ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и лIыхъужьхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» выставкэр. Ар теухуащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ фашистхэм яубыда европей къэралхэр щхьэхуит къэщIыжыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбархэмрэ фэеплъхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэригъэпэщащ Урысейм и «Уахътыншэ полкым», КъБР-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, Президент грантхэмкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу. 
Урысейм и «Уахътыншэ полкым» и щIыналъэ штабым и унафэщI Романовская Аннэ жиIащ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» урысейпсо Iуэхум кърикIуахэр зэхалъхьэжауэ мы выставкэм зэрыщагъэлъагъуэр. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм ятеухуа эссехэмрэ Iуэтэжхэмрэ теухуа зэпеуэм хэплъэжа нэужь, лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну къалэ 12 къыхахащ. Абы ящыщщ ди Налшык къалэри. Япэ выставкэр накъыгъэм и 9-м Москва, ТекIуэныгъэм и музейм, щекIуэкIащ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Урысейм и щIыналъэ псоми ветеранхэм я хъыбархэу, сурэту щызэхуахьэсахэр, дэфтэрхэм къыхахыжа тхыгъэхэр, 1944-1945 гъэхэм Европэр (Белград, Варшавэ, Будапешт, Братиславэ, нэгъуэщI къалэхэри) щхьэхуит къэзыщIыжа лIыхъужьхэм ятеухуа плакат 13-рэ а Iуэхугъуэм епхауэ нэхъ мыхьэнэ зиIауэ къыхагъэщхьэхукIхэм хуащIа плакат 11-рэ. Иужьрейм щыщщ Прагэ деж 1945 гъэм накъыгъэм и 6-11 махуэхэм щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэр, 
Выставкэм и курых хъуащ художник Крюков Алексей мы Iуэхум папщIэ ищIа, ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къыщызыхьахэр, 1945 гъэм накъыгъэм и 9-м Берлин зэрыщызэIущIар къыщыгъэлъэгъуа сурэтыр. Лэжьыгъэм щыболъагъу зауэлI 2500-рэ. Абыхэм язщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Арщыдан къуажэм щыщ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, зауэ губгъуэм цIыху щэ бжыгъэхэр къыщезыгъэла дзэ фельдшер, зи хъыбарыр щхьэхуэу выставкэм хагъэхьа Къэтинэ МуIэзин. Зэхыхьэм ирагъэблэгъат абы и щIэблэм щыщи. Ветераным къыщIэхъуахэм я дежкIэ адэшхуэм и фэеплъыр тхыдэ къудейтэкъым, атIэ блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэщ. 
ЗэуапIэм ираджат Къэтинэ зэкъуэшхэу Сэлэдин, Iэдин, МуIэзин сымэ. Сэлэдин илъэсищкIэ зауэм Iутауэ, 1943 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъури, унэм къигъэзэжащ. Iэдин зауэм щIидза къудейуэ, Львов деж щыхэкIуэдащ. Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ дыдэ МуIэзин IущIащ ТекIуэныгъэ Иным. Лейтенант нэхъыщIэ Къэтинэ МуIэзин 276-нэ дивизэм къулыкъу щищIащ, Киев, Житомир, нэгъуэщI къалэхэр, Польшэр, Румыниер, Чехословакиер щхьэхуит къэзыщIыжам хэтащ. Карпаты щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ абы Хэку зауэшхуэ орденым и II нагъыщэр къратащ. КъищынэмыщIауэ, «Хэку зауэшхуэ» орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, «Вагъуэ плъыжь» орденыр, «За оборону Кавказа», «За взятие Праги», «За победу над Германией» медалхэр къыхуагъэфэщащ. 
1946 гъэм къигъэзэжа нэужь, Къэтинэ МуIэзин узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрытащ. КПСС-м и Налшык къалэ комитетым ар мызэ-мытIэу хагъэхьащ, къалэ Советым и депутатуи щытащ. «ЩIыхьым и дамыгъэ» (1957) орденыр, «И лэжьыгъэфIым папщIэ» (1961) медалыр къратащ. Арщыдан къуажэм дэкIа сэлэт 500-м ящыщу ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 65-рэ зэрырикъур щагъэлъапIэм IущIар Налшык къалэм щIыхь зиIэ и цIыхуу къалъыта, Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Къэтинэ МуIэзин и закъуэщ. 
- Президент грантхэмкIэ фондым и фIыщIэщ мы гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыдэхъулIар. Выставкэр зэрекIуэкIыр цIыху нэхъыбэм ялъэдгъэIэсыну ди къалэнщ, лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм нэхъыбэ щыдгъэгъуэзэн папщIэ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я хахуагъэр лIэщIыгъуэхэм пхыкIын, щIэблэм я щапхъэу щытын хуейщ. Музейм и зы пэшым щагъэлъагъуэ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм ятеухуа выставкэ. КъыжыIапхъэщ, мы IуэхуитIыр зэрызэпэджэжыр, - жиIащ КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. - Мыпхуэдэ Iуэхухэм нэхъыбэ щыдгъэгъуэзэну ди къалэнщ тхыдэр зэрыхуейуэ зэрахъуэкIыну яужь итыр ди зэманым мащIэкъым. 
IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа и псалъэм къыхигъэщащ зи псэ емыблэжу мамырыгъэ къытхуэзыхьа, нацизмым дыкъезыгъэла лIыхъужьхэм я фIыщIэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур, тхыдэр зэзыхъуэкIыну зи гуращэхэм дызэкъуэувэу дапэщIэтын, ветеранхэм я фэеплъыр тхъумэн, щIэблэр абы щIэтпIыкIын зэрыхуейр. 
- Си ныбжьэгъу лъапIэ, зауэм и кIыхьагъкIэ пхыкIыу Чехославакием нэса, орденхэмрэ медалхэмрэ зыхуагъэфэща Къэтинэ МуIэзин лIыхъужь нэсу щытащ, абы зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зэи кIуэщIынукъым. Си IэнатIэм сыщыпэрыхьам, ветеранхэм я бжыгъэр 1500-рэ хъурт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджы республикэм къинэжар ветеранищ къудейщ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм зауэм и пэжыр, абы щIата уасэр зыхуэдизыр ящIэу къэгъэтэджын хуейщ. Дзэ Iуэху хэхари икIэщIыпIэкIэ ди текIуэныгъэкIэ иухыну дыщогугъ! - жиIащ Мустэфа.
КПРФ-м и республикэ комитетым и япэ секретарь, КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэ институтхэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Пащты Борис зи лIыкIуэ IуэхущIапIэхэм я цIэкIэ зэхуэсахэм фIэхъус яриха нэужь, щIалэгъуалэм захуигъэзащ я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ зэрахьа лIыгъэм я фэеплъыр яхъумэну, тхыдэр яджыну зэракъалэныр, къэралымрэ щIыналъэмрэ я лIыхъужьхэм иригушхуэу икIи яхуэфащэу, абыхэм я Хэкумрэ цIыхубэмрэ хуаIа лъагъуныгъэр я щапхъэу псэуну зэращыгугъыр къыхигъэщу.
Дзэм къыхэкIыжа офицерхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Мегапир» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек жиIащ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» гъэлъэгъуэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар тхыдэм, хэку лъагъуныгъэм я дерсу зэрыщытыр, щIэблэр тхыдэм щIэпIыкIынымрэ щIалэгъуалэм блэкIам пщIэ хуащIу къэгъэхъунымкIэ зэрыуасэншэр, зауэм и пэжым, ТекIуэныгъэр къахьын папщIэ лIыхъужьхэр зыпхыкIа гугъуехьхэм ныбжьыщIэхэр щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр, мы Iуэху щхьэпэм иджыри къыпащэну зэрыщыгугъыр. 
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс къытеувыIащ и Iыхьлыхэм зауэм щызэрахьа лIыгъэм, совет зауэлIхэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэм и мыхьэнэр зыхуэдэр кIуэ пэтми нэхъ зыхащIэ зэрыхъум.
Къэтинэ МуIэзин и пхъурылъху, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, «Звёздочка» сабий санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэ, «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» выставкэр Москва ТекIуэныгъэм и музейм къыщыщызэIуахым хэта Кокутенкэ Еленэ выставкэм кърихьэлIахэм яжриIащ я адэшхуэр сыт щыгъуи я щапхъэу, Хэку лъагъуныгъэм, ветеранхэм я фэеплъыр хъумэным ахэр щIипIыкIыу, щIэблэм курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ куэдрэ щаIущIэу зэрыщытар. Абы жиIащ «Урысейм и уахътыншэ полк» зэпеуэм тIэунейрэ - япэщIыкIэ 2022 гъэм («ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм я щIэблэр»), дызэрыт илъэсым (адэшхуэм и лIыгъэм теухуа видеофильм трахащ) - зэрыхэтар икIи абыхэм зэрыщытекIуар. Еленэ къахуеджащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм 2010 гъэм ятха, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэси 100 щрикъуну 2045 гъэм ирихьэлIэу щIэблэм зэрызыхуагъазэ тхыгъэм щыщ пычыгъуэм (ар зытхахэм язт и адэшхуэри).
Зэхыхьэм щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща «Уахътыншэ полк» Iуэхум къыхэжаныкIахэр. 
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIащ тхыдэджхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, еджакIуэхэм, студентхэм, къалэдэсхэм, Хэкум и тхыдэм дихьэххэм. 
Выставкэр жэпуэгъуэм и 12 пщIондэ екIуэкIынущи, тхыдэм, мамырыгъэ къытхуэзыхьахэм ятеухуа хъыбархэм зыхэзыгъэгъуэзэнухэм иджыри зэман фиIэщ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: