Цыджанхэм я тхыдэр

Урысейм дызэрыт зэманым цыджан 200 000 щыпсэууэ къалъытэ, ауэ а бжыгъэр фIыуэ хуэгъэфэщащ, сыту жыпIэмэ, цыджанхэр къыхэтхыкIыныгъэхэм  щыхэмытыр нэхъыбэщ.  Абы ищIыIужкIэ,  шынэурэ нэгъуэщI лъэпкъыу зезыгъэтхахэр гъунэжщ.

Къэралым и тхыдэ напэкIуэцI зыхэдмыщIыкIхэм яхыубжэ хъунущ 1933 гъэм цыджанхэр Мэзкуу къыдагъэIэпхъукIауэ зэрыщытар.  ЗэрыжаIэмкIэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар 1930 гъэхэм гъаблэшхуэ дуней псом зэрыщекIуэкIарщ. Езыхэр зэрызэджэж «рома» лъэпкъым а илъэсыр ягу къинэжащ леишхуэ къазэрытехьамкIэ. Цыджанхэр хуит ящIыртэкъым Мэзкуу, Бытырбыху хуэдэ къалэшхуэхэм километри 100  нэхърэ нэхъ пэгъунэгъуу щытIысыну. ЗдагъэIэпхъуэр езыхэм я закъуэ хухаха  КъухьэпIэ Сыбырым щыщ къуажэхэрт.

Махуэ 12-кIэ  екIуэкIащ  цыджанхэр щраша  махуэхэр. 1933 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м Iуэхур зэфIэзыгъэкIа къулыкъущIэм  къалэныр зэригъэзэщIамкIэ  ОГПУ-м и унафэщI  Ягодэ Генрих  хуитхырт: «Хъыбар узогъащIэ  мэкъуауэгъуэм  и  28-м  зыщIэддза цыджанхэр Мэзкуу дэгъэIэпхъукIын Iуэхур бадзэуэгъуэм и 9-м зэрыдухамкIэ. А пIалъэм  къриубыдэу  унагъуэ 1008-рэ, цIыху 5470-рэ, абыхэм ящыщу цIыхухъуу 1440-рэ, цIыхубзу 1506-рэ, сабийуэ 2524-рэ дгъэIэпхъуащ. А псори Томск пэгъунэгъу  лэжьакIуIэ поселокхэм  къызыхэкIа лъэпкъым елъытауэ щыдгъэтIысащ».

 Къэралым щыщ адрей цIыхухэми ещхьу, цыджанхэми лей нэхъ ин къащытехьауэ къалъытэр 1937 гъэрщ. Мин пщIы бжыгъэхэм щхьэусыгъуэ къыхуалъыхъуэн хуейуэ къамылъытэххэу, зэрыцыджан къудейм щхьэкIэ, «узыхуэсакъыпхъэхэм» хабжэрти, суди трамыщIыхьу, занщIэу тутнакъэщ лагерхэм яшэрт. 1926 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм ипкъ иткIэ  цIыджанхэм я бжыгъэр 6000 хъууэ щытамэ, 1937 гъэм  ирихьэлIэу къэнэжар  мини 2,2-рэ къудейт. Ари ябзыщIыжри, пэжыр къыщыщIэщар 1990 гъэрщ. 

Я къежьапIэкIэ цыджанхэр Индием щыщ лъэпкъыу къалъытэ. Езыхэр щыпсэу щIыпIэм  елъытауэ  зэмыщхьу  зоджэж. Къафэр, джэгу, уэрэдыр, театрыр цыджанхэм я лъым хэту къалъху. ЗэрыжаIэмкIэ, дунейм щыцIэрыIуэ лъэпкъ къафэ куэдым я лъабжьэр  цыджанхэм я щэнхабзэм къыщожьэ, псалъэм папщIэ, фламенкэ  къафэм. Балъкъэн лъэпкъхэм я уэрэд макъамэхэри апхуэдэщ. Куэдым яцIыху Урысейм илъэс 75-рэ хъуауэ щылажьэ, Сличенкэ Николай зи унафэщI цыджан театрыр.  Абы хэтт артист 70.  Зэман дэкIри,  Вахтанговым  и цIэр зезыхьэ театр училищэм  цыджан студие къыщызэIуахащ.

ЕджапIэ щIэсу, лэжьапIэ Iуту щумылъагъукIэ, лъэпкъым дзыхь хуэпщIыну гугъущ, дауи, аращ сыт хуэдэ къэрали цыджанхэр гугъу щыщIехьыр. Ауэ ди хъуреягъкIэ лъэIуакIуэрэ куэзырыдзрэ фIэкIа зэрыщыдмылъагъум къикIыркъым мы лъэпкъым цIыху зызыузэщIа къахэмыкIауэ. Ахэр ди щIыпIэм имысу аркъудейщ. А гупсысэм  и щыхьэту 1979 гъэм  Бланк Александр  игъэува  «Цыджан» фильмым нэхърэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым. СССР-м цIыхуу исым цыджанхэм ятеухуауэ яIэ гупсысэр ихъуэжауэ щытащ а лэжьыгъэ телъыджэм.

 Дэтхэнэ лъэпкъми  хуэдэу, цыджанхэм  лъэIуакIуэ, дыгъу, фадащэ зэрахэтым къыдэкIуэу, щIэныгъэ  зыбгъэдэлъ  интеллигентхэри, цыджан щэнхабзэр хъумэным  зи  гуащIэ тезыгъэкIуадэ IэщIагъэлIхэри я куэдщ.  2005  гъэм  «цыджан барон» зыфIэзыщыжа, Молдавием щыпсэу  Черарь Артур  и лъэпкъэгъухэр зэщIикъуэу «Цыджан  пащтыхьыгъуэ зэкъуэт» иухуэну  хэтащ. АрщхьэкIэ, жыжьэ нэсакъым.  

ИпэжыпIэкIэ цыджанхэм  зэи  езыхэм я къэралыгъуэ яIакъым, ауэ сыт щыгъуи  я лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм  зэкъуимыгъэхуу игъэпсэуащ. Ара къыщIэкIынщ абыхэм  я къарур къыздикIыр. Сыт хуэдэ къэрал щыпсэуми, лъэпкъым и хьэлым зимыхъуэжу и цIыхур къихъумэрт. Зы лъэныкъуэкIэ, абы цыджанхэм «лъэпкъ хуит» цIэ лейр къакIэригъэпщIащ, ауэ ардыдэм къыхэкIкIэ,  лэжьапIэ щамыгъуэтыр нэхъыбэщ, псоми афиян ящэ хуэдэ щIатеукIари арагъэнщ.

НобэкIэ  Урысейм цыджан 200 000 фIэкIа имысу жаIэ щхьэкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Сличенкэ Николай а бжыгъэр фIыуэ хэгъэщIауэ къелъытэ. Кърым къудейр къапщтэмэ, абы щыпсэу цыджанхэм я нэхъыбэр тэтэру ятхащ. Европэм  мелуан 40-м нэс ису къалъытэ, Индием – мелуан 300-м нэс.

 

   ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

Читать также: