Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ
Адыгэ лъэпкъым и щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ тхылъ Iущхэр. Ди тхыдэм, хабзэ-щэнхабзэм, анэдэлъхубзэм, лъэпкъылIхэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа тхылъхэр къыщыдокI ди къэралми адыгэр щикъухьа нэгъуэщI щIыпIэхэми. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, илъэс куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд 2006 гъэм къыдигъэкIа «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» тхылъыр ящыщщ ди хъугъуэфIыгъуэхэм, нэпсейуэ щIэдджыкIын хуейхэм. Сыту жыпIэмэ, мыбы и напэкIуэцIхэм дыщыIуощIэ гум зэхуэмыдэурэ зызыдищI Iуэхугъуэхэм, лъэпкъым и тхыдэ жыжьи, и гуауи, и гуфIэгъуи, и гъащIи, и гушыIэкIи, и хабзэ-бзыпхъи дыкъыщоджэ. Тхылъым щызэхуэхьэсащ хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу тхакIуэ, усакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэр, хамэщI щыпсэу ди къуэшхэм къаIуэтэжа куэд. Уи гур хощI хэхэс усакIуэхэм я сатырхэм укъыщеджэкIэ, уэрэду ятхыжахэм ущрихьэлIэкIэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ усакIуэри зыгъэусэр гукъеуэщ, Хэкум зэрыпэIэщIэмкIэ зэрымыарэзырщ. Щхьэхуэу укъытевыIэну, къытебгъэзэжурэ утепсэлъыхьыну хуэфащэщ хэхэс IуэрыIуатэр къыщыхьа Iыхьэм. Мыбдеж ит IуэрыIуатэ тхыгъэхэм, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм къахыболъэгъукI ди лъэпкъ хабзэм нэхъ дахэ зэрыщымыIэр, а хабзэм пыщIа Iуэхугъуэхэм я телъыджагъыр. IуэрыIуатэ тхыгъэхэм укъыщеджэкIэ гу зылъыптэхэм ящыщщ адыгэм и гушыIэкIэ дахэри, а гушыIэкIэр хабзэм зэрыдэхъури. «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» тхылъым ит IуэрыIуатэ тхыгъэ зыбжанэ федгъэджэну дыхуейщ. Ахэр «Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ» Iыхьэм къыхэтхащ. ГУГЪУЭТ Заремэ. АдыгэкIэ узэджэ хъунур? Зы хьэщIэщ дисти, зылI и псалъэм къыхэхуэ зэпытт: «Адыгэ! Адыгэ! Адыгэм хуэдэ щыIэ ?! - жиIэурэ. - Хэт адыгэкIэ узэджэ хъунур?- сеупщIащ, и жьэр щымыувыIэм. Зы къэбэрдей къытхэсти, абы къыхедзэ: - Къэбэрдейращ адыгэкIэ узэджэ хъунур! - Шапсыгъращ адыгэр! – идакъым шапсыгъым. Абазэхэм жиIащ: - Абазэхэращ адыгэр! - Хьэтыкъуейращ адыгэр! – жиIащ хьэтыкъуейм. Зы нэхъыжь къытхэсти, псоми я псалъэм едэIуа нэужь, мыр жиIащ: - ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и хъыбар зыщIэр – ар зы; хэкум дыщисам щхьэж и жылэ здисар зыщIэжыр – ар тIу; лIэужьыр бжьиблкIэ мауэри, ебланэ лIэужьым нэс къызжезыIэр - ар щы; Сосрыкъуэ щхьэкIэ «лъапэкIэрыхъ-жэмыхъуэрылъху» щIыжаIэр зыщIэр – ар плIы. Мис а плIыр зыщIэращ адыгэкIэ узэджэ хъунур. А плIыр къызжефIэмэ, фыадыгэщ. Къэбэрдейми, шапсыгъми, абазэхэми, хьэтыкъуейми я жьэр яубыдащ абы иужькIэ. Гур зэрыгъум Адыгэр Тыркум къэсри (Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ), Дузджэ лъэныкъуэмкIэ яутIыпщащ: - Фи нэ къыфIэнэм деж псэупIэ фхуэхъун къыщыхэфх, - жари. Тхьэмадэхэр ежьэри, куэдрэ заплъыхьащ. Иужьым, ягу зэщыуауэ, етIысэхащ ахэр. Я щхьэр къыфIэхуауэ, хоплъэри щысщ. - Щхьэ фыхэплъэрэ? Фигу иримыхьыр сыт? – къеупщIащ тхьэмадэхэм. - Мы щIыпIэр псэупIэ тхуэхъунукъым, - ядакъым абыхэм. - Сыт щIыфхуэмхъунур? - Итырыгъу фIэкIа, пщIащэ пыту зы жыг дыщрихьэлIакъым мы лъахэм. Мыбдеж псэупIэ тхуэхъумэ, дэри аращ къытщыщIынур – дыкIуэдынущ. - Фи тхьэ фызэреплъщ, - къыжраIащ адыгэхэм. Сыт ящIэнт: абдежым щетIысэхын хуей хъуащ. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ: абдеж щетIысэхахэм къащыщIар аращ.
Ари пэжщ Зы щIалэ мэз кIуауэ къуэладжэ дыхьащ. МэзылIым Iууэри, лIыр иубыдащ. - СыутIыпщыж, - жери щIалэр мэзылIым елъэIуащ. - УзутIыпщыжынщ, псалъэ пэжищ къызжепIэмэ, - къыпиубыдащ мэзылIым. - БжесIэнщ. - Сыт къызжепIэн? - Уэ узыдэс къуэладжэ игъащIэкIэ сыдыхьэнкъым, - жиIащ щIалэм. - Ар зы. Узахуэщ. ЕтIуанэр-щэ? - Сыкъыдыхьэрэ сыдэкIыжамэ, игъащIэкIэ къытезгъэзэжынкъым. - Ар тIу. АбыкIи узахуэщ. Ещанэуи сыт къызжепIэн? - Си хъыбар зэхэзыха мы къуэладжэм къыдыхьэнкъым. - Ари пэжщ, - жери мэзылIым щIалэр къиутIыпщыжащ.
ЕмыкIу сыкъимыщIмэ ЩIалэ гуэр ежьащ: “Си благъэ, си ныбжьэгъу зэзгъэлъагъунщ”, - жери. И благъи и ныбжьэгъуи зригъэлъагъури, гъуэгу къытехьэжауэ къыздэкIуэжым, зы жылэ къыблэкIыжын хуейти, дидзыхащ. Жылэм лIы цIэрыIуэ гуэр дэсти, ар зригъэцIыхун мурад ищIащ щIалэм. ЩIэупщIэри, лIы цIэрыIуэм и унэр кърагъэлъэгъуащ. Куэбжэм Iухьауэ, зы пщащэ къыIущIащ: - Еблагъэ, ди хьэщIэ, - жери. Пщащэр къэIэбащ, шыр Iихыну. Шыр иритакъым. - Фи шэщыр сыгъэлъагъу, - жиIащ щIалэм. Шыр шэщым щIигъэзагъэри, хьэщIэщым ихьащ щIалэр. Бащлъыкъыр зыщхьэрихри, пщащэм иритащ, щIакIуэри иритащ, щIопщри Iихыну къэIэбати, щIопщыр иритакъым. ЩIопщыр езым блыным фIидзащ. Пщащэр хьэщIэщым икIыжри, и адэм деж щIыхьащ. И адэм зигъэсымаджэти, хэлът. - ХьэщIэ диIэщ, ди адэ, - жиIащ пщащэм. - ХьэщIэ диIэмэ, хъарзынэкъэ, си хъыджэбз, - къыжриIащ и адэм. - ХуэпщафIэ, Iэнэ хуэхьи, гъэхьэщIэ. ЩIопщыр зэрыпилъар зэгъэлъагъуи, къызжеIэж. ХьэщIэщым тригъазэри, щIалэм щIопщыр зэрыпилъар зригъэлъэгъуащ пщащэм. - ЩIопщыкIыр IэнэмкIэ гъэзауэ, щIопщыщхьэр бжэмкIэ гъэзауэ пилъащ, - жери пщащэм и адэм хъыбар хуихьыжащ. - Абы щыгъуэ ар щысын хьэщIэкъым, шхын хьэзыр диIэмэ, Iэнэ хуэхь, - къыжриIащ лIым и пхъум. - Iэнэр пхьауэ хьэщIэщым укъыщикIыжкIэ, пIэм илъ щхьэнтэр къэублэрэкI. Iэнэр хьэщIэщым ирихьэри, къыщыщIэкIыжым, пIэм илъ щхьэнтэр иублэрэкIащ пщащэм. - Фи унэ сымаджэ илъ? - къеупщIащ щIалэ хьэщIэр, пщащэм щхьэнтэр щIиублэрэкIар къыгурыIуэри. - Ди адэр сымаджэу хэлъщ, - жиIащ пщащэм. - Фи унэ сымаджэ щилъкIэ сэ Iэнэм сыбгъэдэсынкъым. ЕмыкIу сыкъимыщIмэ, фи адэм деж сихьэнурэ сыщIэупщIэнущ, - къэтэджыжащ щIалэр. ЩIалэм и псалъэр пщащэм и адэм хуихьыжащ. - Ар цIыху къилъхуащ, адыгэм игъэсащ, кърекIуи, къысщIреупщIэ - емыкIу сщIыркъым, - жиIащ лIым. ЛIы цIэрыIуэм деж ихьащ щIалэр. - Уи ныбжь Тхьэм иригъэкъу, си щIалэ, арэзы сыкъэпщIащ, - жиIащ лIым. - ХьэщIэщым гъэзэжи, ди ерыскъым хэIэбэ. ЛIы цIэрыIуэр зригъэлъагъущ, я ерыскъы зыIуигъахуэри, щIалэр ежьэжащ, зэман дигъэкIри, лIы цIэрыIуэм и пхъум лъыхъуащ. ЛIы цIэрыIуэм и пхъур щIалэ Iущым къритащ. Шууэ хьэдрыхэ мэкIуэж Зы лIыжь, и ныбжь нэсри, дунейм ехыжащ. Ар зэры¬лIар щызэхихым, зэман дигъэкIри, щIалэ бзаджэ гуэр