ЩIэблэм я ущиякIуэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, КъБР-м литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреат, режиссёр, оператор, усакIуэ-уэрэдытх Тхьэгъэзит Руслан и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуащ. 

Тхьэгъэзит Руслан Тэрч щIыналъэм хыхьэ Терекскэ (Болэтей) къуажэм 1960 гъэм къыщалъхуащ. ИлъэсипщI курыт еджапIэр абы къыщиуха нэужь, гъукIэм и къуэдзэу лэжьэн щIидзащ. Болэтей къуажэм макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и «Заря» уэрэджыIакIуэ ансамблым, районым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм зи зэфIэкI щеплъыжхэм жыджэру яхэтащ ар. Прохладнэ къалэм щыIэ автошколыр, иужькIэ Культпросветучилищэр къиуха нэужь, дзэ къулыкъум ираджэри, илъэситIкIэ щыIащ. Армэм къикIыжри, пщIэшхуэ зиIэу щыта «Заря коммунизма» къуажэ колхозым япэщIыкIэ водителу, итIанэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу лэжьащ. Руслан адыгэбзэкIи урысыбзэкIи усэ етх, макъамэ гуакIуэхэри иIэщ. 
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым 1993-1998 гъэхэм режиссёр IэщIагъэм щыхуеджащ Руслан. 1989 гъэм телевиденэм операторым и ассистент IэнатIэм пэрыуващ. ИужькIэ оператор нэхъыщхьэ, режиссёр нэхъыщхьэ хъуащ. Илъэс 40-кIэ зыпэрыта а лэжьыгъэм илъэситI ипэкIэ къыIукIыжащ. Мы зэманым КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ, щэнхабзэм, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, цIыхубэ зэхуэсхэм я комиссэхэм ядолажьэ. 
Режиссёр IэщIагъэм хуеджауэ, и диплом лэжьыгъэр щигъэхьэзырым, Лыкъуэжь Нелли и новеллэм къытрищIыкIа «Шырэ» фильмыр трихауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэу яхэтащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ, Iыхьэ зыбжанэ хъу «Черкасские в истории России» фильмыр, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Токъмакъ Светланэ и проекту щытар, тезыхахэм. Ар удэзыхьэх лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн, купщIафIэ зэрыхъуар къалъытэри, абы елэжьахэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтыр. КIэлъыкIуэу Руслан трихащ «Уасэ лъапIэ», «Хьэтыр» фильмхэр. 
Тхьэгъэзит Русланрэ Вындыжь Мариерэ зэдатхащ куэдым фIыуэ ялъэгъуа «Дыкъыздэгъафэ» уэрэдыр. Гуапэщ илъэс 25-рэ ипэкIэ цIыхубэм япхъуэта уэрэдыр ноби зэрызэIэпахыр. Езыр щалъхуа Болэтей къуажэм уэрэдитI хуитхащ, зыгуэрым и лъэIу мыхъуу, ар и щхьэ къалэн зыщищIыжри. Япэ уэрэдыр и щIалэгъуэм итхащ. ЕтIуанэр - «Болэтей» уэрэдыщIэр - и Iыхьлы Сэбан Сослъэнрэ Наурыз Идаррэ я гъусэу. 
Тхьэгъэзитыр курыт еджапIэхэм, библиотекэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIалэгъуалэм щахуозэ, и усэхэмрэ уэрэдхэмрэ ирегъэдаIуэ, и фильмхэм щахутопсэлъыхь, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным, гъэсэныгъэм, адэ-анэхэм яхуэгумэщIэным, нэхъыжьхэм пщIэ-нэмысрэ гулъытэрэ яхуэщIыным теухуауэ еущий.
Русланрэ и щхьэгъусэ Мадинэрэ адыгэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Абыхэм пхъуищ (Маринэ, Заирэ, Масирэт) яIэщ. Зэшыпхъухэм я нэхъыжь Маринэ филологие факультетыр къиухащ, Заирэрэ Масирэтрэ сурэт щIыным дахьэх, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр къаухащ. Зэщхьэгъусэхэм я гурыфIыгъуэщ къащIэхъуа пхъурылъхухэр. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Тхьэгъэзит Руслъан и усэхэр

Мамэ

Зэманыр макIуэ, гъащIэри макIуэ
Ауэ, си нэгу ущIэмыкI.
Уи пэшым, си гур сэ нысхуэмыкIуэ,
Уэри укъыщIэмыкI…
Ей, мамэ, сыноджэ, мамэ,
Ауэ сызэхыумых…
Сыт, иджы, уэ пхуэзмыщIами,
СощIэр сэ, стелъщ уи гуэныхь.
Iэгу пхъашэ-щабэмкIэ Iэ къыздэплъамэ,
Си сабиигъуэм сыпхьыжт
Зэ услъагъуныр си псэм и плъапIэт,
Мамэу, цIыху псом я нэхъ IэфI!
Жэнэтыр хъуауэ уи уи унапIэ,
Си гур, абыкIэ согъэфI…

*   *   *
Сропсалъэ си бзэм – сыадыгэщ,
Си анэдэлъхубзэу псэ гъэпсэху!
Лъэпкъым, мыужьыхыжу, уридыгъэщ,
Къытщхьэщыт, къыттепсэу уэ уи нэху!
Iуащхьэмахуэ къыщIэж и псы къабзэм
Уэ ухуэдэщ, уи макъыр къэIуам
Ирипсалъэ, си лъэпкъыжь, бзэрабзэу
Тыгъэ лъапIэу тхыдэм кърикIуам!

*   *   *
Дадэ фIыуэ сыкъелъагъу –
Усэ схуиусащ.
Дадэ, уеблэм си ныбжьэгъущ – 
И псэм сеIусащ.
СыщыкIуэн сыхьэтхэр къебж,
Сэри сыхуозэш.
Бжыгъэр тIуми дэ къыдобж,
ТIури демызэш.
КIуни Кузи сыкъалъагъу, 
«КIуцэ» къысфIащащ.
ГумащIагъыр нэрылъагъущ – 
Сэ сыгуфIэщащ.
Нанэ хьэрфхэр сегъэлъагъу,
Сурэтхэр сегъэщI.
ПлъэкIмэ, нанэ умылъагъу – 
Сыхуэмей нэгъуэщI!
Сызэраным къысхуагъэгъу –
Дадэ сэ къыздощI.
Арщ щIыжаIэр-тIэ, ныбжьэгъу,
Iейуэ сэ зызощI!
Дадэ, нанэ, фысхуэпсэу! 
СощIэр, фыкъысхуейщ!
Гугъэ дахэм сегъэпсэу – 
Сэри фэ сыфхуейщ!

*   *   *
Уи дахагъыр сэ къыстокIуэ,
Уи дахагъым гур пегъэху.
Схуэмышэчу сыхьэт ныкъуи, 
Уэ узощI аргуэру Iуэху.

СфIэфIщ апхуэдэ гумахагъэр –
Пхуримыкъуу жьыр, дунейр!
СытекIуэнщ сэ уи пагагъым,
Сэ уэращи сызыхуейр

Сигу уэ пхуилъхэри къэпщIауэ, 
Къомыгъанэ пхузэфIэкI!
Мыдэ, зэ сыгъэхъут щауэ, 
Мыдэ Iуэхухэр зэфIэгъэкI…

УэсщIэжынщ, ар пхуэзгъэгъункъым,
Ескъухынщ… нэгъуэщIу мыхъу,
Бжьыхьэм, тIэкIу сыпIэщIэжынкъым,
НэзгъэкIуэнщ фи деж сэ лъыхъу. 

*   *   *
Сыкъэбгъанэу уемыжьэж, си дахэ,
Гур мэлъаIуэр, хуэщI абы хьэтыр…
Уи щэхуагъым ещIыр си гур махэ,
Уэрмырауэ схуэтхкъым зы сатыр…
Къыдэплъеи, уи нэм сыщIэгъаплъэ,
ЩIэзгъэлъагъуэт мыкIуэдыж насып.
УмыпIащIэу, гъащIэм дригъаплъэ,
Гугъуми, дэ тхуэщIынущ мыхъу есэп…
Мазэр къуилъэфами пшэ фIыцIэжьым, 
Зэман докIри, нэхукIэ къытхохьэж,
Уэ уедаIуэу жэгъуэгъу псалъэ нэпцIым,
Ди насыпыр пшэм хомыгъэхьэж…

Поделиться: