Шыхулъагъуэр зи лъэужьЗэи мыкIуэдыжын лъэужь къыхинащ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ди литературэм и тхыдэм, зауэ нэужьым абы и гуащIэр нэхъ ин хъуамэ, ар зи фIыщIэхэм ящыщщ Iэдэм. Абы и тхыгъэхэм я пщIэмрэ я мыхьэнэмрэ зэи кIащхъэ щыхъунукъым ди литературэм. Абы хуищIа хэлъхьэныгъэм теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр. «Къэбэрдей усакIуэ гъэщIэгъуэн, прозаик гъуэзэджэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ди литературэм илъэс хыщIым нэблагъэкIэ щылэжьащ, цIыху ныбжьым ехьэехуэ а зэманым абы и Iэдакъэ къыщIэкIам я цIэ къудей къыпхуиIуэнукъым, ахэр тхылъ зыбгъупщIми пхуигъэзэгъэнукъым. Я пщIэр, мыхьэнэр къалъытэри, ди хэку иным ис лъэпкъхэм я бзэкIэ, хамэ къэралыбзэ зыбжанэкIэ абы и тхыгъэ Iэджэ зэрадзэкIахэщ, анэдэлъхубзэрэ урысыбзэкIэ къызэрыдэкIахэм уакъытемыувыIэми. Зыщыпсэу зэманым, екIуэкI гъащIэм куууэ щыгъуазэ, фIыуэ хэзыщIыкI, абы щекIуэкI IуэхущIафэ псоми жыджэру хэта, абы и щытыкIэ нэсыр къызэтегъэувыIэныр, художественнэ образ нэскIэ къэгъэлъэгъуэныр зи пщэ дэзылъхьэжа тхакIуэм и тхыгъэ псоми зи гугъу щыщIар, узыIэпашэу, уатхьэкъуу къыщыIуэтэжар зауае емынэм иужькIэ къыдплъхуахэр зыхэта лъэхъэнэ зэIумыбзырщ, лъэпкъым и цIыхухэм псэемыблэж лэжьыгъэ мытынш ирахьэкIарщ, зэхэщIыкI, гупсысэ яIарщ, Iуэху еплъыкIэ зытетарщ, цIыхугъэ нэс, нэмыс лъагэ, гугъапIэрэ хъуэпсапIэ IэфIу яхэлъахэрщ И хэкур зэхэгъэкIыпIэ хьэлъэм щыхэхуам зи гъащIэ гъуэгур убзыхуныр къызыхуихуа, зэфIэкI зэхуэмыдэ гъунэжкIэ Тхьэр зыхуэупса ныбжьыщIэм IэщIагъэ хуэхъуныр къыхухэмыхыу куэдрэ елIэлIащ - абы пасэу къуажэ еджапIэм щыщIэсахэм къыщегъэжьауэ Iэпэгъу хуэхъуат усакIуэм и Iэщэ шэрыуэ къалэмри сырэтыщIым и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэри. Абы и щIыIужкIи бгъэдэлъ къару мыкIуэщIыжым къигъэгушхуа щIалэр куэд щIауэ спортми итхьэкъуат, зэфIэкI инхэр зэриIэр абыи щигъэнэIуакIэт. ГуитIщхьитIыгъэ хэмылъу щIэныгъэм и гъуэгу нэхури усыгъэ лэжьыгъэ мытыншри къыхихынымкIэ, а тIур IэщIагъэ хуэхъунымкIэ щIалэщIэм чэнджэщэгъу пэжу иIари, дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуфари и шынэхъыжь махуэ ЩоджэнцIыкIу Алийщ, а илъэсхэм зи цIэр лъахэм хэIущIыIу щыхъуарщ. И сабиигъуэм къыщегъэжьауэ зи къуэшым и тхыгъэ щIэщыгъуэхэр, зыми емыщхьхэр псэкIэ абы зэрилъэгъуари, абыхэм я жьауэм зэрыщIэувари, щапхъэ ахэр зэрыхуэхъуари гурыIуэгъуэщ, ахэращ а щIалэр хуей-хуэмейми, усыгъэм и гъуэгу мытыншым хуэзышар, тезыгъэувар. И щIалэгъуэм зытхьэкъуа а IэщIагъэм лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъукIэ емыпцIыжу Iэдэм бгъэдэтащ, а зэманым къриубыдэуи нэгъуэщIхэм я уэрэдым дежьууныр, я гупкIэм исыныр къигъанэщ, IэщIыб ищIри, езым и лъагъуэ лъэпкъ усыгъэм щыпхришащ, зыми емыщхь, адрейхэм къащхьэщыкI и хъэтI, и тхэкIэ зэригъэпэщынри хузэфIэкIащ. УсакIуэм и Iэдакъэм