ЯукIа хьэмэ хэкIуэда?

  «Мы щIалэ цIыкIур псэужамэ, сэри Достоевскэри дыщымыIэкIэ, ягъэ кIынутэкъым», - хужиIауэ щытащ Толстой Лев Лермонтовым. Чеховми абы и тхэкIэр къызэрымыкIуэу къилъытэрт: «Лермонтовым и бзэм нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым». Ауэ щыхъукIэ, ахэр зытепсэлъыхьыр усэхэратэкъым, абы и прозэрт. 
   Илъэс блэкIам и кIэхэм ирихьэлIэу, Къэрал Думэм и депутат, УФ-м и цIыхубэ артист Бурляев Николай жэрдэм гъэщIэгъуэныщэкIэ утыку къихьауэ щытащ. Абы и фIэщу иукъуэдийрт XIX лIэщIыгъуэм щIакIуэкIапэм трашэу, жагъуэгъум и шэр зытехуа Лермонтов Михаил и Iуэхур къэIэтыжауэ, ар зэраукIа щIыкIэр зэхэгъэкIын хуейуэ. Хэт ар Мартыновым зэриукIари щIиукIари зымыщIэр? Арат нэхъ укъэзыгъэуIэбжьыр. Ауэ Iуэхум нэхъ куууэ хэплъахэм зэрыжаIэмкIэ, Iэзэу щIахъума пэжыр нэгъуэщIщ, тщIэуэ къытфIэщIым зыри хэдмыщIыкIыу аращ. 
  ДевгъэдаIуэт Бурляевым жиIэм: «Лермонтовым къыщыщIар укI Iуэхуу зэрыщытыр, ар а лъэхъэнэм щекIуэкIрей щIакIуэкIапэ зэдытехьэным зэрыхэмыкIуэдар илъэс 40 ипэкIэ къызгурыIуат сэ. Къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIа IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, шэр Iэпкълъэпкъым щыхыхьэм, абырэ щIымрэ я зэхуакум дэлъар градус 40-щ. Абы къикIращи, ар илъабжьэмкIэ къыщаутIыпщри, ищхьэмкIэ къыдэкIуеяуэ аращ. Дуэлым хэта цIыхуитIыр зым адрейм пэщIэту щIы захуэм тетамэ, апхуэдэу хъункIэ Iэмал иIэтэкъым». 
  I980 гъэхэм «Лермонтов» фильм трихауэ щытащ Бурляевым. Абы щыгъуэм усакIуэр яукIауэ фIэкIа зи фIэщ мыхъу куэдым яхуэзауэ жеIэ депутатым. Зи гугъу тщIы Iуэхум убгъуауэ тепсэлъыхьащ «Московский комсомолец» газетым и корреспондент Добровольский Александри. «Лермонтовым и Iуэхур къэзыгъэнаIуэ къэхутэныгъэ: урыс усакIуэшхуэр зэраукIа щIыкIэр» тхыгъэм иджыри къэс зэхэдмыха куэд къегъэнаIуэ.   
   Псоми зэдащIэ хъыбарым ипкъ иткIэ, усакIуэр Псыхуабэ щыIэу, Верзилин Пётр жыхуаIэ генералым и хьэщIэщым щIэсу, дзэм къыхэкIыжа майор Мартынов Николай щыхьэщ, модрейм ар щIакIуэкIапIэм дытеувэну къыпиубыдри, Мэшыкъуэ лъапэм деж щыхэкIуэдащ I84I гъэм, бадзэуэгъуэм и I5-м. Зэныбжьэгъуу щыта щIалитIыр щIызэщыхьар нобэми IупщIкъым. Мартыновым къызэриIуэтэжамкIэ, Лермонтовым абы хуэмыфащэ псалъэхэр къызэрыриутIыпщарщ щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. 
   Бысыму щыта Верзилиным и пхъум ахэр зэрызэщыхьар езым и нэкIэ илъэгъуащ, зэритхыжари мыпхуэдэущ: «Бадзэуэгъуэм и I3-м хъыджэбзрэ щIалэу цIыху зыбжанэ ди деж щызэхуэсат. Псалъэ пхъашэкIэ узэджэн зыри къапсэлъакъым, ауэ дыхьэшхэн куэд жаIэрт. Трубецкой джыназыр роялым еуэрти, абдеж дыдэм щыт си шыпхъу нэхъыщIэ Надеждэ егъэлеяуэ гуапэу епсэлъылIэ Мартыновыр ди нэм къиубыдащ. Лермонтовым абы щыдыхьэшхын щIидзащ, «къамэшхуэ зыкIэрыщIа бгырыс» псалъэхэр франджыбзэкIэ къыхигъахуэу. (Мартыновым адыгэ цей щыгъ хабзэт, къамэ абрагъуи кIэрыщIат). Ар Лермонтовым щыжиIэмрэ Трубецкойм роялыр щытрипIэжымрэ зэтехуэри, «къамэшхуэ зыкIэрыщIа бгырыс шынагъуэр» хьэщIэщым щIэс псоми зэхахащ. Мартыновым и Iупэхэр зэтрикъузэри, и нитIым хъуэпскI къыщIихрэ и фэр пыкIауэ, Лермонтовым бгъэдыхьэри жриIащ: «Дапщэрэ бжесIа цIыхубзхэр щыту, апхуэдэу умыгушыIэну?»
   Дэфтэрхэм яхэлъщ езы Мартыновыр I84I гъэм бадзэуэгъуэм и I8-м хабзэм ирашэлIа нэужь, ирата упщIэхэмрэ къарита жэуапхэмрэ: 
   «Псыхуабэ сызэрыкIуэрэ, Лермонтовым зы Iэмали блигъэкIакъым, си гуапэ мыхъун гуэр къызимыпэсу. Зыми игу темыхуэн ауанхэр, псалъэ папцIэхэр, сытми, цIыхум и пщIэр иумыудыхыпэу, ебутIыпщ хъуну зыри къигъанэртэкъым. Абы кIэ естыну мурад сщIащ. А унэм сыкъыщыщIэкIыжым щыгъуэ, иджыри зэ апхуэдэу утыку сыкъриукIэмэ, зэрызгъэувыIэн Iэмал къызэрыхуэзгъуэтынур щыжесIэм, езым сызэпиудри: «Сыбгъэшынэну ухэмыту, щIакIуэкIапэ дытегъэувэ жыIи, зэфIэкIащ. Уэ уощIэ сэ зэи «хьэуэ» зэрыжызмыIэр». Абдежым езым и унэм дынэсати, си секундантыр (дуэлым езым и Iуэху щызезыхуэну дэIэпыкъуэгъур - Ч. М.) къызэрыхуэзгъэкIуэнур жесIащ». 
   Хуэзыгъэфащэ щыIэщ а тIур щIызэфIэнар Мартыновыр Лермонтовым и усэкIэ Iэзагъым зэрефыгъуэм къыхэкIауэ. Дзэм къыхэкIыжа Мартыновми усэ гуэрхэр иуцIырхъырт, ауэ къехъулIащэртэкъым. Ахэр щызэщыхьа унэр зей Верзилиным ипхъу Эмилие тIури хузэпещэу, хъыджэбзым Лермонтовыр къыхиха хуэдэу жызыIи щыIэщ. Ауэ нэхъыбэм Мартыновыр яухеижын папщIэ, а псори Iуэхур зезыгъэкIуа жандармым къигупсысауэ трагъэчыныхь. 
   Псори къыщыхъуа дуэлыр гущIэгъуншэ дыдэу къызэрагъэпэщауэ къаIуэтэж. ЗэпэщIэувахэр «зэхуаку цIыкIу» жыхуаIэм хуэдэу, лъэбакъуэ 35-кIэщ зэпэIэщIэу зэрыщытар. «Фызэбгъэдыхьэ» жаIэмэ, лъэбакъуипщI ячыну, абдежым щыщIэдзауи кIакхъур щэрыщэ щIачыну хуитт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, тIум яз хэмыкIуэдэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. 
  Ржевский Владимир, Лермонтовым и цIыхугъэ I84I гъэм бадзэуэгъуэм и I5-м Псыхуабэ щыIам, игу къегъэкIыж: «Лермонтовым и гугъу тщIа къудейщ. Хуэмейуэ кIуат ар дуэлым. Нэса нэужь, и уэгъуэр Мартыновым иритащ, ущIызэзэуэн хуэдиз къаугъэ я зэхуакум зэрыдэмылъыр, ар щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэу зэрыщытыр жриIащ. Ауэ Мартыновым имыдэу, тIуми трагъапсэри, Лермонтовым и фочыпэр IуишиикIащ, Мартыновым шэр иутIыпщри, мор иукIащ». 
  УсакIуэр зэрыхэкIуэдар газетхэм къызэрытехуар гъэщIэгъуэн гуэрущ: «Бадзэуэгъуэм и I5-м уафэгъуагъуэрэ уафэхъуэпскIрэ зыщIэт уэлбанэ сыхьэтитхухэм деж Псыхуабэ къыщыхъуащ. А зэман дыдэм Мэшыкъуэрэ Бещторэ я зэхуакум Псыхуабэ зи узыншагъэм щыкIэлъигъэплъу щыIэ Лермонтов М. Ю. дунейм ехыжащ». 
  УсакIуэр зыукIар Мартыновыр армырауэ, къурш къуагъым зыкъуэзыгъэпщкIуа нэгъуэщI зыгуэр хуэдэу жызыIэ къэхутэныгъэ I955 гъэм хэIущIыIу хъуауэ щытащ. Уеблэмэ усакIуэр езыгъэукIар император Николай Павел и къуэрауэ жаIэрт. Абы къыхэхъуэжащ I896 гъэм къэзакъ гуэрым и лIэгъуэр къыщысым, и попым щэхуу хуиIуэтэжа хуэдэу кърахьэжьар: унафэ къыхуащIри, гъуанэдэууэ зыгуэр иукIауэ щытащ, иужькIэ къищIащ ар усакIуэ Лермонтоврауэ зэрыщытыр. I960 гъэхэм Iуэхур щIэрыщIэу къаIэтыжри, дуэлыр щекIуэкIа Мэшыкъуэ и лъапэр криминалистхэм зэпаплъыхьащ. Гу зэрылъатамкIэ, ахэр зытета щIыр захуэт, гъуанэдэууэ къеуам зыщигъэпщкIун щIыпIэ иIэтэкъым. 
   ИтIани, шэч зыщIхэм я макъыр а псом щхьэкIэ нэхъ лъахъшэ хъуркъым. Къэхутэныгъэхэр иджыри ирагъэкIуэкI. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: