Столыпиным и лъэужьт

ГъэщIэгъуэнщ

1911 гъэм Киев щаукIауэ щытащ Урысей ипмерием и министрхэм я советым и унафэщI икIи къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Столыпин Петр. Дэ, нэхъыжьхэу СССР-м и зэманым хиубыдахэр, фIыуэ дыщыгъуазэу щытащ «Столыпин реакцэм». Апхуэдэ псалъэхэмкIэт ар къэралышхуэм и тхыдэм къызэрыхэнар. Зыхуэгъэзари Япэ урыс революцэм иужькIэ зэрихьа гущIэгъуншагъэрт. Ауэ и гугъу ящIыртэкъым Столыпиныр аграр реформэм и зэхэблакIуэуи зэрыщытам. Совет Союзыр лъэлъэжа иужь премьер-министрыр къыщIрагъэдзыжащ къуажэр къиIэтыну, мэкъумэшыщIэхэм я псэукIэр иригъэфIэкIуэну хущIэкъуа цIыхуу. Апхуэдэ мурад зэриIам шэч хэлъкъым, ауэ сыт хуэдэ IэмалхэмкIэт абы ар зригъэхъулIэну зэрыхэтар?
1910 гъэм накъыгъэм и 27-м Къэрал Думэм и ещанэ хэхыгъуэм къригъэщтащ аграр реформэр. Езы къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым икIи правительствэм и Iэтащхьэм «революцэ» псалъэр илъагъу мыхъуми, ар шэч зыхэмылъыжу мы IэнатIэм щача революцэ лъэбакъуэт.
 Езы реформэр парламентым щыпхыкIар иджыми, ар ипэжыпIэкIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ екIуэкIырт, фIыуэ хэлъри белджылыт. Мис бжыгъэхэр. 1906 гъэм зы щIы дестынэм гуэдз пут 37-рэ ику иту къэралым къыщытрахыу щытамэ, 1909 гъэм ар пут 54-м нэсат. Урысейми гъавэ щIапIэхэм процент 14-кIэ, Сыбыр къудейм процент 71-кIэ (!) щыхэхъуат. Мэкъумэшым зэрелэжь машинэхэу ящэр хуэди 5,5-кIэ, минеральнэ щIыгъэпшэрхэу ирагъэкIым хуэди 7-кIэ заIэтат. ИкIэм-икIэжым 1909 гъэм Урысейм нэгъуэщI къэралхэм яхуригъэшащ пут мин 663-рэ икIи абы и лъэныкъуэкIэ Европэм япэ увыпIэр щиубыдащ. Гъавэ зыщэ нэгъуэщI къэралхэм яхузэфIэкIар къэплъытэмэ (Канадэм пут мин 202-рэ, США-м мин 320-рэ Аргентинэм мин 530-рэ) ар хэпщIыкIыу япэ ищат.
 Мыбдеж, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щеух ехъулIэныгъэхэр. Адрей бжыгъэхэм ахэр фагъуэ ящIыж. Зы цIыхум тещIыхьауэ къалэжьамрэ ящам яужькIэ къахуэнэжамрэ ятепщIыхьмэ, империем зэрызыщытхъужын имыIэу къыщIокI. 1913 гъэм Канадэм зы цIыхум хуэзэу къыщрахьэлIащ гъавэ пути 117-рэ, ирашыныр ираша иужь къахуэнэжащ пут 91-рэ. Иужьрей бжыгъэр Аргентинэм пут 93-рэ, США-м пут 60 щыхъуащ. Урысейм зы цIыхум хуэзэу къыщалэжьыр пут 31-рэ къудейт, къыщыхуэнэжар пут 28-рэт. Гуэдз нэхъ мащIэ къызыхуэнэжыр Аргентинэм и закъуэт, ауэ абы нэхъыбэу щашхыр лыт, абы лыр «тхьэмыщкIэхэм я ерыскъыуэ» къыщалъытэрт, урыс мэкъумэшыщIэхэм ар яхузэрымыгъэгъуэтми.
Зэрытлъагъущи, реформэм Iеи фIыи къишакъым. Ар зыужьыныгъэм и зыгъэзэгъуэ къудейт. Ягъи кIынтэкъым, зи гугъу тщIы реформэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэр къемызэгъыу щымытамэ! Столыпиным и мурадар мэкъумэшыщIэхэр зытет общинэ (зэдзей) Iуэху щIэкIэм къуажэр къытригъэкIыу къутыр (хутор) лэжьэкIэм (я мылъкур зэхэту зы унафэм щIэтыным) хуэгъэкIуэнырт. АрдыдэмкIэ къызэпыуда хъурт мэкъумэшыщIэр ижь-ижьыж лъандэрэ зытета хабзэр. Ар зригъэхъулIэн папщIэ пащтыхьым I906 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м указ къыдригъэгъэкIащ. И къулыкъуитIри къигъэсэбэпри, занщIэу яужь ихьащ игъэзэщIэным: къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыту, пхигъэкIыу хуежьащ «щIышхуэ зыбгъэдэлъ мэкъумэшыщIэр къэралым и лъэщагъым и къыхэкIыпIэщ» гупсысэр, и премьер-министр къулыкъумкIэ губернэхэм яхуигъэхьащ мыпхуэдэ дэфтэр: «Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр зиусхьэным и унафэкIэ дяпэкIэ фи лэжьыгъэм хуащIыну пщIэр зэлъытауэ щытынур Зи ЩIыхьыр лъагэм и указыр зэрагъэзащIэм елъытауэщ». ГуитI-щхьитI хэлътэкъым. Ауэ зыгуэр къэтт: реформэм законым и къару игъуэтатэкъым. МэкъумэшыщIэхэм ядэртэкъым зэса Iуэху зехьэкIэм къытекIын, абыхэм къащхьэщыж социалистхэм реформэр парламентым и япэ, етIуанэ хэхыгъуэхэм щыпхагъэкIатэкъым. Столыпиным зыкъыпэщIэзысэ Къэрал Думэр зэбгрихури, щIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, езым къедэIуэн хригъэхащ. Арати, псори и пIэ иувэжащ.
Ауэ зыхущIэкъу зэхъуэкIыныгъэхэм къэкIуэну яIэтэкъым. Къутыр ящIа общинэхэм я бжыгъэр зэрыхъуар 947-рэщ. Абы щыгъуэми, Урысейм и европей лъэныкъуэм и закъуэ инми цIыкIуми къуажэ мин 492-м нэблагъэ щыIэт. Щхьэусыгъуэри къызэрыгуэкIт: мэкъумэшыщIэхэм яIэтэкъым лъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ уней лъапсэхэр къызэрагъэпэщын папщIэ зыхуеину щIы. ГурыIуэгъуэ хъуат лIакъуэлIэшхэмрэ къэралымрэ ябгъэдэлъ щIыхэр ямыгуэшауэ зы реформи и пIэ зэримыкIынур. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэт къуажэдэсхэр щIэм зэрыщышынэр, ахэр зэса псэукIэ-лэжьэкIэм къытекIыну зэрыхуэмейр.
Столыпиным жиIэрт: «ЩIы реформэм и ехъулIэныгъэм къегъэлагъуэ ар къулыкъущIэхэм къызэрамыгупсысар… МащIэ-мащIэурэ, хэгъэзыхь гуэри хэмылъу езыр-езыру, Урысейм зыщаубгъунущ уней мылъкуу щыт лъапсэ жьгъейхэмрэ курытхэмрэ. Ар къалэн инщ - ди къэралыгъуэмрэ щэнхабзэмрэ я лъэщагъыр къызэбгъэпэщыныр».
АрщхьэкIэ залымыгъэрэ хэгъэзыхьрэ хэмылъу Iуэхур зэфIэкIакъым: япэ урыс революцэм и иужьрей илъэс 1907 гъэм мэкъумэшыщIэхэм Урысейм зыкъыщаIэтащ 2557-рэ, реформэм зыщиубгъуа 1910 гъэм а бжыгъэр 6275-м нэсащ. Лъы ягъэжащ. Зэвгъапщэт: 1825 гъэм къыщыщIэдзауэ 1905 гъэр къэсыху политикэ щхьэусыгъуэхэмкIэ цIыхуи 192-рэ щхьэпылъэ ящIащ, 1906 - 1911 гъэхэм - 3015-рэ.
Мис аращ, фIы уигу илъми, цIыхур зыхуэмейм епхулIэмэ, узыхуишэр. Большевикхэм коллективизацэм и зэманым лей зэрахьащ. Ахэр ипэжыпIэкIэ Столыпиным и лъэужьым ирикIуащ, арщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, езыхэм къабгъэдэкIыу щIэ гуэрхэри халъхьащ. Дауи, я мурадхэри зэтехуэртэкъым.

 

Цекъу ПIатI.
Поделиться:

Читать также:

14.11.2025 - 12:05 Хабзэр убзэнкъым…
12.11.2025 - 15:10 Сыт и щхьэусыгъуэр?
11.11.2025 - 10:30 ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 Щхьэусыгъуэ иIэщ