Си бжьыхьэ хадэм тхьэмпэ Iэпохур…

* * *
Бжьыхьэрт къэзылъыхъуэр псэкIэ сэщхьи,
И уэшх ткIуэпсхэм къищырт си сурэт.
Си пIэщхьагъым къыщIикIутэрт жэщым
ПщIыхьым щыгъэфIауэ псысэ куэд.
Бжьыхьэр къытетIыркъэрт си щхьэгъубжэм,
Уэшх Iущащэу си бжэщхьэIум тетт.
Уафэр къыщIэкIати вагъуэрыбжэу,
И гуфIакIэм фIыгъуэ щыпIейтейрт...
Бжьыхьэм и бзэр сагъэщIащ вагъуэбэм,
Уафэм иращIыхьри тхыпхъэ лыд.
Пщэдджыжьыпэм еубыд си Iэпэр,
Бжьыхьэм къыхишауэ тхьэIухуд.
11.10.16.

*  *  *
Сэ сощIэ бжьыхьэм и бэуэкIэр,
Жыг тхьэмпэ гъуэжьу жьым ипхъэнкIыр,
БжьыхьэкIэу си гум укъыщIэкIыр,
Уэшх къешхырилэм къызиIуэкIыр.

Жыг щхьэкIэм дыгъэр йопэщэщыр,
Езым и плъыфэ къыщIигъэщу.
Зэгъусэу ахэм къаIущэщыр
Сэ сощIэ, гухэлъ кIасэщ зэщхьыр.

Уи макъ жыг хадэм къыхоIукIыр,
IыхьитI зы бжьыхьэр ирищIыкIыу.
Сэ сощIэ бжьыхьэм игу пымыкIыр,
Жыг щIагъым макъыу къыщIэIукIырщ.
10.10.2017.

БжезмыIахэр

БжезмыIахэр пызогъаплъэ уэшхым,
Къемышхарэ, сызыгъэнэщхъейм.
Бжьыхьэ жэщу ар си пщIыхь къыхэшхэм,
Уэ сыноджэрт: «КхъыIэ, къыдэплъей».

БжезмыIахэр къыттещащэрт уэшхыу,
Бжьыхьэ жэщым зыри пэдмыдзыжт.
Уэшхым лъапцIэу – ину сыдыхьэшхыу…
БжезмыIахэр уэшхкIэ ирикъужт.

Бжьыхьэ уэшхым щегъэтыж нэхущым,
БжезмыIахэм си деж къагъэзэж.
СынолъэIурт: «Жей, укъэмыушу»,
ТIэкIу ди уэшхым дыкъыщыгъэфэж.
31.01.2018.

*   *   *
Бжьыхьэ уафэр гупсысэ хьэсэщ.
Хозэрыхьри абы илъэсыр,
И бзэгупэм уи цIэр пымыкI.

ГукъэкIыжыр жэщым щIегъэстыр.
Сынежьэжми уи лъахэм лъэсу,
Услъагъунуи си гум къэмыкI.

Тхьэмпэ плъыжьхэр зэхузохьэсыр,
Языхэзми гухэлъ лъызгъэсу.
Уафэ хьэсэм сыпходэIукI…

Гъунэгъу дадэм тхьэмпэ егъэсыр.
ГукъэкIыжым къыщыщI мафIэсым
ЩIэщэщ дэпым гур къресыкI.
4.10.2018.

*   *   *
Си бжьыхьэ хадэм тхьэмпэ Iэпохур,
Гухэлъ гъыринэм хуищIу къепхъых.
Уэ уи щымыкIэр сэ къыхызохыр,
УхэзгъэфIэжу бжьыхьэ къэсыху.

Си бжьыхьэ хадэм лъапцIэу укъохьэ,
ГукъэкIыж жыгым уэ зыбогъэщI.
Сэ бжьыхьэ защIэу гъащIэ изохыр,
Уэ бжьыхьэ уэшхкIэ нэкIур уотхьэщI.

