ЛIы хахуэДэфтэрхэм яхъумащ адыгэлI хахуэр сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар... Ар Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэрщ. Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард теухуауэ щыIэ тхылъхэр мащIэщ. Ауэ абыхэм Аушыджэр щыщ адыгэлIыр къахощ Хэкум и бын пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу. Апхуэдэу ар щыдолъагъу, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Гарин Фабиян и тхылъым, 1963 гъэм Москва къыщыдэкIам, «Танкым телъ удз гъэгъахэр» зыфIищам. Абы итщ мыпхуэдэу: - Ныбжьэгъу Къардэн, уэ нэхъыфIу зыкъэдгъэцIыхут, - жиIащ Боровицкэм. ЩIым щыс сэлэтхэм къахэтэджыкIащ щIалэ къуэгъу, зи нэкIур дыгъэм къамылыфэу ижьар. Нэрылъагъут ар зэрыпIейтейр. КIэщI дыдэуи къиIуэтащ Кавказ къуршыжьхэм я лъапэм къызэрыщалъхуар, мэлыхъуэу зэрылэжьар, къалэшхуэ илъагъуну, еджэну зэрыщIэхъуэпсар. - СыноупщIыну сыхуейт, - къэIуащ Кульдин и макъыр. - Уи сыт Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуа Къардэн Къубатий? - Си къуэшщ, - жиIащ щэхуу Къэбард. Сэлэтхэр нэ гуапэкIэ еплъащ я ныбжьэгъум. Комбатым жиIэнIауэ хэтащ. Ауэ а напIэзыпIэм макъ лъагэкIэ зыгуэр къэджащ: - ПсынщIэу фи машинэхэм фитIысхьэж! Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу зауэм и мафIэр щIэрыщIэу къызэщIэнащ... Танкищэхэр, кхъухьлъатищэхэр, топищэхэр зэщIэгъуахъуэрт. МафIэм исырт машинэхэр, унэхэр, шыгу зэщIэщIахэр, цIыху куэд. Пшагъуэмрэ Iугъуэмрэ зэхэтым ярейуэ, зэуапIэр кIыфI хъуат, шэ зэмыфэгъу зелъатэхэр къыхэлыдыкIыу... Бийр зы километркIи къэкIуэтэфакъым. ИхъуреягъкIэ щыплъагъурт нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я хьэдэхэр, мафIэ бзийр зыщхьэщыт танкхэр... Къардэн Къэбард егупсысырт бийм ебгъэрыкIуэу, я быдапIэр зэрызэпхитхъыным, адрей танкхэм гъуэгу зэрахуищIыным. Машинэр зыгъакIуэр старшина Трохинт. Къардэным и танкым иужь итт Дегтярев, Бондарь сымэ зи унафэщIхэри... Бийм ди танкхэр здикIыну и гугъэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэти, абыкIэ зыщигъэбыдат, фIыуи зигъэхьэзырат. Ар къыгурыIуэри, Трохиным унафэ хуищIащ шоссем текIыу губгъуэ гъуэгумкIэ игъэшыну. Дегтярев, Бондарь сыми къащIащ Къардэныр зыхущIэкъур. Ди танкхэр лъэгумкIэ яунэтIри, къуажэм дэмыхьэу, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкIащ, зыкъагъазэри, къызэдилъащ. - Гъуэжькуийм хуэдэу, - кIиящ Къэбард, Трохиным зыхуигъазэри, - бийм дытоуэри, хьэбэсабэ дощI! Къуажэм къызэрыдэхутэу къалъэгъуащ ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ загъэзауэ танкищ щыту. Къардэныр еуэри, зым Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщыуващ. Дегтярев игъэсащ етIуанэрей танкыр. Ещанэм зыкъигъэзэну хэтащ, ауэ хунэсакъым. Абыи техуащ Къэбард и топышэр. Абдежым лъэныкъуэкIэ къыкъуэкIащ «Фердинанд» зыбжанэ. Къардэным и танкым къытелъэлъащ топышэр. Матюшкиныр уIэгъэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы хузэфIэкIащ топыр иузэдыну. Къэбард и Iэр къиIэтри, къыхэщэIукIащ - лъыпсыр къыпыжырт... - Къызэт бронебойнэр! - еджащ ар Матюшкиным. Ауэ абы зыкъигъэхъеижыфыртэкъым. И къару псори зыхилъхьэри, топышэр къищтащ, ерагъыу топыр иузэдри, нэмыцэ танкым еуащ. Матюшкиным иужькIэ джэлащ Зайцевыр. Трохиным, адэ-мыдэкIэ зригъэгъазэурэ, гъуанэу блы зиIэ хъуа танкыр ипэкIэ игъакIуэрт. Къардэным, къару телъыджэ гуэрхэр къыхыхьэжауэ, топыр иузэдурэ игъауэрт. Еянэрей топышэр къыщытехуэм, Къэбард и нэхэр щыункIыфIыкIащ, псэкIэ зыхищIащ и гур удыным зэгуиудауэ лъыр уэру зэрыщIэжыр... А напIэзыпIэм къызэхихащ Бочковскэм и танкхэри къызэрысар, фашистхэр зэрикIуэтыр... Бийм зэуэныр щигъэтри, гъэру зыкъитащ. Къуажэдэсхэр гъуанэпщIанэ хъуа совет танкым деж щызэхуэсащ. УкIыгъэ хъуа сэлэтиплIыр къыщрахым, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуэгэрт... Мыгувэу ди танкхэр япэкIэ кIуэтащ. Бийр икIуэтыжырт... Iэщэм я нэхъ лъэщыр IэщIэлъу Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыигъэлъагъуэу хэтащ Хэку зауэшхуэм. Зауэр иухыху ар къыпэрыкIакъым снайпер IэнатIэм. Архивым хэлъ дэфтэрхэм зэритымкIэ, снайперу щытыху адыгэ лIыхъужьым нэмыцэ офицеррэ сэлэту 50 иукIащ, тIу уIэгъэ ищIащ, 12 гъэру иубыдащ. ЛIыхъужьыр зауэм зэригъэунэхуар зы тхыгъэ кIэщIым къыпхуигъэзэгъэнукъым, ауэ езы Менлы и гукъэкIыж зыбжанэ къыхэдгъэщынут: «Зэхэуэр кIащхъэ хъуртэкъым. Фашистхэм я ебгъэрыкIуэныр нэхъ зэпыуащ щыжаIэм, щIытIхэм драшалIэ зауэ зымылъэгъуа щIалэ гупыр. Куэд дэмыкIыу зэхэуэм щIидзэжащ: топышэхэмрэ лагъымхэмрэ тщхьэпролъэт, пулеметышэхэр уэм хуэду къыттрагъэлъалъэ. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэри къытщхьэщыхьащи, ди щхьэхэр къыдигъэIэтыркъым. ДэнэкIи Iугъуэщ, гъуэзщ, мафIэщ… ЗэщIэфие, зэщIэгъуагэ макъхэр зыуэ зэхыхьэжащи, тхьэкIумэ Iупсыр Iуач». Менлы и тхьэкIумэхэр щиубыдыкIащ, и Iур гъущIащ, гын Iугъуэр и нэм щIэбжьэу хуежьащи и нэпсхэри къыщIож. «Жыхьэнмэ мафIи мы сыкъызыхэхуар», - апхуэдэу егупсысыну хунэса къудейт Iэуэлъауэ псори зэуэ увыIэжу и хъуреягъыр щым щыхъужам. - ЗэфIэкIа? – йоупщI Менлы и ныбжьэгъум. - Иджыщ щыщIадзэнур, умыбэлэрыгъ, – жеIэ Лисицэ. – Ауэ абы ящIэнури дощIэри, дэ тщIэнури дощIэж. – Танк къызэрагъауэ лагъымыр къэгъэхьэзыр. Лисицэ къыпыгуфIыкIыу къызэрепсалъэм и гур фIы ищIыжауэ Мусэ зызэпелъэщIыхьыж. ИтIанэ маплъэри, зы абрагъуэ гуэрхэр уэсым къыхэунэхукIхэу елъагъу. Ахэр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къохъу. Нэмыцэ танкхэр къахуокIуэ, абыхэм я къуагъым къуэту лъэсыдзэри къокIуатэ. - Фызэрыуэнум зыхуэвгъэхьэзыр, - унафэ ещI Лисицэ. Менлы лагъымыр къещтэри екъуз. Совет зауэлIхэм къахуэкIуэ танкхэр шынагъуэми, зыри ипIэ икIакъым. Мис иджысту къосыпэ щыжаIэм, Мусэм лагъымыр танк щIагъым кIэщIедзэ. Лисицэ идзари гъунэгъуу къыщоуэ. А жэщым ди лIыхъужьхэм къагъэувыIэну яхузэфIэкIащ бийр къызэребгъэрыкIуэр. Нэху щыщам Менлы и гъусэу бийм пэщIэтахэм я нэгу езэшахэм иплъэри, цIыху абрагъуэу къыщыхъуахэр езым хуэдэу сэлэт къызэрыгуэкIт. Апхуэдэу Мусэр зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэм теувауэ щытащ. Лисицэ Петр жыхуаIэр Менлы и ныбжьэгъу дыдэ хъуат. Фочауэ дивизэм хэта Мусэ иужькIэ тIасхъэщIэх гупым хагъыхьэри, бийм и щIыб кIуэ хъуащ. Зэман куэд дэмыкIыу Лисицэр къаукIащ. Менлы зимыIэжьэу я нэхъыщхьэм и деж кIуащ яукIа и ныбжьэгъум и снайпер Iэщэр кърату лъы ищIэжыну хуит къищIыну лъаIуэу. Гуауэр зыгъэв Менлым зыри пэрыуакъым. Лисицэ Петр и Iэщэр иIыгъыу Менлы адэкIэ Хэку зауэшхуэм хэтащ, лъыи ищIэжащ. Мусэ Менлы «ЩIыхь» орденым и нагъыщищыр къыхуагъэфэщащ. КъэкIуэжа нэужьи, гузэвэгъуэ куэд илъэгъуащ Менлы. Абы и анэр къэрэшейти, Азием яшахэм яхэтащ. Имылъагъужу дунейм ехыжащ. Апхуэдиз гуауэр зыгъэва Менлы къэдзыхакъым. Къуажэ колхозым и унафэщI Гугъуэт Лалу ириджэри, Iэщ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу игъэуващ ар. Колхозым къыхуэнэжауэ щыта мэл миныр япэ илъэсым минрэ ныкъуэрэ хъуащ, ещанэ илъэсым минищым нэс ягъэбэгъуащ. Ауэрэ илъэсипщI иримыкъум колхоз мэлыр мин щэщIым нэблэгъэжат. КъызэIуахыжырт гъэш фермэхэр, мэл пщыIэхэр. Ауэрэ Мусэр КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахауэ щытащ. УIэгъиплI зауэм щызыгъуэта Менлы 1961 гъэм гъатхэпэм и 21-м дунейм ехыжащ. «ЛIыгъэ зиIэм Iэщэ иIэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Менлыи лIыгъэр и Iэщэу псэуащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
10.12.2025 - 17:13 →
Нало Евгение Калининым зэрыхуэзар
01.12.2025 - 10:40 →
ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, щIэныгъэм и цIыху
26.11.2025 - 15:15 →
Адыгэхэр Чабиевэ Танзилэ и нэкIэ
26.11.2025 - 12:26 →
ЦIэрыIуэ хъъуахэр зи куэд
15.11.2025 - 17:43 →
ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ
| ||




