сыкъегъэтхъу.
КъыщIитхъыр си гум сэ цIыхубзкъым,
Къулыкъуи си гум къыщIимытхъ.

Сигъэгузавэу си гум къеуэр
ПсалъэфIу сэ ескъухыжарщ,
Симыгъэжейуэ къызэдауэр
Хьэтыру сэ сымылъэгъуарщ.

Си напэр мэс, сыпщоукIытэ,
Си лъэпкъыу сэ къысщыгугъам.
Сэ жыхьэнмэм сыщопкIатэ,
Си адэжьым и гур къызэбгъам.

Си лъэпкъ ужьыхыр и псэхэхым
КъыIэщIэсхыну схулъэгъэкI.
Ар слъэмыкIынум сырехуэхи
Сырехъу мафIэжьым и лъэмыж!

Мы дуней дахэу гъащIэ мыгъуэм
Бэлыхь тIуащIэр щызошэч.
Абы и защIэу хьэзаб гугъур
Мо жыхьэнмэм ныпэшэч!

СумыщI и къан мы дуней къуаншэм,
Къыстырепсыхэ и хьэзаб -
Уэ уи хьэзабыр сэркIэ тыншмэ,
Уи щIасэныгъэр бэну зэвщ.

Ущысхьыжынум къару бгуэшым,
Щхьэ гугъэ лъагэр къызэпта?
Сетхьэлэ сэ укIытэ хуэшым,
Абы, си Тхьэшхуэ, гу лъыпта?

                        * * *

Сыхуейт сэ нобэ тхьэ пэж щыIэну,
Мысэмрэ хеймрэ зэхигъэжыну.
Сыхуейт сыщылIэкIи зы гъуэгу сиIэну,
ФIыуэ слъэгъуахэм сахуишэжыну.

Сыхуейт сэ Нанэ сыбгъэдыхьэжу
Си гурыгъу псори хуэсIуэтэжыну,
Си щхьэ ныкъуэтхъур и куэщI ислъхьэжу
И Iэр къыздилъэурэ сигъэжеину.

Сыхуейт сэ Бабэ сырихьэлIэжу
КъыращIа псори жезгъэIэжыну,
И бын къыщIэнэхэр и гум къыщIитхъыу
Псэр зэритари къиIуэтэжыну.

Стынут дауэншэурэ мы си псэ тIэкIур
СщIам а тхьэмыщкIэхэм саIуплъэжыну,
Си псэр щыхэкIкIэ тхьэIухуд къакIуэу
ФIыуэ слъэгъуахэм сахишэжыну.

                            * * *

Ей, си гъащIэу лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэ,
Апхуэдизу щхьэ сыкъэбгъэпцIа?
Сыщепшажьэм инкIэ сыбгъэгугъэу,
Щхьэ банапкъэм сыщыбулъэпцIа?

Ди уардэгъуэм къигъэзэн имыдэу
Ежьэжащи, пшагъуэм ныхопщкIуэж.
Ди адыгэ лIыгъэр зэрыкIуэдыр
ЖэщкIэ си гум лъыуэ къыпоткIуж.

Укъэмывэ куэдрэ, Нало и къуэ!
Хэт гущIэгъукIэ уэ узыщыгугъыр?
Хэт уфIэщIрэ зи гур хъунур ныкъуэ,
Зэхихыпэу щытми уи гурыгъур?

Псэу плъэкIыхукIэ зэрыплъэкIым тетуи,
ПлъэмыкIыжмэ – бжыкъум зыфIэдзэж,
Ауэ гущIэгъу лъыхъуэ, угужьейуи,
Уи цIыхуэгъухэм деж уемыплъэкIыж.

Ей, си гъащIэу лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэ,
Щхьэ гувауэ щIым сыкъытепша?
Сыт ИстамбылакIуэ зэман мыгъуэм
Сыхыумылъхуэу сыкъыщIыблэпшар?

НэгъуэщI мыхъуми заныпыIуздзэнти
Хым икIыжхэм яз къэзгъэувыIэнт,
Е бий псэжьу къакIуэм сыпежьэнти,
Си гум зы шэ цIыв щызгъэупщIыIунт!