Уэ жомыIахэр бжьыхьэм еIуатэ,
Сэ жызмыIахэр бжьыхьэм ебзыщI.
Жьым кърихьэкIыурэ тхьэмпэ зелъатэм
Си бжьыхьэ хадэм IэплIэ хуеущI.

*   *   *
Дыщэ хъарыр къызэпхъухи,
Къызбгъэдэс ныщхьэбэ…
Уафэм пшэплъыр ирекъухри,
ЩIы диям тоIэбэ.

Хьэцыбанэ мыщIэ плъыжьыр
ХокIуэсэжыр жэщым.
Махуэм банэу къыхичыжыр
Йощэщэж и куэщIым.

Уафэм пщIыхьу щызэхалъхьэм
ЩIожеикIыр къуажэр.
Си щхьэцыгъуэм Iэ къыдилъэу,
Бжьыхьэм срешажьэ.

Вагъуэм хъуаскIэ зэIэпахыу, 
Уафэм щызэщIоблэ.
Тхьэмпэ хъарыр къызэпхъухи,
Къызбгъэдэс ныщхьэбэ. 
23.09.2019.

Хьэ банэ макъыр - жэщым

Хьэ банэ макъыр жэщым хозагъэ,
Уафэр зэсшэкIыурэ сыббгъэдотIысхьэ.
Мо гъуэгущхьиблым языр ди лъагъуэщ,
ЩыдгъэфIэжыну зэгуэр ди жьыщхьэ.

Хьэ банэ макъым жэщыр йосэжыр,
Бжьыхьэу къэсщIэжым балигъ сохъукI.
ЖэщкIэ уэздыгъэр щыблэ унэжьым
ГъащIэм и макъыр къытхущIоIукI.

Хьэ банэ макъым си гур дотыншыр,
Жэщыр си пэшым къыщохуэбэж.
Къуажэр къысIуплъэурэ нэбэнэушэу,
Щызоущэхур си гум зы пэж.
17.02.2020.

ПщIэжрэ?

Мыгъэрей бжьыхьэр щымщ,
Соплъ къэбгъэна сурэтым.
Хадэм жьыр щогурым,
Лъагъуэ къыхуэмыгъуэту.

Тхьэмпэхэм къалъэтыхь,
Жьыбгъэм хэзэрыхьауэ.
Укъыхохьэж си пщIыхь,
Уигу сыщыIурихауэ.

Мыгъэрей бжьыхьэр щымщ,
Си гум зыщырикъухьу.
«ПщIэжрэ?!»: - сыноупщIынщ,
Жьыбгъэм дызэхимыхыу.

Уи Iэр сутIыпщыжынщ, 
Тхьэмпэ щыпылъэлъыжкIэ.
Уи цIэр ескъухыжынщ,
ЖэщкIэ къэсIущэщыжу. 
6.09.2020.

*   *   *
Мы бжьыхьэр къыстощащэ зэмыфэгъуу,
Къалэкум къыщыслъыхъуэу уэ уи фэгъу.
Си гъащIэр хокIэрахъуэри уи плъэгъуэм,
Уи напIэм къыщIызонэ гухэлъ щэху.

Мы бжьыхьэм сытрешэ тхьэмпэ лъагъуэ,
Уи нитIыр си гупсысэм щызолъагъу.
Жыг хадэм теплъэу иIэр сыту пагэ!
Къыдэсшеифкъым: «КхъыIэ, къысхуэгъэгъу».

Жэщ къэскIэ мы бжьыхьэкур уэшхкIэ магъыр,
Жэщ къэскIэ пщIыхь щIызолъхьэ си пIэщхьагъ.
ПщIыхь кIапэр Iэти, жыIэ: «Сыт, си нагъуэ?!»,
Ухэплъэу бжьыхьэ жэщыр зи куууагъ.
1.10.2020.

Тхьэмпэ плъыжьхэр

Тхьэмпэ плъыжьхэм здахьыр си щIалэгъуэр,
Здахьри, сыкъыранэ зы бжьыхьэку.
Тхьэмпэ къэскIэ гухэлъ плъыфэ мэхъур,
Лэдэх псыгъуэу ирокIуэж си нэкIу.

Сэ жыг хадэм щызокъухь гухэлъыр,
Щызокъухьри, тхьэмпэу полъэлъыж.
Уэ уожьэжыр, уэ гъуэгу кIыхь къыпщIэлъщи,
Тхьэмпэ плъыжьу бжьыхьэр къызэтыж.

Сэ уи ужьым си тхьэлъэIу къызонэ,
Щэхуу къызощыпыр тхьэмпэ плъыжь.
Уэмрэ щIымрэ я кум си гур къонэ,
Иплъэу бжьыхьэ гуэрым и лъэужь.
8.10.2020.

*   *   *
Мы бжьыхьэ жэщым си гум нэху къыщекIи,
ГухэлъкIэ пщэдджыжьыпэм сыгъэсыж.
Е къалэр ирикъужмэ зэгуэр жейкIэ,
Бжьыхьэкур мафIэ плъыжьу щIэгъэстыж.
Сэ къысхуэнакъым зыри бжьыхьэм щыщу,
Мы къалэ нэщIым сыти щысщIэжын.
Мы си гум иущэхухэр бжьыхьэм ищIэрт…
Уи нитIым сэ зэгуэр саIущIэжынщ.
Уи нитIым къищыжынущ си бжьыхьэкури,
Мы къалэри, уэрамхэри, си пщIыхьри.
Зэгуэр мы къалэр, пщIэжрэ, зэзгъэкIури,
Сыбзэхыжат, уи нитI сыщыIурихри. 
18.10.2020.

*  *  *
Уигу мыпыIэм нэху сыкъыщегъэкIи,
Пщэдджыжь пшэплъыр иреукIытэж.
Гухэлъ щэхукIэ мащIэу сыщыгъэкIи,
ГъащIэу гукъэкIыж къысхуэгъэнэж.

Сыкъытенэ лъапцIэу уи уэрамым,
Си жэщ кIыхьхэм вагъуэу къыпыщэщ.
Бжьыхьэм сыкъелынут, уэрмырамэ?!
ГъащIэм сыхъужынут сэ и фIэщ?!

Си гум и къеуэкIэм сыкIэлъыскъым,
Сэ уи жейм аргуэру сыщхьэщысщ.
Бжьыхьэм кърикIуэнум сегупсыскъым,
Си дунейр мылъхуэсу мазэм исщ. 
10.11.2020.

*   *  *
Мы бжьыхьэр нэщIщ, мы бжьыхьэр нэщIщ,
Сыщхьэдохуэхыр илъэс щэщIым.
Гупсысэм уи цIэр щIэзуплIанщIэм,
Сетхьэкъужа си гугъэу гъащIэм.

Жэщ ныкъуэм уафэр зытызопIэ,
Уи псалъэ къэскIэ IукIэ сопIыр.
Жэщ щIыхур ину мэдыхьэшх,
Сэ щIыIэм си дзэр зэрегъэшх.

ИтIанэ… уи Iэр соутIыпщыр,
СынеплъэкIынуи къысщогъупщэр.
Мы бжьыхьэр нэщIщ, мы бжьыхьэр нэщIщ,
Мы бжьыхьэм идэркъым нэгъуэщI.
19.11.2020.

*    *   *
Жэщыр сщхьэщилъэфырт ди пшэплъ къимыщIам,
Уи гум сыщиплъэфыр нэхущ къэмыпщIарт.
ЛъапцIэу сыкъытехьэрт бжьыхьэ жэп къехам,
Хьэуам хэт Iубахъэм сыхэзэрыхьат.

Бжьыхьэм сыкъыхонэ, бжьыхьэм сыщокIуэд,
Мы си щхьэц сухуэным пшэплъыр къыщыгъуэт.
Тхьэмпэр къыстощащэ, пэж къызоIущэщ,
Бжьыхьэм сыфIэмащIэу, уэ сыпIэщIощэщ.

Уи цIэр къысхуэгъанэ, уи цIэр сыгъэбзыщI,
Мы гухэлъ архъуанэм сыкъелыныр пцIыщ.
Бжьыхьэм сеIубауэ, къызоIущэщыж,
Пшэплъыр нэхущ бауэ, щIым къылъоIэсыж. 
21.11.2020.

* * *
Къэгъэзэжи, къысхуэнэж дунейуэ,
Е уи макъыр къренэж си ужь.
Къысщхьэщыхьи, къалэр зэрыжейуэ,
Дытегъэхьэ бжьыхьэм и лъэужь.

ЛъапэпцIийуэ дыдэгъэхьэ къалэм,
Жэщым тхьэмпэ хъарыр къедгъэпхъых.
ГъащIэм щэхуу тхуегъэтIыгъуэ пIалъэ,
Ди щIалэгъуэ тIууащIэр зэпеплъыхь.

Бжьыхьэ жэщу сиубыдэ уи гум,
Тхьэмпэм щытхуиублэкIэ къепхъых.
Жэщыр щоуназэ бжьыхьэм и кум,
Вагъуэ быным ятхыу ди нэчыхь.
24.11.2020.

*    *    *
Бжьыхьэм сыкъыщожьэ, уи гум сыщокIуэд,
Сэ минитIрэ тIощIым щIыбкIэ сыхокIуэт.
ГъащIэри сфIэмащIэщ, мащIэри сфIэкуэдщ,
Пшэплъ къищIам сыщожьэ, сыпсэунрэ пэт.

Уи цIэр схужымыIэурэ жэщым щызоIуэт,
Мы си IитIыр щIыIэщи, къыпIэщIызопхъуэт.
ЛъапэпцIий зызощIри, щIыбкIэ сыкъокIуэт,
Гъуджэр согъэщащэри… сэ езыр сыхэт?!

Уафэми сеупщIкъым, жьыбгъэми селыпщI,
Щоныкъуакъуэ си гум зы жэуап мыIупщI.
Си Iэм изокъузэри… си гур соутIыпщ…
Уэ къэхъуар умыщIэми, къэдгъэщIэнур зыщ.
28.11.2020.

*    *    *
ПцIыщ, сэ бжьыхьэ жэщу сыкъалъхуакъым,
Бжьыхьэм и псэр къысIукIакъым - пцIыщ.
Пщэдджыжьыпэм и нэр къэпщIырт сакъыу,
ГъадэщIыдэу къэсщIэжам сыщыщт.

Хьэкум щызэщIэстырт гуарцэ мафIэ,
Уэгум вагъуэ минхэр щыкIэзызт.
Уд къысфIащырт – си нэр удзыфафэт,
СымыцIыху си анэшхуэм сриныбжьт…

Сэ къысIукIэрт си адэжьхэм я псэр,
СыIэнкуну я нэ кугъуэм ситт.
Си гур мы дунейм и адэжь лъапсэт,
КъауIам тхьэлъэIуу ящхьэщытт.

ПцIыщ, мы сыщыпсэур си зэманкъым,
Къызобжыжыр ену илъэс щитI.
Уэ зэтелът иджыри уи шы-уанэр,
Угупсысэу жыхафэгум уитт…

Си псэм къыщIэпIукIырт шы лъэ макъыр,
КъамэкIэ дамыгъэхэр тепщIэжт.
ШыплIэм укъеплъыхт: «Зэманыр макIуэ» …
Сэ екIуэлIэжыгъуэмкIэ згъэзэжт…
16.10. 2021.

 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: