Анэшхуэм къыщIэна адыгэ пшынэр
Адыгэхэм щэнхабзэшхуэ зэраIар тхыдэр мызэ-мытIэу щыхьэт зытехъуа Iуэхущ. Къуажэ къэс пшынауи 10 - 20-м нэс дэсу зэрыщытам нэхъ щапхъэ сыт ухуей?! Ахэр хэмытуи зы хьэгъуэлIыгъуэ зэфIэкIынутэкъым. ГуфIэгъуэрэ лъагъуныгъэрэ зи пшынэ макъым къизыгъэкIыу илъэс 40-м щIигъукIэ гъуазджэм, цIыхубэм хуэлэжьахэм ящыщщ Уэрэзей Лидэ - «Кабардинка»-р гъащIэ зыхуэхъуа бзылъхугъэр. Ар 1937 гъэм Дей къуажэм къыщалъхуат. Пшынэ еуэным зэрысабийрэ хуэнэхъуеиншэ хъыджэбзым IэщIагъэр адэ-анэм къыщыпаубыдми, абы куэд щIауэ псори ибзри игъэтIылъыжат. Лидэ цIыкIу хадэм зыщигъэпщкIуурэ нартыху хьэсэм махуэ псокIэ пшынэм щеуэрт. ЩIамыдэр гурыIуэгъуэт: а зэманым нэхъыжьхэр хуейтэкъым я пщащэхэр къалэм еджапIэ ягъэкIуэну. ИтIанэми, анэшхуэм къыщIэна адыгэ пшынэ цIыкIур Лидэ дежкIэ лъапIэт, фызыжьыр абы еуэу зэхимыхами, ижь къыщIихуа хъуащ... Школ нэужьым Уэрэзейм Тэрч къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм лэжьэн щыщIидзащ. 1960 гъэм щIыналъэм хуеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблыр. Уэрэзей Лидэ и пшынэ еуэкIэр щызыхихым, къэфакIуэ гупым и балетмейстеру щыта Дашу Хьэшыр занщIэу хъыджэбзыр иригъэблэгъащ ансамблым щылэжьэну. Нэхъ гъэщIэгъуэнратэкъэ, ансамблым хыхьэ хъужыкъуэми, Лидэ зыщIэхъуэпсыр ар абы и къэфакIуэ хъунырт. АрщхьэкIэ, хъыджэбзым и зэчийр зытегъэпсар пшынэ еуэнырт... 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсищкIэ Уэрэзейр щылэжьащ КъБКъУ-м и художественнэ самодеятельность «Кабардинка» зыфIащауэ щытам. 1965 гъэм уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрал ансамблым и хорыр Къэбэрдей-Балъкъэр радиом иратыжа нэужь, къагъэщIэрэщIэжа къэфакIуэ гупым (Аронов Евгенийрэ Ульбашев Мутайрэ я унафэщIу) и ехъулIэныгъэхэм прагъэщащ. Лидэ яхэтащ а Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьахэм. - Унэм дыщыщIэсыр мащIэт. Мазэм концерт 25-р Iэмал имыIэу ттырт. Пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ диIэтэкъым - дылажьэрт, ди зэфIэкIым зэрыхэдгъэхъуэным дыпылът, - игу къегъэкIыж пшынауэм. - Щэбэтхэмрэ тхьэмахуэхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэм зыкъыщыдгъэлъагъуэрт. Районхэм дыщыкIуэкIэ и нэхъыбапIэм клуб ямыгъэплъхэм дыщIэсын хуей хъурт, уеблэмэ къэфакIуэхэм зыщахуапэр автобусрауэ. ИтIани щIалэгъуалэр я псэ еблэжыртэкъым, я IэщIагъэм я гур етати, цIыхухэри гуапэу къытIущIэрт. Апхуэдэ лэжьэкIэм унагъуэр дебгъэкIун е унагъуэр абы тебгъэхуэн жыхуэпIэр зэрыгугъу дыдэр дощIэ. Лидэ зэрыжиIэмкIэ, и хъыджэбз нэхъыщIэ Эля нэхъыжьым, Ритэ, и куэщIым ирипIыкIауэ аращ. ХъыджэбзитIым я зэхуаку илъэс 16 зэрыдэлъым и зы фIагъыу ар къыщIэкIат. 