къыщIэкIа и усэхэмрэ поэмэхэмрэ адыгэ усыгъэм и хэлъхьэныгъэщ, абыхэми зыкъомкIи я фIыгъэщ, зауэ нэужь лъэхъэнэм ехъулIэныгъэ хьэлэмэт зыIэригъэхьахэри. А тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэрщ Iэдэм усакIуэцIэ лъапIэр къыхуэзыхьари, лъэпкъым и цIыхухэм я гум IэфIкIэ къинэныр, адыгэ усыгъэм увыпIэ лъагэ щиубыдыныр, игъэбжьыфIэу абы ар хэтыныр зи фIыгъэри. Творческэ лэжьакIуэ куэдми ещхьу, тхэн щыщIидзам ЩоджэнцIыкIу Iэдэм нэхъ дэзыхьэхыу и нэIурыту щытар усыгъэрщ, абы ар хуэпэжащ зэманыфIкIэ. Ауэ лъэпкъ литературэм адрей и жанрхэми Iэмал имыIэу зэрыщызаужьын хуейм егупсысами е лIыпIэ зэриувам, нэхъ куууэ гъащIэм хищIыкI зэрыхъуам, ар нэхъ ехьэжьауэ, зыубгъуауэ къэгъэлъэгъуэным зэрыхуэхьэзырыр къыгурыIуэжами, усакIуэр адрей жанрхэми и къару, и зэфIэкI щоплъыж, нэхъ тегушхуауэ абыхэм языхэзри къигъэсэбэпу щIедзэ. ИужькIэ белджылы зэрыхъуащи, а жанрым зэманышхуэкIэ ирилэжьа хуэдэ, екIуэкI гъащIэм фIыуэ зэрыщыгъуазэри, жиIэн зэриIэри, художественнэ Iэзагъ хэлъу ахэр къызэриIуэтэфри абы наIуэ щищIар прозэрщ. УсакIуэм и япэ тхыгъэ «Софят и гъатхэр» къэбэрдей прозэм, Семен Липкинми зэрыжиIащи, гъатхэ махуэу къыхущIэкIащ, абы и деж къыщожьэ зэман кIэщIым лъэпкъ прозэм ехъулIэныгъэ хьэлэмэт къизэуахэр. Дунейм къызэрытехьэу апхуэдизу тхылъеджэхэм я гум, я псэм дыхьати, ар анэдэлъхубзэкIэ зэкIэлъыкIуэу мызэ-мытIэу къыдэкIащ, нэгъуэщI лъэпкъыбзэ зыбжанэкIэ занщIэуи зэрадзэкIащ. Ар зи фIыгъэри а тхыгъэ хьэлэмэтым пэжагъ къыщыIуэтарщ, образ телъыджэ щызэфIэгъэувахэрщ, узыIэпызышэ къару абы щIэлъырщ, и бзэм и къулеягъырщ, къабзагъырщ. КъыщыIэта Iуэхухэм я кууагъ, хэт образхэм я пэжагъ, зэфIэкI ябгъэдэлъхэм, ухуэкIэ-гъэпсыкIэ нэс игъуэтам тепщIыхьмэ, тхакIуэм япэрей и повестым къыкIэрыхуркъым иужьыIуэкIэ дунейм къытехьа абы и тхыгъэ цIэрыIуэ «Уи цIэ фIэсщынщ» жыхуиIэри. ТхакIуэр и къарум щеплъыжащ литературэм нэгъуэщI и жанр куэдми, Iэзагъышхуэ хэлъу абы иригъэзэгъащ лъэпкъ зыбжанэм я усакIуэ инхэм я тхыгъэ хьэлэмэтхэр, и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ IуэрыIуатэм, творческэ лэжьакIуэ зыбжанэм ятеухуа лэжьыгъэхэр, абыхэм языхэзри лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэщ, фэеплъ мыкIуэдыжуи абы и тхыдэм къыхэнащ. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и цIэ лъапIэр лъэпкъ литературэм къыхэнащ, абы и зыужьыныгъэм зи псэ емыблэжу телэжьа и бын пэрытхэм ар ящыщ зыщ. УсакIуэ гъуэзэджэм и лъэужьыр махуэ хъуащ, мыкIуэдыж Шыхулъагъуэу ар лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ».
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 13:07 →
Кулиевым и фэеплъыр ягъэувыж
15.11.2025 - 13:57 →
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу артисткэ
14.11.2025 - 11:56 →
И лэжьыгъэм иринасыпыфIэщ
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
| ||