                        * * *

                                     Къэжэр ХьэкIашэ и фэеплъу

Алхимик хуэдэу сохьыр гъащIэр,
Сигу илъым си Iэр лъэмыIэсу.
Къэжэр ХьэкIашэ жиIэрт, гъущIыр
IэщIагъэм дыгъэу къригъэпсу.

ХьэкIашэ гъущIыр хуэфIэрафIэрт,
И Iэгум дыгъэу къилыдыкIыу;
И уадэм гъущIыр игъэбжьыфIэрт,
Мы дыщэ плъыжьым елъэпIэкIыу.

Къызощтэ уадэр сэ сыщIалэу,
Балигъ сыхъухукIэ гъущI соуIур -
ИтIани дыщэм зы мэскъалкIэ
Нэмысу гъущIыр мэупщIыIур.

ЙокIуэкI сыхъуапсэу гъащIэ гущэр,
Сигу илъым си Iэр лъэмыIэсу.
Агънокъуэм жиIэрт, псалъэр дыщэм
IущагъкIэ цIыхум хунэгъэсу.

Агънокъуэм псалъэм псэ хилъхьэфырт,
И псалъэр жыгым еIущэкIыу,
Адыгэ псалъэр къигъэплъыфырт
Мы дыщэ плъыжьым елъэпIэкIыу.

Согъэплъыр псалъэр си акъылкIэ,
Соусри усэ, сыщIодэIур -
ИтIани дыщэм зы мэскъалкIэ
Нэмысу псалъэр мэупщIыIур.

ГъущI зыгъэдаIуэр тхьэпэлъытэщ,
Абы сэ дауэ сыпэхъуну?
КъодаIуэм псалъэр - утхьэ дыдэщ,
Ар сэ слъэкIыну - тхьэ сыхъуну?!

                        * * *

Илъэс блыщIыр къэзгъэщIами,
Сырикъуакъым, си Тхьэ,
ГъащIэр хьэпсу къэбгъэщIами,
ЗызгъэнщIакъым, си Тхьэ -
Сыту IэфIу зэхэпщIат
Мы ди гъащIэ дыджыр!

ГъащIэ дыджым и зы гъэщIым
ЩхьэкIэ, лъагэу си Тхьэ,
Сыхьэзырщ жыхьэнмэ куэщIым
Щысшэчыну, си Тхьэ,
Илъэсищэм и хьэзаб
Сымытхьэусыхэу!

Сэ сыхуейкъым дыщэ плъыжьи,
Уэ жумарту си Тхьэ,
Яхуэгуэш ар нэпсеижьхэм,
Ущымысхьу, си Тхьэ, -
Сэ къызэт уэ зы къалэм
Иристхыну усэ.

Сэ сыжыгмэ, мы си щхьэкIэр,
Адэ лъапIэу, си Тхьэ,
Пхузогъэщхъыр блыщIым щхьэкIэ,
Мы си жьыгъэм и Тхьэ, -
Сыту гуащIэу къэбгъэщIат
Мы ди гъащIэ фадэр!

Илъэс блыщIыр къэзгъэщIами,
Си щIэщыгъуэщ, си Тхьэ,
ГъащIэр мафIэу къэбгъэщIами,
Къысхупыщэ, си Тхьэ, -
Фадэ мафIэм сыхэгъэф
ЗигъэнщIыхукIэ си псэм!

Псысэжьейхэр
Аргъуеймрэ жыгымрэ

АРГЪУЕЙ гуэр жьым ирихьэжьауэ ихьырт. ИпэкIэ плъэри, езым хуэзанщIэу зы жыг щыту къилъэгъуащ.
- Ей-ей, текI си гъуэгум, узоуд! - жиIэри Аргъуейр жыгым егуоуащ.
АрщхьэкIэ Жыгым зигъэхъеякъым. Жыгыр дыкъуакъуэти, Аргъуейр дыкъуакъуэмкIэ дихри ежьэжащ. Аргъуейр къеплъэкIри, Жыгыр дыкъуакъуэу щилъагъум, къызэкIиекIащ, жи:
- «ТекI», бжесIатэкъэ, насыпыншэ! - жиIэри. - Мис иджы уэ уи зэранкIэ узэгуэзудащ.

«Пхъужь къапшэмэ, зэрыхуей ухъунщ, хъыджэбз къапшэмэ, узэрыхуей хъунщ…»

КЪЭЗАНОКЪУЭ Жэбагъы япэкIэ нэхъ лIы Iущу хэкум исар БжьыхьэлIокъуэ Лиуанщ.
Еуэри, жеIэ, зы щIалэжь къэшэныгу хъуауэ и гум чэнджэщ къохьэ, сыт къасшэмэ нэхъыфIу пIэрэ, жеIэри: пхъужьыр нэхъыфI хьэмэ хъыджэбзыр нэхъыфI?
Лиуан и хъыбар зэхихырт а щIалэжьми, тридзэри кIуащ абы деж. Чым тесу зы лIыжь жьакIэху щIалэ цIыкIу джэгум яхэту хуозэ.
- Ярэби, БжьыхьэлIокъуэ Лиуан и унэр зыцIыху фхэту пIэрэ? - жи.
- БжьыхьэлIокъуэ Лиуан и унэм ухуеймэ, мес мо унэ кIыхьыращ, - жи лIыжь жьакIэхум и чышыр къыжьэдекъуэри, - езы Лиуан ухуеймэ, сымис!
- Iэу? - жиIэри щIалэжьыр къэуIэбжьащ. - Уэ у-Лиуаныр пэжмэ, мы сабий джэгум щхьэ уахэт?
- Выр жьы хъумэ, шкIэм хаутIыпщхьэж, тIу, - Лиуаныр и пащIэкIэм щIогуфIыкI. - Ар умыгъэщIагъуэу узыхуейр жыIэ.
- Сыночэнджэщыну арат: си къэшэгъуэ блокIри къыхэсхынур сщIэркъым: пхъужь къэсшэн хьэмэрэ хъыджэбз къэсшэн?
- Пхъужь къапшэмэ, зэрыхуей ухъунщ, хъыджэбз къапшэмэ, узэрыхуей хъунщ. Уэ хэдэ! - жиIэри, Лиуан и чышыр иригъэлъщ аби, щIалэ цIыкIу джэгум яхэлъэдэжащ, жи.

«Мы си нысэр стефшыж…»

ТХЬЭМАДЭМРЭ нысэмрэ зэтехьэртэкъыми тIури гугъу ехьырт. Къубгъан къудей щIах хъуртэкъым, зэхуэзэнкIэ шынэрти. Тхьэмадэм ар иужэгъури, махъсымэ кIадэ иригъэщIщ, танэ пшэр иIэти, ар иукIщ, и къуэшхэмрэ и гъунэгъухэмрэ къриджэри, яжриIащ:
- Си нысэмрэ сэрэ дызэтехьэркъыми, «псы сегъафэ» жысIэу седжэ хъуркъым, унэ кIуэцIми унэ щIыбми дыщызекIуэ хъуркъым: Тхьэм и хьэтыркIэ, нысэр къыстефши сывгъэтыншыж, - жиIэри.
Къуэшхэмрэ гъунэгъухэмрэ гуфIащ, танэ пшэрыр яшхщ, махъсымэ кIадэри ирафщ аби, нысэр тхьэмадэм къытрашэри, нэжэгужэрэ хъуэхъур къаIурылъэлъу зэбгрыкIыжащ.
Мазэ дэкIа-дэмыкIауэ тхьэмадэм аргуэру къуэшхэмрэ гъунэгъухэмрэ къреджэ.
- Сыт къэхъуар?
- Зы жэмыжь сиIэщи фхуэзукIынщ, Алыхьым и хьэтыркIэ, си нысэр стефшыж!

Шортэн Аскэрбийрэ Нало Зауррэ. 1972 гъэ

Поделиться: