Бжьыхьэ нэщхъей…

Новеллэ
ГъукIэ-Мэремэкъул Маринэ и къалэмым къыщIэкI Iуэтэжхэр теухуащ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэ Iуэхугъуэхэм. Абы и тхыгъэхэмкIэ ди нэгу къыщIигъэувэж теплъэгъуэхэм цIыху гъащIэм нэхъ куууэ дыхагъаплъэ, дыкъэзыухъуреихьхэм нэхъ набдзэгубдзаплъэ дыхуащI. «Бжьыхьэ нэщхъей…» новеллэмкIэ а лъэхъэнэр щыхьэт зытехъуа зы Iуэхугъуэ къытхуеIуэтэж.
И гъэтIылъыгъэ бейхэр зэрылъ матэр иIыгъыу, хуэмурэ бжьыхьэр къалэм къыдохьэ. Ар щтэIэщтаблэщ, щымщ, зыми зыкъримыгъэлъагъун папщIэ къызэрыкIуэри жэщущ. 
Хьэуэ, ар езыр нэщхъыфIэщ, гъэщIэгъуэнщ, бейщ, ауэ мы щIыпIэм дежкъым… Мы къалэм ар щохъу щэху. Бжьыхьэр мэукIытэ, мэгузавэ, къызыхуэкIуэ цIыхухэм я пащхьэ зэрихьэнум йогупсыс. Ахэр мы къалэм дэубыда зэрыхъуар езым и къуаншагъэу къелъытэж. 
Гъуэгу теувэжыну зызыгъэхьэзыра гъэмахуэр абы гуапэу къыпожьэ:
- Уа, Бжьыхьэ бей, укъэса?! - къыщогуфIыкI ар.
- Хъунщ, хъунщ, кхъыIэ, хуэму, - зиплъыхьурэ жэуап етыж бжьыхьэм. 
Ар дыгъум ещхьщ, къаубыдынкIэ шынэ хуэдэщ, щIэукIытэн къуаншагъэ бгъэдэмылъми, и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыж. 
- Мыпхуэдизу умынэщхъей, - йохъурджауэ абы гъэмахуэр. - Апхуэдэу къэхъун хуейуэ иухати, къэхъуащ. Уэ сыт уи лажьэ?! Илъэс тIощIым щIигъуащи, умыгъыу зэ укъэкIуакъым! 
- Аращ, ауэ… - и псалъэхэр IэщIоху бжьыхьэм.
Ар гупсэхуу йоплъэ къалэдэсхэм я нэкIухэм. Мес Сашэ, Оля, Витя, Катя, Беслъэн, Къаплъэн, иджыри сабий Iэджэ, Iэджэ. Ахэр гъэ еджэгъуэщIэм хуэхьэзырщ, тхылъылъэ щIэрыпсхэр яIыгъыу школым къэкIуащ. Мы дунейм сыт къэхъункIэри хъунур?!
Ауэ бжьыхьэм фIы дыдэу ещIэ, бзаджагъэ зигу изылъхьа цIыхум и зэранкIэ дунейм гуауэшхуэр щыубгъуа зэрыхъуфынур. Абы щыгъупщакъым сабий нэпсым и гуащIагъри, анэ насыпыншэм и гузэвэгъуэм и пщтырагъри. 
Мы къалэдэсхэр иджыпсту щэхущ, ауэ дэтхэнэ зыми и макъыр бжьыхьэм и тхьэкIумэм иуакъым. Псалъэмакъ гуауэ щыIахэм я щыхьэтщ ар.
- Мамэ, дапщэщ дерсхэм щыщIадзэнур?!
- Куэд мыщIэу, си щIалэ цIыкIу…
- Мамэ, хэт сымэ мы цIыхухэр?! Зыхуейри сыт? 
- Мыр псори джэгукIэ хьэлэмэту аращ, умыгузавэ, куэд мыщIэу унэм дыкIуэжынущ…
- Мамэ, псы схуолIэ…
- ТIэкIу зыхуэгъэшэч, тIасэ…
- Мамэ, унэм сыкIуэжыну сыхуейщ…
- Куэд мыщIэу дыкIуэжынущ…
- МахуитI хъуауэ къызжыбоIэ ар, ауэ дыкIуэжыркъым…
- Мамэ, умыгъ, афIэкIа сыноупщIынкъым, щэхуу сыщысынщ…
- Мамэ, Iеищэу псы схуолIэ…
- ТIэкIу иджыри зыхуэгъэшэч…
- Схуэшэчыжыркъым, мамэ…
- Иджыри тIэкIу, сынолъэIу… 
- Хъунщ, мамэ…
- Си щIалэ, зыри жыпIэжыркъыми?! Умыгузавэ, куэд мыщIэу унэм дыкIуэжынущ…
- Сыгузавэркъым, мамэ…
Бжьыхьэм ещIэ фIы дыдэу, зэанэзэкъуэм я унэм зэрамыгъэзэжар. Ар сытым хуэдэу яхуэгузавэрэт абыхэм?! И нэпсхэр кърикIыхырт, нэгъуэщI мыхъуми, псы Iубыгъуэ яхуэхъунщ, жиIэу. Ауэ, зыри сэбэп хъуртэкъым. Бжьыхьэр увыIэгъуэ имыIэу гъырт, нэщхъейт, цIыхухэри псы хуэлIэрт. 
МахуищкIэ зэхуэщIауэ щыта школым и бжэхэр щызэIуахари ещIэж абы! Ар ежьэрт гуфIэжу къыщIэжыну сабийхэм. Ауэ, гуауэм и уэзджынэр школым къыщеуэри, цIыхухэм я гур мафIэм хуэдэу илыпщIащ. Бжьыхьэм къижыхьырт гужьеяуэ! ДэнэкIи нэсыну хэтт! Ауэ сыт и Iэмалт?! Ажалыр и дауэгъути, пэлъэщакъым… 
Псэ къабзэхэр мелыIычу зэрылъэтэжам и щыхьэт хъуа бжьыхьэм и щхьэр занщIэу тхъуащ, нэхъ гу махи хъуащ. Япэм гуфIэгъуэрэ сабий макъкIэ къыпежьэу щыта къалэм иджы ар къызэрыригъэблагъэр щэхуущ. Аращи, «Зыщыгъэгъупщэ» жевмыIэ абы. Ар къэкIуэн хуейщи, къокIуэ, къэкIуэхукIи - магъ…

Поделиться:

Читать также: