Псапэм кIуапIэ куэд иIэщИхъуреягъкIэ зытплъыхьмэ, гупсысэкIэкIи, зыхуэпэкIэкIи, псэлъэкIэкIи зэтемыхуэ цIыху куэд долагъу. Шынэу, сакъыу, гурыщхъуэ ищIрейуэ щыт цIыхур езым емыщхь псоми егъэгужьей. Ауэ акъылкIэ тегъэщIапIэ быдэ зиIэр фIырыфIкIэ пхуэгъэбэлэрыгъынукъым. ЩIэныгъэлIхэм, цIыху къабзэхэм, гъащIэм дерс къыхэзыхыфхэм уадэгъуэгурыкIуэным псапэ щIыхэлъри арагъэнщ. ГущIэгъукIэ Алыхьым игъэгуфIэн Iэбу Хьэнифэ мылъкушхуэ бгъэдэлъащ. «Уа, Iэдэм и бынхэ! Мэжджытхэм зыкъифхыу фыщIыхьэ» (7:31) Iэятыр нэгъэсауэ игъэзэщIэн мурадкIэ, абы дирхьэм 1500-рэ зи уасэ щыгъын къищэхури, нэмэз щищIкIэ щитIагъэу щытащ. Зэгуэрым Iэбу Хьэнифэ деж лIы гуэр къакIуэри къыжриIащ: «Уа, Iимам! Нэмэзым сыщытетым деж, си махъшэхэр си нэгум къыщIоувэ. Уэ апхуэдиз былым уиIэрэ пэт, дауэ гупсэхуу нэмэз зэрыпщIыр?» - Сэ си махъшэхэр си Iуэращ зэрызубыдэр, сигуракъым. Мы хъыбархэр къызэрытха «Рухьул Бэян» тэфсирым адэкIэ Iуэхум дызэрыбгъэдыхьэн хуей щIыкIэр тхузэпкърех: «Пэжщ! И щхьэмрэ и унагъуэмрэ зыхуей хуигъэзэн папщIэ, цIыхур лэжьэн хуейщ. Ауэ зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым ахъшэри мылъкури Алыхьталэм гъунэгъу зэрызыхуэпщIын Iэмал къудейуэ зэрыщытыр. ЦIыхум ахэр къигъэсэбэпыпхъэщ, ауэ фIыуэ илъагъун хуейкъым. ЗэрыжаIэщи: «Псыр кхъухьым и щIыбкIэ къэнэху, уздэкIуэм унэсынущ. Ар кхъухь кIуэцIым къакIуэмэ, ущIилъэфэнущ». Iимам Рэббаний жиIэу щытащ: «Дунеягъэм уи гур бгъэдэпшыну гугъу дыдэщ, уеблэмэ пхузэфIэмыкIыным хуэдизщ». Нэмэзым и хьэтыркIэ Алыхьталэм Езым и пащхьэм уиувэну хуит уищIащ. Абы иужькIэ емыкIукъэ абы утегупсысыкIыну». Зи гъащIэр щIэныгъэм тыхь хуэзыщIа Джуваликий Iэбул-Iэббас игу къигъэкIыжырт диным зритыпэным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Къэп иду, ахэр ищэрэ абы хэпсэукIыу щытащ Джуваликий. Зэгуэрым абы къэп ищэри, и уасэр къыIихыжыну игу къэмыкIыжу, зрищар иутIыпщыжащ. Къэпыр зыщэхуами къигъэзэжакъым. Арати, нэмэзым здытетым, «хэту пIэрэт а къэпыр зэсщар» жиIэурэ, Iуэхур зэрекIуэкIар къигубзыгъыжын щIидзащ. Нэмэзыр иуха нэужь, и гъэсэн щIалэм жреIэ: - Нэмэзым сытетыху, сыт сымыщIэми, къэпыр зэстар хэтми къысхуэщIэжакъым. Гъэсэным жеIэ: - Уа, Iустаз! Нэмэз пщIа, хьэмэ ахъшэм уегупсысауэ ара? А псалъэхэр Джуваликий Iеищэу и гум щIыхьэщ, къэпхэм яз и щхьэм фIикъуэщ, дурэшым дэтIысхьэри, а махуэм щегъэжьауэ дунеижьым и щIыб хуигъэзащ, тхьэ хуэпщылIынымрэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ фIэкIа и зэманыр тримыгъэкIудэуи псэуащ абы иужькIэ. Сыт хуэдиз къару и дуней тетыкIэм химылъхьэми, зэ щымыуэ щыIэкъым, жаIэ. Ислъам диным тобэ къэпхьыжыным мыхьэнэшхуэ ирет, сыту жыпIэмэ, и фIэщу щIегъуэжа цIыхур гуэныхь зымыщIэххам хуегъадэ. «Истигъфар» псалъэм и мыхьэнэр: тобэ къызэрахьыж, ящIам зэрыхущIегъуэжыр Алыхьым и пащхьэм зэрырахьэ духьэ. «Истигъфархэм я зиусхьэн» цIэ зыгъуэта духьэр кIэщI дыдэщ, хэти хузэгъэщIэну, ауэ и мыхьэнэр куущ, и IукIэри дахэщ. «Аллахьуммэ! Iэнтэ рэбби. Ла илахьэ илла Iэнтэ. Хъэлэкътэний уэ Iэнэ гьэбдукэ. Уэ Iэнэ гьэла гьэхьдикэ уэ уэгьдикэ ма стэтIэгьт. Iэгьузу бикэ мин шэрри ма сэнэгьт. IэбуIуу лэкэ бинихьмэтикэ гьэлеййэ уэ IэбуIуу бизэнбий. Фэгъфир лий, фэ Iиннэхьу ла ягъфиру ззунубэ илла Iэнтэ». И мыхьэнэр: «Я Алыхь! Уэ узи-Тхьэщ! Уэр фIэкIа Тхьэ щыIэкъым. Уэ сыкъэбгъэщIащ, срыуипщылIщ. Псалъэ уэстамрэ укъызэрызгъэгугъамрэ зэрысхузэфIэкIыу сытетщ. Iейуэ сIэщIэщIам кърикIуэнкIи хъунум сыкъебгъэлыну сыножалIэ. ФIыуэ къысхуэпщIари, гуэныхьу сIэщIэщIари сщIэжу, зыпхузогъазэ. Къысхуэгъэгъу, Уэр фIэкIа гуэныхь зыгъэгъуфын зыри зэрыщымыIэр хьэкъщ».
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
10.12.2025 - 17:13 →
Нало Евгение Калининым зэрыхуэзар
01.12.2025 - 10:40 →
ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, щIэныгъэм и цIыху
26.11.2025 - 15:15 →
Адыгэхэр Чабиевэ Танзилэ и нэкIэ
26.11.2025 - 12:26 →
ЦIэрыIуэ хъъуахэр зи куэд
15.11.2025 - 17:43 →
ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ
| ||