1968 гъэм Лидэ ансамблым хэту илъэгъуащ Мароккэ, Алжир, Тунис, Ливие, кIэлъыкIуэу Латин Америкэр, Польшэр, Германиер, Чехославакиер, Сириер, Иорданиер, Бразилиер. - Атлантикэ хым зыщыдгъэпскIащ, хьэндыркъуакъуэл дэзыгъэшхаи къахэкIащ (Iэнэм къытхутрагъэувар зиIысыр тщIэртэкъым, къыщыджаIам дыкъызэIыхьэ пэтат). Апхуэдэхэри къытщыщIт, арщхьэкIэ дэнэкIэ дымыкIуами, пщIэ къытхуащIащ, хамэ къэралхэм дыщыщыIэхэм я газетхэм увыIэгъуэр ямыIэу ди пщIэр яIэту къыттетхыхьащ. Аргентинэм дыщыIэу дызыIууа мыпхуэдэ зы Iуэхуи сигу къокIыж: Буэнос-Айрес фестиваль гуэр щекIуэкIыу дыхэтын хуей хъуащ. Ауэ ди макъамэмрэ къафэмрэ, зэрыхабзэм хуэдэу, занщIэу япхъуэтакъым. Зэман дэкIын хуеящ ахэр къыдэсэным. Махуэ зыбжанэкIэ апхуэдэу екIуэкIащ, дезыгъэблэгъа импресариор гузэвэжари хэлъу. АрщхьэкIэ, икIэм-икIэжым, ансамблым абыхэм я гулъытэри я псэри къихьэхуфащ, мазэм нэблагъэкIэ дыкъамыутIыпщыжу концерт гукъинэжхэр абы щыттащ. «Кабардинка»-м Уэрэзей Лидэ къыхэкIыжа и ужькIи Iуэхуншэу щысакъым, иджыри илъэс 25-кIэ ар щылэжьащ курыт школхэм я къэфакIуэ гупхэм, Кэнжэ жылагъуэм и сабий садымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ. Лидэ пшынауэ IэщIагъэр игъэдэхащ, игъэбжьыфIащ. Ди тхыгъэр Тхьэгъэзит Зубер адыгэ пшынэм хуиуса и зы IэдакъэщIэкIкIэ духыну дыхуейт: Адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ, Си псэм ухэлъщ уэ, си гур пхуосакъ. Лъэпкъыр кIэдыну сфIощIри сошынэ, Зэхэзмыхыжу щытмэ уи макъ.
Дыгъэр хуабэншэм - дыгъэжкъым. Блэнщ ар, мы щIыр кIэрахъуэху. Лъэпкъ макъамэншэр - лъэпкъыжкъым Псэу - Iуащхьэмахуэ псэуху.
Насып къызетыр сэ уи уэрэдым - Си лъэпкъ гурыщIэм и бзэр уэращ. Зы зэман гуэрым уэ усфIэкIуэдым - Ди къыр пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.
Уэ хьэгъуэлIыгъуэм ущыбзэрабзэм, Ди Iуащхьэмахуи и бзэр къеутIыпщ. Уэращ и анэр гурыщIэ къабзэм,- Еуэ удж пыхум хъухукIэ нэхущ.
Уэ уи макъамэр нэIусмэ уафэм Вагъуэ нэгъунэ ящI ислъэмей. Ди дыгъэр блэхукIэ еуэ уи къафэм,- Уэрыншэу гъащIэ сэ сыхуэмей. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 13:07 →
Кулиевым и фэеплъыр ягъэувыж
15.11.2025 - 13:57 →
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу артисткэ
14.11.2025 - 11:56 →
И лэжьыгъэм иринасыпыфIэщ
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
| ||