къежьащ. Бысымыр щымыIэу зрыригъэхьэлIэри, щIалэ бзаджэр зи тхьэмадэ лIа унэгуащэм деж еблэгъащ: - ХьэщIэ къихьэмэ, фи гуапэкъэ? - жери. - ХьэщIэ зи жагъуэ щыIэ! Еблагъэ! - гуфIащ унэгуащэр, Iэни къыхуищтащ. ЩIалэр шхэуэ здэщысым, унэгуащэр къеупщIащ: - Дэнэ укъикIрэ, ди хьэщIэ? - Хьэдрыхэ сыкъокI, - жиIащ щIалэм. - Дызыхуейуэ укъэдгъуэтащ, - гуфIащ унэгуащэр. - Си тхьэмадэжьыр нэгъабэ лIащ. Хьэдрыхэ ущримыхьэлIауэ пIэрэ? И хъыбар пщIэрэ? - СощIэ, - жиIащ щIалэм. - Махуэ къэси солъагъу. - Сыт и хъыбар? Жэнэтым нэсакIэ си тхьэмадэжьыр? - Жэнэтыбжэм Iутщ. Жэнэтым щIагъэхьа щIыкIэкъым, - жэуап иритыжащ щIалэм. - Сыту пIэрэ къыдагъуэр? - гузэващ унэгуащэр. - Дыщэ хущощIэ, нэгъуэщI къыдагъуэркъым. - Дапщэ зыхущыщIэр? - Мыпхуэдиз, - жери зыхущыщIэр жриIащ. - НтIэ, щIалэфI, дыщэ тIэкIу диIэщи, хуздэхь. Си тхьэмадэжьым щхьэкIэ дызэблэн щыIэкъым, - жери унэгуащэм дыщэ къритащ щIалэм. - Хуздэсхьынщ, Iэрызгъэхьэжынщ. Зыхуейр зыIэригъэхьэри, щIалэр ежьэжащ. ЩIалэр ежьэжа къудейуэ, лIыр къэсыжащ. Я дыщэр хьэдрыхэ къикIа щIалэм зэрыритар и лIым жриIащ фызым: - Уи адэр дыщэ щхьэкIэ жэнэт бжэIупэм дауэ Iудгъэтын! - жери. - -Иджыпсту езгъэжьэжа къудейщ щIалэр. - ДэнэкIэ здигъэзар? - МобыкIэ, - жери щIалэм здигъэзар къригъэлъэгъуащ. Шым зридзыжри, лIыр щIалэм кIэлъежэжьащ. ЩIалэр къызэплъэкIыурэ кIуэрти, шур къилъэгъуащ. И ужь къызэрихур къы-гурыIуэнтэкъэ! Зы щIалэ къуий вэуэ хэтти, абы бгъэдэлъэдащ дыщэр зыхьыр. - Мо шур плъагъурэ? - Солъагъу. - Къуийм теплъэ хъуркъым ар. Дэнэ щрихьэлIэми, щIопщыр трекъутэ. - НтIэ лIо сщIэнур? - къэгузэващ къуийр. Гъуэгу Iуфэм зы жыг Iутт. - Уэ мо жыгым дэпщей, сэ пхъэIэщэкIыр субыдынщ. Къуийр жыгым дригъэпщейри, езым пхъэIэщэкIыр иубыдащ. Шур къэсащ. - Лъэс гуэр блэмыкIауэ пIэрэ мыбыкIэ? - еупщIащ шур пхъэIэщэкIыр зыIыгъ щIалэм. - БлэкIакъым: укъыщилъагъум, мо жыгым дэпщеяуэ тесщ, - жиIащ щIалэм. Шур жыгым бгъэдэлъэдащ: - Къех мыдэ! - жери. - Къуийм тхьэр къеуа? Сыт си лажьэр? - жиIащ жыгым тес вакIуэ щIалэм. - Къуий сылъыхъуэркъым сэ, къех жысIакъэ! - Сынехынукъым. - Укъехынукъэ? - Хьэуэ. - Уэ пхуэфI сыхъунщ сэ, пщафэкIэ укъеслъэфэхынщи! - жери лIыр епсыхащ, шы IумпIэр щIалэм къыIэщIилъхьэри, жыгым дэпщеящ. Шым зридзри, щIалэр щIэпхъуэжащ. Сыт ищIэжынт лIым: и щхьэр къыфIэхуауэ, и унэ ихьэжащ. - Дауэ хъуа? УщIыхьа? - къыпежьащ унэгуащэр. - СыщIыхьащ, - жиIащ лIым. - Хьэдрыхэ нэс лъэсу дауэ згъэкIуэжынт: шым згъэшэсри, сутIыпщыжащ...
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:32 →
УсакIуэм и лэжьыгъэщIэ
12.12.2025 - 15:30 →
Кулиевым и сатырхэр
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
11.12.2025 - 12:00 →
Жаныкъуейхэм зэрахуэусам и хъыбарыр
09.12.2025 - 14:33 →
Хэкум ипхъу губзыгъэ
| ||




