Абхъаз утыр цIыху кIуапIэт

Жэпуэгъуэм и 3-5-хэм Абхъазым и утым щекIуэкIащ шхыныгъуэхэр щащэ «Яблочный джем» фестивалыр. Налшык къалэ администрацэмрэ Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтымрэ, «Туризм и индустрия гостеприимства» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэщар.
20I9 гъэм ирагъэжьа фестивалыр гъэ къэс ирагъэфIакIуэр, щIэ куэд халъхьэу. Иджырейм хыхьэу ягъэлъэгъуащ шхыныгъуэ, ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэмрэ. 
Фестивалыр жэпуэгъуэм и 3-м пщыхьэщхьэм ирагъэжьащ Рено Жан и «Шеф» кинофильмымкIэ. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Абхъаз Республикэм къикIа TEMOxShiri уэрэджыIакIуэ гупым. Апхуэдэу япэ махуэр траухуат кофе щэнхабзэм. Ар фIыуэ зылъагъухэм я IутIыжт: кофе лIэужьыгъуэхэр абдеж щагъэват, абы и мэ гуакIуэр щызэлъэщIыса хъуа утым ар зыфIэфIхэр къришалIэу, ягу Iэпихыр къыхахынуи Iэмал яIэу.
Кофе щащэ IуэхущIапIэхэм ящыщ зым и лэжьакIуэ Хайганов Мухьэмэд жиIащ «Яблочный джем» фестивалым мы гъэм етIуанэу къызэрырагъэблэгъар. Мы IуэхущIапIэм мы фестивалым махуитхукIэ зыхуигъэхьэзыращ, я кофе лIэужьыгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ зыхуэдэм цIыхухэр щагъэгъуэзэну, Iуагъэхуэну къыздашащ. 
- Зэхыхьэм зыкъредгъэхьэлIащ ныбжьэгъухэр дызэхуэзэн, утым зыщытплъыхьын, IэфIу дыздэшхэн папщIэ. Куэд щIауэ сымылъэгъуа си цIыхугъэхэм мыбы сазэрыщыIущIар фIыщ, - жиIащ Хейфиц Роман. – Кофе гъэхьэзырыкIэм теухуа мастер-классым сыхэтащ икIи ар сигу ирихьащ, щIэ куэди къыщысщIащ. Кофе зэрагъэхьэзыр Iэмалхэм зэпымыууэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэр. Аращ ар гъэщIэгъуэн пщызыщIри. НэхъапэкIи мы зэхыхьэр зэрекIуэкIым сыкIэлъыплъащ. Гуапэщ къызэгъэпэщакIуэхэм гъэ къэс фестивалыр зэрырагъэфIакIуэр. 
Жэпуэгъуэм и 4-м сыхьэт II-м щIидзэу зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм пащащ. Хабзэ хъуауэ, абы щагъэлъагъуэ шхапIэхэм, пщафIэ Iэзэхэм ягъэхьэзыр лъэпкъ шхыныгъуэхэр, мыIэрысэм къыхэщIыкIа варенэ, джем, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуахэр (чипсхэр), хьэлывэхэр, ерыскъыпхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэм ягъэхьэзыр (гъэшхэкIхэр, фо лIэужьыгъуэхэр), IэфIыкIэхэр, псы IэфIхэр, махъсымэхэр. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэм Iэмал яIащ я щхьэм щхьэкIэ е саугъэт папщIэу зэхъуапсэр къащэхуну. Лъэпкъ шхыныгъуэ лIэужьыгъуэхэри куэду япщэфIат, джэршлыбжьэ, джэдшыпс, шхынгъур, зыкIэрыс, хьэлыуэ, тхъурыжь, балъкъэр хъыршын, тырку кофе, шей жыпIэми. Къалэм языныкъуэ и шхапIэхэм щапщэфI шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэри ягъэлъэгъуащ. Зэхуэсахэр еплъащ а псом я IэфIагъыр зыхуэдэм. 
Фестивалым папщIэ къызэрагъэпэщат ди щIыналъэм, къэралым я пщафIэ нэхъ Iэзэхэм ящыщхэм я лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ. Зэхыхьэр нэхъри щIэщыгъуэ ящIащ Лъэпщ Заремэ, ДыщэкI Мухьэмэд, Усманов Кенгес, Мокаевэ Гульнарэ, Габуев Аслъэн, Бекъшокъуэ Саидэ сымэ ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэм. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэр кIэлъыплъащ пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIым, лыхэкIым шхыныгъуэхэр къызэрыхащIыкIым. 
IэпщIэлъапщIэхэм цIыхухэр щагъэгъуэзащ хьэпIацIэщыгъэ блэным, мывэ лъапIэхэм къыхэщIыкIа цIуугъэнэхэр гъэхьэзырыным и щэхухэм. Езыхэм хьэзырыххэу къыздаша щыгъэхэм, Iэпщэхъухэм, Iэлъынхэм, фэм, щэкIым, щыгъэм, мывэм къыхэщIыкIа сумкэхэм, бохъшэхэм, пхъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэм, сэхусэплъхэм, сабынхэм, шэху уэздыгъэхэм я жармыкIи зэхэтащ. Гуапэт адыгэбзэр хъумэным хуащIа открыткэхэр, зыгуэрым узэрыхуэупсэ хъуну хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр. Шырыхъу Тамарэ егъэхьэзыр фэм къыхищIыкIа тхылъдэлъхьэхэр, Iэпщэхъухэр, IункIыбзэIуххэр зэребгъэубыд брелокхэр, бохъшэхэр, нэгъуэщIхэри. ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ языныкъуэ адыгэ тхакIуэхэм я тхылъхэм я цIэхэр, псалъэжьхэр абыхэм зэрытритхар, адыгэ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ, уеблэмэ ди лъэпкъым и ныпыр зэрытрищIыхьар. И IэщIагъэкIэ экономистми, илъэситху ипэкIэ дэзыхьа мы Iуэхур лэжьыгъэ нэхъыщхьэ хуэхъуащ, щIэупщIэ зэриIэр къилъытэри. 
Апхуэдэу, фестивалым щIэупщIэ щиIэт Жулабовэ Мунирэ лъэпкъ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ къигъэсэбэпурэрэ пхъэм къыхищIыкIа, зэманым декIуу къигъэщIэрэщIэжа тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, Iэпщэхъухэм, щхьэцхэIухэм. Мунирэ мы Iуэхум зэрыдихьэхрэ илъэситху мэхъу. Абы зэрыжиIамкIэ, и лэжьыгъэхэм щыщ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэми ящэху, Интернетым и социальнэ сайтхэмкIэ ахэр зэбгрегъэкIыр. 
Фестивалым хэтахэм псом хуэмыдэу ягу дыхьащ удз гъэгъа теплъэ зиIэ IэфIыкIэхэр. Иджыпсту куэд зыщIэупщIэ хъуа мы саугъэт папщIэхэр зыгъэхьэзырхэри Iуэхум жыджэру хэтащ. ЦIыхухэр зыгъэгуфIэ дахагъэхэм ящыщ зыт ахэри. 
АдэкIэ щыплъагъут Новопавловск къалэм щыщу фестивалым кърагъэблэгъа Захарушинэ Аннэ и гуащэ хьэлэмэтхэр. Абы жиIащ «Плюшевая лепка» зыфIища и лъэщапIэм гуащэхэр илъэс 20-м нэблэгъауэ зэрыщигъэхьэзырыр, и IэдакъэщIэкI фэилъхьэгъуэхэмкIи ахэр зэрихуэпэжыр, балигъхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ мастер-классхэр зэрыригъэкIуэкIыр, Урысейми дунейпсо фестивалхэми и лэжьыгъэхэр зэрыщигъэлъагъуэр, и гуащэхэм щIэупщIэ зэраIэр, коллекционерхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ахэр зэрызэхуахьэсыр, мы IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуигъасэр. 
Къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ дихьэхыу едэIуащ Абхъаз Республикэм и «BLIZKEY» гупым ягъэзэщIа уэрэдхэм. Гуапэу зэрырагъэблэгъамрэ Iэгуауэшхуэ зэрыхуаIэтамрэ ягу зэрыдыхьар, Налшык къэкIуэну зэрафIэфIыр къыхагъэщащ гупым хэтхэм, икIи иджыри мыгувэу къытрагъэзэнуи жаIащ. 
Сабийхэм папщIэ нэгузыужь джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри щхьэхуэу екIуэкIащ. Апхуэдэу цIыкIухэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ «Ларамбла» уэрам театрым и артистхэм ята концертхэр. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я нэгу зыщрагъэужьыну джэгупIэхэр, адэ-анэхэм зыщагъэпсэхуну, фильм щеплъыну тIысыпIэхэр утым щыгъунэжт. Сурэт зытезыхыну зыфIэфIхэм папщIэ утым куэду щагъэуват плIанэпэхэр. Абыхэми фестивалым щIэупщIэ щаIащ.
Зэхыхьэр и щыхьэтщ республикэм и щIы гектар мин бжыгъэхэм мыIэрысейхэр зэрыщагъэкIым, бжьыхьэм мыIэрысэ берычэт къызэрыпачыжым, абы щIыналъэм исхэр зэрыригушхуэм. Апхуэдэуи гуапэщ пщафIэ Iэзэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ дызэримымащIэр. А псом къыдэкIуэу, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я Iуэхутхьэбзэхэри мыбы щагъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, нэм щеIэзэ «Ленар» клиникэм и лэжьакIуэхэр гупыж зыщIхэм я нэхэм еплъащ. Анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъу къэгъэхъуным, бзэр хъумэным, хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэщIыным хуэгъэзауэ лажьэ «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэми лъэпкъ макъамэм щIэту абы щигъэлъэгъуащ цIыкIухэм зэрадэлажьэр. Ар зыгъэлажьэр Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №38-мрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Дельфин» центрымрэ я психолог, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Къармэ Iэсиятщ.
Гу зылъыптэращи, фестивалым кIуэ пэтми зеубгъу, нэхъ щIэщыгъуэуи къызэрагъэпэщ, хьэщIэхэм я бжыгъэми къыхохъуэ. Хабзэ хъуа «Яблочный джем» фестивалыр щIызыхашэм и зы щхьэусыгъуэщ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм унагъуэхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр зэхуэзэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ зэхыхьэ гуапэр зи жэрдэмхэм я къалэныр къехъулIащ. Махуищым екIуэкIа фестивалым къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхуащ, я нэгу зыщрагъэужьащ. Хьэрычэт Iуэхумрэ туризмымрэ зегъэужьынымкIи зэхыхьэр щхьэпэщ. Балигъи сабии мы фестивалыр фIыуэ ялъэгъуащи, етIанэгъэ зэрекIуэкIынум зэрыпэплъэнум шэч хэлъкъым. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: