Литературэм зиужьын папщIэ

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин и фэеплъ дунейпсо литературэ зэпеуэ екIуэкIащ. «Тхылъ къызэIуха» зэпеуэр къызэригъэпэщащ икIи литератор цIэрыIуэхэр къэпщытакIуэу къыхишэри иригъэкIуэкIащ тхакIуэ, усакIуэ, кинорежиссер, кинопродюсер Бэлагъы Любэ Хьэзрэталий и пхъум.

Любэ зыхуигъэувыжа мурадыр къехъулIащ. Литературэм зигу хузэIухахэр, адыгэбзэкIэ тхэхэр, адыгэхэм папщIэ литературэ IэдакъэщIэкI зиIэхэм я нэхъыфIхэр утыку къришэну, я цIэр дуней псом щигъэIуну арати, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр, драматургхэр, публицистхэр хэтащ зэпеуэм. Израилым, Тыркум, Краснодар крайм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэн Республикэм щыщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр кърагъэхьащ. Гуапэ пщымыхъуу къанэркъым урыс, ермэлы, шэшэн, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэм адыгэхэм усэхэр, Iуэтэжхэр, поэмэхэр зэрытраухуар. Апхуэдэуи зэпеуэм къигъэлъэгъуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэр къызэрытщIэхъуэр. Абы хэтащ курыт еджапIэм щIэс щIалэгъуалэри.

Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым я нэхъыщхьэу зэдэлэжьащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я журналист, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, ЩIДАА-м и вице-президент, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием, УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ тхакIуэ, усакIуэ, сценарист, Урысейм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм, Кинематографистхэм я союзхэм, ПЕН-клубым хэт, Урысей тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ секретарь Василенкэ Светланэрэ. КъэпщытакIуэ гупым хэтщ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, Адыгеим и литераторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АРИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Къуиикъуэ Асфар, тхакIуэ-публицист, журналист, редактор, лъахэхутэ, УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм хэт, тхылъ тедзапIэм и къызэгъэпэщакIуэ, унафэщI Котляров Виктор, публицист, зэдзэкIакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я союзхэм, Кавказ тхакIуэхэм я клубым хэт, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым, УФ-м и Журналистхэм я союзым хэт, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, тхакIуэ, литературовед, критик, тхыдэдж, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Серебряные сверчки» журналым и къызэгъэпэщакIуэ, «Литературные знакомства» журналым и редактор нэхъыщхьэ Звонаревэ Лолэ, усакIуэ, тхакIуэ, критик, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт, литературэ консультанту абы щылажьэ Брегман Марие, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Бэлагъы Любэ сымэ.

 - «Тхылъ къызэIухар» зытеухуар Къандур Мухьэдин къызэринэкIар хъумэнырщ, адыгэ щэнхабзэм зегъэужьынырщ, адыгэ литературэм и пщIэр къэIэтыжынырщ, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Ди гуапэ хъуащ, тхэн щIэзыдза ди лъэпкъэгъухэм, адыгэбзэр зи гум нэс, зи псэм хэлъу къэтэдж щIалэгъуалэм я тхыгъэхэр къызэрытхурагъэхьар. Нэхъ гуапэж тщыхъуащ хамэ лъэпкъхэм, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр къызэрытIэрыхьар. А псоми гугъэ уагъэщI, адыгэ литературэм къэкIуэн дахэ зэриIэмкIэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, лэжьыгъэ 60-м щIигъу къытIэрыхьащ. Абыхэм хуабжьу набдзэгубдзаплъэу хэплъащ къэпщытакIуэ гупым хэт, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ литератор гъуэзэджэхэр.

КъаIэрыхьэ псоми япэщIыкIэ къеджащ Эксперт гупым хэтхэр. Абыхэм къыхаха лэжьыгъэ 27-м хэплъэжри, текIуахэр ягъэбелджылащ Урысейм, адыгэ зэрыс хэгъэгухэм щыщу бзэм, литературэм телажьэхэм. Нобэ щыщIэдзауэ утыку къыдохьэ, фIым я нэхъыфIу къыхэтха цIыху 15-м я цIэ-унэцIэр. Абыхэм яхэтщ усакIуэхэр, тхакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр, драматургхэр, публицистхэр, дамыгъэ нэхъыщхьэкIэ дгъэлъэпIэнухэр, щIыхь тхылъ зыхуэдгъэфэщэну ныбжьыщIэхэр. Урысейм, адыгэм я тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм пщIэ хуэзыщIхэр, а зэхущытыкIэфIхэр псалъэкIэ къэзыIуэтэфхэр зэрыщыIэр иджыри зэ хьэкъ ищIащ мы зэпеуэм. ФIыщIэ яхузощI си мурадыр къыздэзыIыгъа псоми, къэпщытакIуэ гупым хэтахэми», - жеIэ Любэ.

Урысейм и Президентым и грантыр и щIэгъэкъуэну Бэлагъы Любэ иригъэкIуэкIа дунейпсо зэпеуэр унэтIыныгъэ зыбжанэу гуэшауэ щытащ: прозэ, усыгъэ, зэдзэкIыгъэ, драматургие, публицистикэ. Дэтхэнэ Iыхьэми щынэхъ лъэрызехьэхэр къыхахащ, увыпIэхэр ягуэшащ. ДяпэкIэ я мурадщ абыхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэ къыдагъэкIыну, абы къищынэмыщIауэ, Урысейм и литературэ къыдэкIыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм къытрадзэнущ къэпщытакIуэхэм нэхъыфу къалъытахэр.

ТекIуахэр 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-15-хэм Сочэ щагъэлъэпIэнущ. А зэIущIэм утыку къыщрахьэнущ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIыну тхылъыщIэри. ЗэIущIэм къеблэгъэнущ хьэщIэ лъапIэхэр, литературэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ лэжьакIуэшхуэхэр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: