Гъэлъэгъуэныгъэмрэ усэ пшыхьымрэ фрагъэблагъэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, Ингуш Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, Карабулак къалэм ГъуазджэхэмкIэ и Сабий школым и унафэщI, щIыналъэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ Мартазанов Муса и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ художникыр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу.
УзэIэбэкIыжмэ, КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм щагъэлъэгъуащ Ингуш Республикэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и къэрал музейм и фондым и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Абы къыпызыщэу, КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музеймрэ республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ, «Палитра мира» Iуэхум хыхьэу, Ингуш Республикэм и Карабулак къалэм «Мастера реализма» выставкэр щагъэлъэгъуащ. Иджырей гъэлъэгъуэныгъэри щыхьэт тохъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш щIыналъэхэм ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зэрызрагъэужьым. 
Выставкэм къызэщIеубыдэ Мартазанов Муса и живопись, графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьыгъэ 30-м нэблагъэ. Абыхэм щыболъагъу гъэм и сыт хуэдэ зэманми щIыналъэм и щIыуэпс къулейр. Дахагъэр къыщигъэлъэгъуа и сурэтхэр плъыфэбэщ, щIэщыгъуэщ, гупсысэ ящIэлъщ.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий художникым и зэфIэкIым, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я дунейр и лэжьыгъэхэм куэду къызэрыщигъэлъэгъуар къыхигъэща нэужь, Мартазановым фIыщIэ хуищIащ, и лэжьыгъэхэр къызэришам, гъуазджэм дихьэххэм апхуэдэ тыгъэ къазэрыхуищIам папщIэ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ зы цIыху гъащIэм къриубыдэу апхуэдиз зэфIэкI Мартазанов Муса зэриIэр зэригъэщIагъуэр, и илъэс 50-м ирихьэлIэу выставкэ 50 къызэрызэригъэпэщар къыхигъэщу. 
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмкIэ, псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комиссэм и унафэщI, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс Мартазанов Муса зыхуигъэзащ дяпэкIи ехъулIэныгъэ иIэну. Ди щIыналъэм исхэми и гуапэу ар ехъуэхъуащ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр Налшык зэрыщагъэлъагъуэмкIэ.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ жиIащ гъунэгъу щIыналъэм щыпсэу художникым и IэдакъэщIэкIхэр ди деж зэрыщагъэлъагъуэр зэригуапэр, абы и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэр и лэжьыгъэхэм зэрыщынэрылъагъур, ди зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зрагъэубгъуну зэрыщыгугъыр.
Музейм и фондым и хъумакIуэ нэхъыщхьэ, УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Мокаев Владимир и псалъэм къыхигъэщащ Мартазанов Муса и лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэн зэрыщыхъуар, гъуазджэмрэ литературэмрэ зэригъэбейм къыдэкIуэу, жылагъуэ лэжьыгъэми жыджэру ар зэрыхэтыр. 
Мартазанов Муса жиIащ Налшык фIэфI дыдэу къызэрыкIуэр, лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэрэ зэпыщIэныгъэрэ дэлъын, зэкIэлъыкIуэн зэрыхуейр, сурэтыщIхэм цIыхухэр фIым, дахагъэм хуагъэушыныр, гъуазджэм и курыхыр зыхрагъэщIэныр я къалэн нэхъыщхьэу къызэрынэжыр, сурэт щIыным дихьэххэм зэрадэлажьэр. Мартазановым фIыщIэ яхуищIащ гуапэу къезыгъэблэгъахэм, выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, и лэжьыгъэхэм псалъэ гуапэ хужызыIахэм. Муса и лэжьыгъэхэм ящыщ зы музейм тыгъэ къыхуищIащ.
Выставкэр жэпуэгъуэм и 20 пщIондэ щыIэнущ. Иужьрей махуэм, сыхьэт 13-м музейм Мартазанов Муса и усэ пшыхь къызэрагъэпэщынущи, фрагъэблагъэ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: